Псэм хуабэ и щIасэщ

Гъуэгуанэ тхыгъэхэр

Сыщалъхуа къуажэм нобэ сыкIуэжат. Хуабжьу сигу къихьат ди хьэблэр, си адэ-анэм я пщIантIэжьыр.

Хьэблэр щымт. Ди гъунэгъум я нанэ цIыкIур тетIысхьэпIэм тесу къыщыслъагъум, сыгуфIэри занщIэу абы и дежкIэ сунэтIащ. Гум сыкъибэкъукIри, нанэм сыбгъэдыхьащ, быдэу IэплIэ хуэсщIащ, езыми зэуэ сыкъицIыхужри, сыкъимыутIыпщу дызэрыIыгъыу дыщытащ куэдрэ. И Iэпкълъэпкъ цIыкIу хъуар дэсысу ар гъырт кIуэцIкIэ. Быдэу зесшэкIащ, си нэкIур и щхьэм хэсIубэри, сэри сыщытащ зыбжанэрэ, си нэпс къежэхыр си гуфIакIэм дэлъадэу. Нанэм и ныбжь зыри дэсыжкъым хьэблэм.

КъысIуплъа нэужь, си адэ-анэри, адрейуэ къакъэ-пщIыпщIу хьэблэ дахащэу зэхэта и ныбжьэгъухэри, псэум хуэдэу, и нэгум къыщIыхьэжа хъунт…

Нэхъыжь зыдэмыс пщIантIэм псымейр къыдех жыхуаIэращи, дадэ-нанэ здэщымыIэж ди хьэблэр, псы щIэуам хуэдэу, нэщIу икIи нэщхъейуэ зэрыщытыр псэкIэ зыхэсщIэу сыкъежьэжащ…

 

Ди хьэблэ дадэхэр

Ди хьэблэ дэкIуейм дадэу блы дэст. Пщэдджыжь къэси джабэ лъапэм щызэхуэсырт. Хэт шкIэхэр дихурт, хэти мэлхэр, хэти нэхъ жьыуэ жэмхэр. Жэмхэр сыхьэтыр плIым Iэхъуэм ягъакIуэрт. Сыхьэт дапщэм дэмыкIами, зыри зэбгрыкIыжыртэкъым. ЕкIуэкIыу мывэ сэрейм и лъабжьэм кIэщIэт тетIысхьэпIэ лъахъшэм тесхэт. ЖаIэни ягъуэтырт. Дахэу зэдэуэршэрхэрт. Си гум ириубыдар: дэтхэнэ зыми пыIэ щхьэрыгът: хэт пыIэ хъурыфэу, хэт упщIэ пыIэу, хэти бухъару къытесу. ЩхьэпцIэу зы дадэ слъэгъуакъым. Я дадэ башхэри хуабжьу зыщIамыгъакъуэми, яIыгът, хэти и блэгущIэм щIэлъу дэкIуейрт. Хуабжьу зекIуи яхэтакъым: нэмысышхуэ яхэлъу, зэпIэзэрыту, ину мыпсалъэу…

Джабэжьхэр щытщ, уардэу, псалъэмакъыншэу,  абы и лъабжьэм кIэщIэса дадэ IэфIхэр зэхуэсыжыркъым абдежым. ЗэкIэлъхьэужьу кIуэжахэщ езыхэм я дадэфI яIахэр здэщыIам…

 

ФIыцIэ цIыкIу

Марзидан и щхьэгъусэр зауэм хэкIуэдауэ, и бынхэр езым  и закъуэу зэщIипIат. И къуитIми, балигъ щыхъум, къригъэшат. НэхъыщIэр щIалэ лъахъшэт, и анэм къыхуигъуэту къишари апхуэдэу цIыхубз лъагэтэкъым.

Ауэ нысащIэфI дыдэт. ЗыхигъэкIын хуей щыхъум, анэм жиIащ:

- Уэ, ФIыцIэ, мо унэ цIыкIум укIуэнщ, жэм къуэлэн цIыкIум танэ цIыкIури дэщIыгъуу ууейщ. Сырэ цIыкIури, Iэнэ хъурей цIыкIури, тахътэ цIыкIури къащтэ.

- Фыз цIыкIури абыхэм я гъусэу, цIыкIуу хъуар си натIэти, - къыпыгуфIыкIащ ФIыцIэ.

 

Нанэ и ятIэ чырбыш унэ

УнэщIэм яхуэмыкIуэу къэнат нанэ. Абы и пасэрей унэ цIыкIур ятIэ бдзантхьэ быдэм  къыхащIыкIа чырбышк1э зэтелъти, зы щIыпIэ дежи къэча гуэри иIэтэкъым. Хьэкушхуэм и дапхъэм утесыну тхъэгъуэт щIымахуэм деж. Унэр щыщIыIэм - хуабэ дыдэт, дунейр щыпщтыр лъэхъэнэм – щIыIэтыIэт.

Нанэ и гъущI гъуэлъыпIэшхуэм дэри дыдэпщейрти дист, щыгъуэлъыжыным дыпэплъэу, зи насыпым къихьыр абы и гупэм гъуэлъыну арат, адрейхэр лъэпагъымкIэ дыкIуэнут. СыткIи дыарэзыт, нанэ деж дыщыIэмэ. Нанэ таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ куэдыкIейуэ ищIэрти, и Iуэхухэр зэфIэкIыу къыщытхэтIысхьэным дежьэрт. Езы нанэ цIыкIу къаруакъ бостей быхъур щыгърэ, щхьэфIэпхыкI къуэлэным и натIэр щIихъумэу фIэпхыкIауэ, кIэпхын жыпышхуэ зытедари Iулъу, мыпIащIэу пщафIэрт. КеросинкэкIэ зэджэу щыта, фэтыджэнкIэ лажьэ хьэку цIыкIум адыгэ дэлэныр тригъэувэрт. Тебэ хъурей цIыкIумкIэ игъажьэ, кIэртIофрэ кхъуейщIэмыху цIынэрэ зэхуэдитIу зыдэлъ дэлэным хилъхьа джэдгыным и мэ гуакIуэр пэш цIыкIум щIэз хъурт. АпщIондэху, мэлыфэм къыхэщIыкIа нэмэзлыкъым теувэрти, ахъшэм нэмэзри ищIырт. Хьэзыр хъуа хъыршыным шху фалъэ цIыкIу зырызыр и гъусэу къытхутригъэувэрт, дэтхэнэми ди щхьэм Iэ къыдилъэрти, таурыхъым къыпищэрт.

 

Дакъэжь мафIэ

Гурэ псэкIэ зыщыбгъэпсэхур уи адэ-анэр, адэшхуэ-анэшхуэр, уи унагъуэр, къыбдалъхуахэр ущигъусэм дежщ. Псом хуэмыдэу адэшхуэ-анэшхуэхэм я деж бынхэм я быныжхэр щызэхуэсыжмэ, ар абыхэмкIэ гуфIэгъуэшхуэщ.

Си гум куэдрэ къокIыж зы теплъэгъуэ. Жьэгум дэсу ди нанэ пэрыIэмбэкIэ дэп жьэражьэр зэбгритхъуурэ лы гъэгъупцIар дзасэкIэ зэригъажьэу щытар.

Гуарцэ пщтырыр зи гущIыIум телъ тебэшхуэм и щхьэр тригъэжырт, чыржын пщтырхэр кърихыжырти, къытригъэувэрт. Хьэцыбанэ шей Iувыр шатэпскIэ зэIихырт, кхъуейщIэмыхур бзыгъэфI дыдэурэ иубзытэрти, Iэнэ цIыкIур къиузэдырт. IэфIу дигъэшха нэужь, нанухэр нанэ дыкъепщIэкIауэ дызэхэтIысхьэжырт, хъыбарыфIхэм ди тхьэкIумэр тегъэпсауэ дедэIуэну дыхьэзыру.

БАГЪ Марьям.
Поделиться: