Дадэ Ахъмэтхъан

Iуэтэж

(ЕтIуанэ Iыхьэ)

ЩIымахуэ щыхъум, цы зыIусщэу срагъэсащ, япэщIыкIэ мыхьэнэ зимыIэ гуэрхэр зэрысхъами, итIанэ цылъэпэдхэр хэсщIэжыну дзыхь къысхуащIри… ХэсщIэжыфат! ИтIанэ лъапэфIэкъуэ сщIыуэ мамэ сригъэсащ. Ар нэхъ къызэгугъуэкIырти, хыфIэздзэжынкIи хъунт, ауэ гу къыслъызыта си анэм махуэ гуэрым: «Тэмэму пщIыуэ зегъаси, Ахъмэтхъанрэ Зилэрэ яхуэпщIынщ, сытым хуэдэу щыгуфIыкIыну ахэр абы», - щыжиIэм сытегушхуащ. ЯхуэсщIащ, щыгуфIыкIащ, ауэ зэи ящыгъыу слъэгъуакъым. ЩIымахуэм я деж сыкIуэху, ящыгърэ ящымыгърэ сеплъти, тIуми ящыгътэкъым. Схуэмышэчу, махуэ гуэрым си лъапэфIэкъуэхэм сыщыщIэупщIэм:

- Алыхь, лэжьэнущ жыдоIэри дыщосхьым, - къызжиIащ Зилэ щабабзэу къысхуэгуфIэурэ.

Псым и закъуэтэкъым, газри яIэтэкъым Ахъмэтхъанрэ Зилэрэ, пхъэ хьэку цIыкIукIэ унэри лэгъунлейри ягъэплъырт. Абыхэм я лэгъунлейм си гукъэкIыжым и къуэгъэнапIэшхуэ иубыдауэ дэсщ. А унэ щхьэгуэ цIыкIур (цIыкIу дыдэт) щхьэхуэу пщIантIэм дэтт, абы зы берычэтрэ хуабэмэрэ къыщIихтии!.. Унэр зэрылъахъшэ цIыкIум нэхъри гуапафэ къытригъауэрт, щхъуэш хъужу сэху Iув етарэ и бжэIупхъуэхэм, уафэ бзыхьэхуэ нэхъей, купрауз щIэгъэжауэ. ЦIыху къэс езым и дуней къигъэщIыжу жаIэ, дадэрэ нанэрэ илъэс щэныкъуэм щIигъуауэ зэрагъэпэщ дунейм зэрыриарэзым, зэрыхуэсакъым гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым.

Удзхэр зэдгъэцIыхуа иужькIэ, Ахъмэтхъан пхъэдакъэкъыхэтIыкI сыздишэн щIидзащ. НтIэ, иджы губгъуэм ит пхъэдакъэжьхэр къыхэттIыкIырт. Хьэуэ, псорикъым, зи лъэхъыц псэухэм дапэлъэщынут дэ?! Сэ джыдэ цIыкIу, езым хьэлэрэ нэхъ джыдэшхуэрэ иIыгъыу, дежьэрт. Унэр зэрагъэплъын пхъэ ямыIэу зэи щытакъым дадэ нанэм, ауэ лъэгъунлейм щIэт хьэкушхуэм, пхъэ инхэр ихуэрти, абы щхьэкIэ къагъэсэбэпырт. ИтIанэ, зэщхьэгъусэхэм тхьэ щаIуэжырт пхъэдакъэкIэ бупщэфIыр нэхъ IэфI хъууэ, абы и дэпыр нэхъ гуащIэу.

Пхъэдакъэ къыхэттIыкIхэм я пIэкIэ жыгыщIэ цIыкIухэри Iэхэлъахэм щыхэтсэрт. Зы жыг дгъэтIысыхукIи арэзыуэ и Iэхэр иутхыпщIырти: «Псапэ къэтхьащ, псапэшхуэ! Нэхъ псапэжыр пщIэрэ? БгъэтIыса жыгым и пхъэщхьэмыщ-хьэм щыщ щыгуфIыкIыу яшхынырщ. Сыкъэгъэгугъэ, дунейм сехыжмэ, ди пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм я деж укъэкIуэну. Ар пшхыхукIэ уигу сыкъэкIыжынущ!». Апхуэдэхэм деж жаIэ хабзэ «Хьэуэ, хьэуэ, сыт мы жыпIэр, уэ улIэнукъым!» - хуэдэ фэрыщIыгъэ дяку дэлътэкъым дэ! Абы сэ куэд щIауэ къызгуригъэIуат лIэныгъэ зэрыщыIэр, ар псоми я натIэу зэрыщытыр, абы ухуэхьэзыру, уи напэ пхъумэжу упсэун зэрыхуейр. Сэ къызгуригъэIуат лIэныгъэ зэрыщыIэр, ауэ Зилэ тхьэмыщкIэм къыгуригъэIуэфыртэкъым. Е лIэныгъэм пэгъунэгъу хъуауэ къызыщыхъу бзылъхугъэм и гум шынэ итIысхьат? Сытми, жэщым Iэуэлъауэ зэхихмэ, гужьейрти, «ДаIуэт, даIуэт, зо! Дэнэ щыIэ уи фочыжьыр? Алыхь дызукIыжынур къэкIуа сигугъэм!», - жиIэт. Пщэдджыжьым Ахъмэтхъан Зилэ щIэнакIэу тетIысхьэпIэм къытетIысхьэрт. Ахъмэтхъани зигъэлIыхъужь щхьэкIэ, щышынэ къыщIэкIынт лIэныгъэм (абы имыгъэшынэ псэ щыIэ хуэдэ!). Ар илъэс 65-рэ щыхъуам «Уэллэхьи, дыкъэзыгъэщIам сыхуэарэзым, ауэ 70 хухъу сигъэпсэуамэ арат!» - жиIат. 70 щрикъум, «75-рэ» жиIащ, итIанэ 80-ми щIэлъэIуащ. Хьэблэм дэс лIыжьхэр дадэ къыщехъурджауэкIэ, «ФыгъэщIэгъуэнщ ей фэ, сэ Алыхьым сыщIигъэпсэур ду-нейм сыкъызэрыщысэбэпыр елъа-гъури аращ. Ар зэIэр дунейм щысэбэпыну хуэмейхэрщ», - яжриIэрти, дыгъафIэм щыхьэулей лIыжьхэм я жьэр игъэнырт.

Ахъмэтхъан псэ зыIут псоми щысхьырт, хэдэхэх имыIэу псоми! Уеблэмэ куэдым фIыуэ ямылъагъу ныбэрыпщхэр (арат блэм зэреджэр) щIапIэм щилъагъуми, иукIыртэкъым, ауэ зэзэмызэ абыхэм Зилэ ярихьэлIэрэ ягъэгужьеймэ (егъэлеяуэ ящышынэрт), абы и хьэтыркIэ иукIын хуей хъурт армыхъу. ИукIыху, псэ зэригъэнам нэщхъей ирихъужырти: «Я гугъу умыщIмэ, блэми уи гугъу къащIынукъым! Уащымышы-нэ, жысIэурэ дапщэрэ бжесIа! Уна-гъуэм блэ исыныр игъащIэм угъурлыгъэу ябж!», - жиIэмэ, мыдрейм зэрышынар иджыри хэмыкIыжарэ дадэ жиIам зэгуигъэпарэ мыгурыIуэгъуэу: «Унагъуэм щхьэгъусэ исынращ угъурлыгъэр, армыхъу мо кIэ кIыхьыжьхэракъым», - иритыжырт жэуап хьэзырыр.

ЩОМАХУЭ Залинэ.
Поделиться: