Ласицкене и саугъэт лъапIэхэрКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр хуагъэфэщащ иджыблагъэ Токио щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимп джэгухэм лъагэу дэлъеинымкIэ цIыхубзхэм я зэпеуэм щытекIуа Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Ласицкене (Кучинэ) Марие. Республикэм и унафэщIым и фIыщIэр лъысащ абы и гъэсакIуэ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Габрилян Геннадий.
КъищынэмыщIауэ, Токио и олимп чемпионкэ Ласицкене Марие КъБР-м и Правительствэм и унафэкIэ къратынущ саугъэту сом мелуан. Японием щыIа зэхьэзэхуэм хэта нэгъуэщI прохладнэдэс Акименкэ Михаил лъагэу дэлъеинымкIэ цIыхухъухэм я зэпеуэм медалыншэ щыхъуами, ди деж Iыхьэншэ щащIакъым. Абы иратынущ сом мин 250-рэ. Ласицкенерэ Акименкэрэ я тренерхэм хухахынущ я гъэсэнхэр зэрагъэпажам и ныкъуэ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 17:31 →
АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
17.04.2024 - 12:56 →
Къапэлъэщын къахэкIакъым
17.04.2024 - 12:54 →
Медалиблым щыщу щыр дыщэу
|