Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
♦УФ-м щагъэлъапIэ ветеринарым и махуэр ♦Къыргъызстаным и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1991 гъэм абы теухуа унафэ къищтащ Къыргъыз Республикэм и Совет нэхъыщхьэм. ♦Молдовэм щагъэлъапIэ я анэдэлъхубзэм и махуэр. 1989 гъэм молдаванхэм я бзэр латин тхыкIэм техьащ икIи ар къэралыбзэу а щIыналъэм щагъэуващ. ♦Польшэм Зэкъуэтыныгъэмрэ Хуитыныгъэмрэ щамахуэщ ♦Узбекистаным ягу къыщагъэкIыж политикэ залымыгъэ кIэлъызэрахьэу ягъэкIуэдахэр ♦1492 гъэм Москва пщыгъуэмрэ Уэсмэн империемрэ япэ дыдэу зэращIылIащ мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэр. ♦1892 гъэм Урысей хьэрычэтыщIэ Третьяков Павел Москва къалэм иритыну мурад ищIащ илъэс куэдкIэ зэхуихьэса художественнэ галереер. ♦1907 гъэм Инджылызым, Франджым, Урысейм къызэрагъэпэщащ дзэ-политикэ зэгухьэныгъэр – Антантэр. Германием, Австро-Венгрием, Италием я апхуэдэ зэгухьэныгъэу 1879 – 1882 гъэхэм зэфIэувам иригъэкIуэкI политикэм пэщIэтын мурадырт абы и къалэн нэхъыщхьэр. ♦1914 гъэм Урысейм и пащтыхь Николай ЕтIуанэм и унафэкIэ Санкт-Петербург къалэм и цIэр Петрограду зэрахъуэкIащ. ♦1925 гъэм СССР-м унафэ къыщыдэкIащ цIыху псоми Iэмал имыIэу пэщIэдзэ щIэныгъэ ягъэгъуэтыным теухуауэ. ♦1935 гъэм Донбасс щыщ шахтёр Стаханов Алексей и IэнатIэм рекорд щигъэуващ - фIамыщIу махуэм къыщIихын хуеям хуэдэ I4-кIэ щIригъэгъуащ. Адрейхэми абы щапхъэ трахащ икIи ар «Стахановым зэхиубла зэщIэхъееныгъэм» и лъабжьэ хъури, къэралпсо зэхьэзэхуэм IэнатIэ псоми зыщиубгъуауэ щытащ. ♦1971 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Октябрь Революцэ орденыр къратащ. ♦1966 гъэм, нэхъапэм дунейм апхуэдэ къыщымыхъуауэ, компьютерхэр шахмат зэдэгъэджэгунымкIэ зэпеуэ Нью-Йорк щекIуэкIащ. ♦1974 гъэм Алыджым унафэ къищтащ НАТО-м къыхэкIыжыным теухуауэ. ♦1990 гъэм Берлин Iэ щытрадзащ ГДР-р ФРГ-м зэрыгухьэм теухуа зэгурыIуэныгъэм. Абы ипкъ иткIэ нэмыцэ лъэпкъыр зэрыубыдыжащ - зы хъужащ илъэс 40-м щIигъукIэ зэпэщхьэхуэу псэуа къэралитIыр. ♦1994 гъэм советыдзэхэр Германием къишыжыным пыщIа Iуэхухэр зэфIэкIащ. ♦1997 гъэм автомобиль зэжьэхэуэм хэкIуэдащ Инджылызым и пащтыхьыкъуэм и щхьэгъусэ Дианэ. ♦12 гъэм къалъхуащ Урымым 37 – 4I гъэхэм и императору щыта Гай Юлий Цезарь. ♦1749 гъэм къалъхуащ урыс тхакIуэ, усакIуэ, философ Радищев Александр. ♦1902 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, адыгэбзэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Турчанинов Георгий. ♦1928 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI Иуан Аслъэн. ♦1928 гъэм къалъхуащ психологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIытIэ Ахьмэд. ♦1949 гъэм къалъхуащ дуней псом щыцIэрыIуэ америкэ актёр Гир Ричард. ♦1951 гъэм къалъхуащ урысей кинорежиссёр цIэрыIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Учитель Алексей. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 28 – 29-рэ, жэщым градус 19 – 22-рэ щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ: Мыщэм пщIащэ техуэмэ мэгубжь, жыг техуэмэ зеущэху.