Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
♦Залымыгъэ зыкIэлъызэрахьэу ягъэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ ♦Тэтэрстан Республикэм и махуэщ. 1990 гъэм Тэтэрстан Республикэм и къэрал суверенитетым теухуа декларацэр къащтащ. ♦Къэзахъстан Республикэм и Конституцэм и махуэщ ♦Тыркум щагъэлъапIэ текIуэныгъэм и махуэр 1703 гъэм Петербург и тхыдэм щыяпэу абы псыдзэ щIэуащ. Сыхьэт бжыгъэм къриубыдэу псым метритIым щIигъукIэ зыкъиIэтат. ♦1730 гъэм Черкасский Алексей пщым Невский Александр и орденыр къратащ. ♦1928 гъэм Неру Джавахарлал къигъэуващ Индиер Инджылызым и бжьым къыщIэкIыу къэрал щхьэхуит хъун хуейуэ. А махуэми Индием и щхьэхуитыныгъэм щIэбэныну лигэр къызэрагъэпэщауэ щытащ. Ауэ Индием и къэралыгъуэ щигъуэтар абы и ужькIэ илъэс тIощIым нэблагъэ дэкIауэщ - 1947 гъэрщ. ♦1918 гъэм Каплан Фанни Ленин (Ульянов) Владимир иукIыну хэтащ. ♦1943 гъэм советыдзэхэм Таганрог къалэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ. АбыкIэ зэфIэкIащ Ростов областыр хуит къэщIыжыныр. ♦1944 гъэм советыдзэхэр нэмыцэхэм яIыгъ Румынием и къалащхьэ Бухарест дыхьащ. ♦1963 гъэм Кремлымрэ (СССР) Унэ Хужьымрэ (США) занщIэу кIуэ телефон связкIэ зэпащIащ. Зым адрейм гурыщхъуэ хуищIу, зэрымыщIэкIэ а къэралхэм ядернэ зауэ ямыублэн мурадкIэт а унэхэр зэрызэпсэлъэн IэмэпсымэкIэ щIызэпащIар. ♦1966 гъэм СССР-м унафэ къыщащтащ Ерыскъыпхъэ къыщIэзыгъэкI промышленностым и лэжьакIуэхэм я махуэр гъэувыным теухуауэ. Абы къыщыгъэлъэгъуат ар илъэс къэс жэпуэгъуэм и ещанэ тхьэмахуэ махуэм ягъэлъэпIэну. ♦1991 гъэм Азербайджаныр къэрал щхьэхуэ зэрыхъуар хэIущIыIу ищIащ. ♦1860 гъэм къалъхуащ урыс сурэтыщI цIэрыIуэ Левитан Исаак. ♦1871 гъэм къалъхуащ Инджылызым щыщ физик, ядернэ физикэмкIэ щIэныгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, Нобель и саугъэтыр химиемкIэ зыхуагъэфэща Резерфорд Эрнест. ♦1933 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, бзэхэр щаджу Армавир дэт университетым и профессор, Кубаным щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сэкий Нурдин. ♦1934 гъэм къалъхуащ совет актёр, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист Солоницын Анатолий. ♦1936 гъэм къалъхуащ медицинэм и доктор, Германием щыIэ Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм хэт Сэлихь (Уджыхъу) Ихьсан. ♦1941 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, РСФСР-м футболымкIэ и чемпион Сыжажэ Валерий. ♦1954 гъэм къалъхуащ Беларусь Республикэм и президент Лукашенкэ Александр. ♦1958 гъэм къалъхуащ урысей журналист цIэрыIуэу, цIыхум и хуитыныгъэхэм я къыщхьэщыжакIуэу щыта Политковская Аннэ. ♦1960 гъэм къалъхуащ атлетикэ хьэлъэмкIэ спортым и мастер, УФ-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. ♦1981 гъэм къалъхуащ хьэрычэтыщIэ, юридическэ щIэныгъэхэм я кандидат Едыдж Едыдж.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 - 30, жэщым градус 20 - 22-рэ щыхъунущ.