ЕхъулIауэ фIэкIа сщIэркъым

КIэбышэ Лилэ

(ГушыIэ рассказ)

Къэсшэну сыхьэзырщ, ауэ сыт хуэдэу ар зэрыщытын хуейр?

МытхьэIухудми содэ, псыгъуэу, зэкIужу, Iэпкълъэпкъ дахэ иIэу щытмэ аращ. Сыщыпсалъэм и деж жысIэр игу зэрынэсыр къызигъэщIэн папщIэ, гуфIэжу къызэдэIуэн хуейщ. ФIыуэ сефауэ сыкъыщыкIуэжым, гушыIэ дахэкIэ къыспежьэу, сыкъыщIишэжынри и къалэнщ.

Дыщыпсэун унэ иIэн хуейщ, пэш зыбжанэ хъурэ ахэри Iэхуитлъэхуиту. И улахуэр сыт хуэдизми селIалIэркъым, сэ къэсхьым нэхърэ мынэхъ мащIэмэ аращ.

ХьэгъуэлIыгъуэ… абы си Iуэху еплъыкIэр нэгъуэщIщ. Нобэ абы текIуадэр сыт хуэдиз? Си закъуэ апхуэдиз «расход» сщIыну зыри къысхуэгъэгугъэнукъым. Аращи, зэхуэдиткIэ къысхэувэныр и къалэнщ.

Догуэ, си ахъшэр си жыпым къинэжу щхьэ мыхъурэ? Езыр лажьэмэ, адэ-анэ иIэмэ, мис ахэр зэхрырехьи, хьэгъуэлIыгъуэри тхуращI; сыщIалэ екIущ, хыхьэхэкI сиIэщ, сыхъыжьэщи, тIэкIу сеIубауэ узижэгъуэныр къыспэщIэухуэ. Сыкъалъэгъуауэ, зы адэ-ани щыIэкъым я пхъур гуфIэжу къызамытыну, хьэгъуэлIыгъуэри дамыхыну, уеблэмэ машинэ дэгъуэ къытралъхьэнри хэлъщ. ЗэрыжысIащи, схуэдэ щхьэгъусэрэ малъхъэрэ тхьэм къузэритынщ. Куэдщ ар, си щхьэм фIыуэ кIэрылъ псори схужыIэнкъым, адэкIэ докIуэ.

Къасшэмрэ сэрэ ди Iуэху еплъыкIэр зэтехуэу щытыну сыщогугъ. Щымытми, абы щхьэкIэ псалъэмакъ сщIынукъым. Си гъусэу футболым нэкIуэну хуэмейрэ, содэ, сэри сыкIуэнкъым, телевизор деплъынщ. И узыншагъэми хуабжьу сыхуэсакъынщ, фадэм, тутыным, IэфIыкIэхэм щысхъумэнщ. Ахэр цIыхубзым емызэгъынщи, псори сэ згъэкIуэщIыну къызогъэгугъэ. Уэлэхьи, сымыщIэ-тIэ абы нэхъыбэ къыспыпхынур.

ИтIанэ а къэсшэну дахэ цIыкIум и пщэ къыдэхуэ къалэным нэмыщI, нэгъуэщI Iуэху гуэрхэри ищIэнымкIэ сыпэрыуэнукъым, уеблэмэ цIыхухъум и къалэн псори зэрыщыту и пщэ дилъхьэжкIи, щхьэжэ сщIынкъым.

Аракъэ иджырей цIыхубзыр зыхуейр, унафэ ящIыну, псоми хэпсэлъыхьыну.

 Псалъэм папщIэ, машинэ къищэхуну и Iуэхур абы нэсамэ, хэхъуэфI лъэныкъуэкIэ къыщиугъуеймэ, сымыщIэми хъунущ. Кърещэху а машинэри, зы ягъэ кIынкъым, сэри абы щхьэкIэ зы псалъэ жысIэмэ си Iуэхущ. Къызэрищэхун мылъку бгъэдэмылъми, уэлэхьи хьэзим, ар абы щхьэкIэ измыгъэкIыжын. ТIури дылажьэмэ, унагъуэ расходым къыдигъэхуэнщ, цIыхубзыр хуеймэ, хузэфIэмыкIын щымыIэу жаIэ. Аракъэ?

Сыт хуэдэу пщафIэми, сыт ипщэфIми содэ. IэфIу, гурыхьу, къэуату, пэрыхьэту пщафIэ закъуэмэ. Адрей-модрей зэхэдзэ куэдыр сфIэфIкъым, адыгэ шхыныгъуэ IэфI тIэкIур игъэхьэзырмэ, всё. Ауэ мы зы закъуэращ пэзубыдынур: махуэ къэс зы шхыныгъуэ пхуэшхын?-пхуэшхынукъым, бужэгъунущ; нобэ - шатэм зэрихьэу джэд лыбжьэ, пщэдей- тхъур къыщIэжу кхъуейжьапхъэ, къыкIэлъыкIуэ махуэми тхъум зэрихьэу жэмыкуэ, абыи сэ кхъуейцIынэ хэлъу нэхъ сфIфIщ, езым ар имыдэрэ, седэуэнкъым, хэмылъми сшхынщ, ауэ Iэмал имыIэу шхум шатэ хэкIауэ фIэкIа хъунукъым…

Бэзэрым, тыкуэнхэм дызэрыкIуэнур дызэгъусэущ: дынэсыху сумкIэр сэ сохь, дыкъыщыкIуэжкIэ езым къехьыж. Мыбдежым щэхуу жысIэнщи, хьэлъэ сеIэ мыхъуну дагъуэ тIэкIу сиIэщ. Ари тIэкIунитIэ дыдэщ, ауэ уэ узыхуэмысакъыжмэ, хэт къыпхуэсакъынур? Ар зы, етIуанэрауэ, хьэлъэ къэIэтыным ныкъуэдыкъуэ сехъулIэкIэ, апхуэдэ щхьэгъусэ хэт хуеижыр? Къасшэм си щхьэр хуэсхъумэрэ, нобэ хуэдэу фэ стету сыкъыдалъагъумэ нэхъыфIкъэ, и нэр ису и псэр хэгъуэжауэ, ар зыдэкIуа мыгъуэм феплъыт, къыхужаIэ нэхърэ.

Щхьэгъусэм хуэсакърэ, бадзэ къытримыгъэлъэну зы щыIэмэ, ар сэращ. Аращи, ехъулIауэ фIэкIа сщIэркъым сэ щхьэгъусэ схуэхъур!

Поделиться: