НыбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэКаратэ Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ илъэси 10-11, 12-13 зи ныбжьхэм каратэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Медалхэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 48-м къикIа спортсмен 754-рэ. МахуитIкIэ екIуэкIа зэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм нэхъ лъэщхэр наIуэ щыхъуащ. КуэдкIэ адрейхэм япэ ищащ Саратов областым и командэ къыхэхам щыщхэр. Псори зэхэту абыхэм къахьащ медаль 15 (ар хуэдитIкIэ нэхъыбэщ абы къыкIэлъыкIуэхэм зыIэрагъэхьахэм елъытауэ). Липецк областым и каратистхэр етIуанэщ. Абыхэм къакIэлъокIуэ Тверь областым къикIахэр. ЗэфIэкI хъарзынэхэр къагъэлъэгъуащ Мэзкуу къалэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Ростов, Новосибирск, Самарэ областхэм я командэхэм.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 10:01 →
БэнакIуэхэмрэ гъэсакIуэмрэ яIуощIэ
17.05.2024 - 18:49 →
Къармэ Мажмудин ящыгъупщэркъым
17.05.2024 - 14:33 →
Борсэ Алан ятокIуэ
17.05.2024 - 13:32 →
Дыщэу тIу
16.05.2024 - 14:22 →
Фагъуэ хъуа футбол
|