Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
♦Украинэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1991 гъэм Радэ Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ Украинэр СССР-м къызэрыхэкIыжым икIи абы къэралыгъуэ щхьэхуэу зыкъызэрилъытэжым теухуауэ. ♦Къыргъызым и къэрал кIуэцI дзэхэм я махуэщ ♦79 гъэм Везувий вулканыр къибыргъукIащ. Абы щIым щыщ ищIауэ щытащ Помпей, Геркуланум, Стабий къалэхэр. ♦1516 гъэм Алеппэ (Сирие) ищхъэрэIуэкIэ тыркудзэхэм мысыр мамлюкхэм я дзэхэр щызэтракъутащ, а IэщэмкIэ узэуэныр мызахуагъэу, уеблэмэ щIэпхъаджагъэу иужьрейхэм къалъытэри, топхэр къагъэсэбэпын ядатэкъыми. ♦1758 гъэм Москва дэт япэ медицинэ институтыр къызэрагъэпэщащ. Иджыпсту ар Сеченов И. М. и цIэр зезыхьэ Япэ Москва къэрал медицинэ университетырщ. ♦1830 гъэм дунейм ехыжащ Къэбэрдей пщы уэлий хахуэ Жанхъуэт Кушыку. ♦1853 гъэм США-м и Нью-Йорк штатым хыхьэ Саратогэ-Спрингс къалэ цIыкIум и ресторанхэм ящыщ зым япэу щагъэжьащ ди зэманым икъукIэ цIэрыIуэ чипсхэр - пIащIабзэу зэтегъэжа кIэртIофым къыхэщIыкIахэр. ♦1827 гъэм индустриализацэм и япэ къэрал займхэр къыдагъэкIащ. ♦1904 гъэм Урысейм унафэ къыщыдагъэкIащ къуаншагъэ зылэжьа цIыхум тралъхьа тезырыр щрагъэпшынкIэ удын традзэну зэрыхуимытым теухуауэ. ♦1943 гъэм Къардэн Къубатий Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ. ♦1944 гъэм советыдзэхэм Модавиер фашистхэм къыIэщIагъэкIыжащ. ♦1949 гъэм къару игъуэтащ НАТО-р къызэгъэпэщыным теухуауэ мэлыжьыхьым Iэ зытрадза зэгурыIуэныгъэм. ♦1990 гъэм Таджик ССР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ и къэрал суверенитетым теухуауэ. ♦1991 гъэм Горбачёв Михаил КПСС-м и ЦК-м и Секретарь нэхъыщхьэ къулыкъум зэрытекIыр хэIущIыIу ищIащ икIи ЦК-р зэбгрыкIыжынми къыхуриджащ. ♦1995 гъэм Куржым и Конституцэр къащтащ. ♦2008 гъэм Пекин щызэхуащIыжащ ХХIХ гъэмахуэ Олимп джэгухэр. Ахэр тхуэугъурлат ди республикэм – Пекин дыщэ медаль кърихауэ щытащ ди бэнакIуэ Хъущт Аслъэнбэч. ♦1940 гъэм къалъхуащ урысей журналист, тхакIуэ, УФ-м и Президенту щыта Ельцин и пресс-секретару лэжьа Костиков Вячеслав. ♦1943 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, зэдзэкIакIуэ КъумпIыл Къадырбэч. ♦1964 гъэм къалъхуащ урысей космонавт, УФ-мрэ Къыргъыз Республикэмрэ я ЛIыхъужь Шарипов Салижан. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 24 – 25-рэ, жэщым градус I7 – I9 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ: Къуажэ ив нэхърэ - къуажэ и благъэ.