Набдзэгубдзаплъэ

Куэшмэн-Битокъу Рузанэ КъБР-м и Казначействэм и федеральнэ IуэхущIапIэм хъыбархэр хъумэнымкIэ и экспертщ. ЩIэныгъэ щыз­ригъэгъуэтащ Къэбэрдей­Балъкъэр къэрал универси­тетым и инженерно-техни­ческэ факультетым, Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш уни­­верситетым экономикэм­рэ управленэмкIэ, фи­нанс­хэмкIэ и къудамэм. 

ЦIыхум и щIыкIэ хъунур и ­сабиигъуэм къыщожьэ. Хьэл-щэн хуэхъунухэр, гъащIэм нэхъ щыдэзыхьэхынухэр абдеж уб­зыхуа щыхъуу къыщIэкIынущ. Рузанэ и гумызагъагъым и ­къе­жьапIэри сабиигъуэрщ:
- СызэрыцIыкIурэ сесат зыгуэрым зеспщытамэ, ар Iэмал имыIэу фIы дыдэу сщIэн хуей­уэ. КъэхъункIэ хъунукъэ апхуэди… Школым сыщыщIэсым къысхуихуащ 3 къэсхьу, ар си гум щыщIыхьа, сыщытегъа. Си адэ-анэр абы щхьэкIэ зэи къы­зэшхыдэнутэкъым, сэ езым зы­хуэзмыгъэфащэу арат. Школым «тху» защIэкIэ сыщеджащ, еджапIэ нэхъыщхьэхэри дип­лом плъыжькIэ къэзухащ, - жеIэ абы икIи пещэ. - ЩIэныгъэр, ныбжьэгъухэр, егъэджа­кIуэхэр, Iуэхугъуэ дахэхэр - куэд мэхъу си гум гуапэу къинар. ­Къапщтэмэ, еджэныр нэхъ ­гугъуу къысщохъу лэжьэным нэхърэ. Ущеджэм деж махуэ къэс уэру гупсысэщIэхэр, хъыбархэр къокIуэ. УтеплъэкъукI хъуркъым еджэным. Сыщыстудентым сымыжейуэ жэщым сы­щыщыса куэдрэ къысхуи­хуащ, нэхъыбэ къэсщIэн папщIэ.
Сэ сызыщеджа инженер-техникэ факультетым хъыджэбз щымащIэти, егъэлеяуэ дагъа­фIэрт, пщIэ къытхуащIырт. Зэгуэр, япэ курсым дыщIэсу, еджапIэ дэфтэрхэм халъхьэну ди паспорт копиехэр зэхуэтхьэсырт. Си паспортыр къэзы­лъэгъуа ди курсэгъум «УэI, мыбдеж ди нанэ урещхьщ», - жиIэри гушыIат. Ар гупым щIэс­хэм зэхахри, «нанэ» къыс­фIа­щащ. Къэзухыху аращ къы­зэрызэджар, иджыри дыщы­зэхуэзэхэм «нанэ» къызжаIэ, - къыддогуашэ ди псэлъэгъур.
КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зе­зыхьэ къэрал мэкъумэш университетым заочнэу щеджэу, Казначействэм лэжьэн щы­щIи­дзащ Битокъу Рузанэ. ЗэрыжиIэмкIэ, япэ махуэхэр къегугъуэкIащ. Ауэ фIы дыдэуи хэ­гъуэзащ. Лэжьыгъэм и щэхухэр къищIащ, и гум дыхьащ. Мы­хьэнэшхуэ иIэщ уи псэм фIэфI IэнатIэм упэрытыным, абы ­гукъыдэж къыпхелъхьэ. Рузанэ лэжьакIуэ набдзэгубдзап­лъэщ, хэлъэт иIэщ - зыпэрыт IэнатIэм аращ щынэхъыщхьэр. 
- Си лэжьыгъэм къалэн ­къысщещI цIыху куэдым сагурыIуэну. ИтIанэ, жэуаплыныгъэшхуэ сохь. Псалъэм папщIэ, «электроннэ IэщIэдз» жыхуаIэр къэрал къулыкъущIэхэм язот. Абы папщIэ, я гъащIэм, лэ­жьыгъэм теухуа дэфтэрхэм зы­щызогъэгъуазэ. Абы нэгъуэ­щIынэ тебгъаплъэ хъунукъым. ЦIыхухэм сэбэп сазэрыхуэ­хъуным яужь ситщ, куэ­дым щIэупщIэу зыкъысхуа­гъазэ, я дзыхь къызагъэз. Езыхэми ­псалъэ гуапэ куэд зэхызагъэх - аращ гукъыдэж къысхэ­зылъ­хьэр, - жеIэ абы. 
ЦIыху щыхъукIэ, иIэщ гъащIэм щапхъэ щыхуэхъу, чэнджэщ щыхуэныкъуэм деж зэжалIэ, и щэху зриIуэтылIэ. Рузанэ и гъащIэм щапхъэ нэхъыщхьэу хэтыр и адэ-анэрщ: 
- Ахэращ дуней тетыкIэу си­-Iэн хуеймкIэ гъуазэ схуэхъуар. Гугъу зэрехьри слъэгъуащи, абыхэм зэрыпхыкIыф щIыкIэр згъэщIагъуэрт. Сыт хуэдэ Iуэху пэрыувэми зызэщIагъакъуэ, зэролъытэ. Си анэ-адэм я деж щыслъэгъуа зэхущытыкIэ дахэм и щапхъэр тегъэщIапIэ щызощI сэ езым сухуа уна­гъуэщIэм зэгурыIуэрэ пщIэрэ илъыным теухуауэ. 
Тхылъхэми куэдым хуагъасэу жеIэ Рузанэ. Псом хуэмыдэу ­художественнэ тхыгъэхэр Iэ­пэгъу зыхуэхъуар абыхэми на­сыпыфIэ ящIу къелъытэ. 
- НэхъыфI дыдэу слъагъу тхылъу сиIэщ Остин Джейн и «Гордость и предубеждение» зыфIища и романыр. ГъащIэ тхылъщ ар, лъагъуныгъэр и ­лъабжьэу. Къытезгъазэурэ куэдрэ седжащ, седжэхуи щIэ­щыгъуэ къыщызгъуэтащ, - жеIэ. 
Битокъу Рузанэ инстагра­-мым щиIэ напэкIуэцIым гу ­з­ы­лъыуегъатэ: абы цIыхухэм ­щадогуашэ шхын IэфIхэр зэ­рапщэфI щIыкIэмкIэ. Пщэ­фIэныр абы фIыуэ илъагъу Iуэхухэм ящыщщ. 
- IэфIу пщэфIэныр бзылъхугъэм къыдалъху зы хьэл дахэу къысщохъу, моуэ нэхъ щаби ­нэхъ гуапи щIэхъукIыу и хьэ­-лыр. Сэри пщэфIапIэм щыз­гъакIуэ зэманыр сфIэфIщ. Си анэм сыхуигъэсащ пщэфIэ­ным. СыщыцIыкIум ар щыпщафIэкIэ сригъусэт, куэдым сыщIэупщIэрт, сыдэIэпыкъурт. ТIэкIу сыкъыдэкIуэтейри, сэри сыпщафIэу щIэздзащ. Илъэс 13-м ситу япэу хупцIынэ спщат си анэр къыскIэлъыплъу­рэ. КъызэгугъуэкIати, «зэрэ-тIэурэ упщмэ, уесэнущ», къызжезыIауэ щыта си анэм иджы езым нэхърэ нэхъыфIу сыпщу жеIэ. 
ПщэфIэным зебгъэсэным     ди зэманыр хуэщIащ. Упщэ­фIым хэплъхьэ ерыскъыхэкIхэр куэду щыIэщ, зэрыбгъэхьэ­зы­рынуращи, щIэщыгъуэ куэд ­интернетым къыщыбогъуэт е нэхъ къапщтэмэ, курсхэм зы­хебгъатхэми хъунущ. Сэ, псалъэм щхьэкIэ, сыпщэфIхэм я рецептхэр инстаграмым щызиIэ напэкIуэцIым къызолъхьэ, абыхэм къыщIэупщIэхэм си гуа­пэу сэбэп сахуохъу, - жеIэ Рузанэ. 
Сыт хуэдэ Iуэхум темы­псэ­лъыхьми, Рузанэ и гупсысэхэр бзыгъэщ. Я нэхъ Iуэху цIыкIуу къып­щыхъуми акъыл хелъ­хьэф. ЦIыхур дунейм къы­те­хьэныр насыпырыхьу къелъытэ икIи ­гъащIэм хелъагъуэ а на­сыпыр зэрихъумэн Iэмал куэд.
- ФIыуэ слъагъухэр узын­шэ­ныр, я Iуэху кIуэтэныр насыпщ сэркIэ. Насыпщ мы дунеишхуэм сэр папщIи зы плIанэпэ зэрыщыIэр, си гупсысэм сы­зэрыхуитыжыр, цIыхухэм си сэ­бэп зэрезгъэкIыфыр, псэкIэ си гъунэгъухэм сыкъызэраухъу­реихьыр, - жеIэ абы. 

 

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: