Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
♦Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ ♦Осетие Ипщэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ ♦Тыркум IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм я махуэщ ♦США-м щагъэлъапIэ цIыхубзхэм я хуитыныгъэм и махуэр ♦1382 гъэм тэтэр хъан Тохъутэмыщ и дзэм Москва къиубыдащ икIи абы лыгъэ иридзащ. Абы кIэлъыкIуэу яубыдат Владимир, Переяславль, Юрьев, Звенигород, Можайск къалэхэр. ♦1723 гъэм Петергоф псыутххэр я комплекс щаутIыпщащ. ♦1728 гъэм Беринг Витус Америкэмрэ Азиемрэ я псыдэжыпIэр къихутащ. Зэман дэкIри, абы къэхутакIуэм и цIэр фIащыжащ. ♦1858 гъэм телеграф Iэмэпсымэр япэу къагъэсэбэпауэ щытащ ♦1943 гъэм советыдзэм щIидзащ Днепр псыр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIэгъэкIыжыным, Украинэм щыщ Iыхьэр хуит къэщIыжыным хуэунэтIа зауэм. ♦1972 гъэм Германием и Мюнхен къалэм къыщызэIуахащ ХХ гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. ФокIадэм и I0 пщIондэ екIуэкIа а зэхьэзэхуэхэм хэтащ къэрали I2I-м я лIыкIуэу цIыху 7I70-рэ. Олимпиадэр здекIуэкIым нэщхъеягъуэшхуэ къэхъуат – Израилым и командэм щыщ цIыху II хэкIуэдауэ щытащ журтхэм яхуэгъэзауэ ялэжьа терактым. ♦1908 гъэм Тыркум япэ Адыгэ Хасэ къыщызэрагъэпэщащ. ♦1991 гъэм РАН-м прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтыр къызэIуахащ. ♦1451 гъэм къалъхуащ Америкэр зэрыщыIэр къэзыхута Колумб Христофор. ♦1925 гъэм къалъхуащ урысей кинорежиссёр, оператор, актёр, композитор, фильм зыбжанэм я сценарийхэр зытха Тодоровский Пётр. ♦1947 гъэм къалъхуащ педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, Педагогикэ егъэджэныгъэмкIэ дунейпсо академием и член-корреспондент Зэгъэщтокъуэ Хьисэ. ♦1947 гъэм къалъхуащ урысей актёр, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Арлазоров Ян. ♦1952 гъэм къалъхуащ «Тетраграф» ООО-м и унафэщI, ДАХ-м и саугъэтыр зыхуагъэфэща Шакъ Елберд. ♦1976 гъэм къалъхуащ урысей уэрэджыIакIуэ, музыкант, композитор Земфирэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 – 29-рэ, жэщым градус I7 – I9 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Зи пIалъэ умыщIэ шыкIэ утыку уимыхьэ.