КЪРУ ЗАКЪУЭ, КЪРУ ПАШЭ

ЦIыхуу мы дунейм къытехьа дэтхэнэми зы лъэужь гуэр къегъанэ. А лъэужьыр зыхуэдэм елъытауэ, зым и цIэр жыжьэ мэIу. Ауэ, и IуэхущIафэхэр езым и щхьэ закъуэм елъытауэ щытамэ, щIэх дыдэу и цIэри ящогъупщэж.

Нало Заур (и цIэ дыдэр и кIыхьагъкIэ жыпIэмэ, Нало Мыхьэмэт и къуэ Заурбийщ) дунейм зэрехыжрэ илъэсипщIым щIигъуами, адыгэу зызылъытэж, анэдэлъхубзэр зыфIэIэфI дэтхэнэм дежкIи лъапIэщи, къытхуигъэна лъэужь дахэр иджыри куэдрэ кIуэдыжынукъым.

Апхуэдэу щIыщытым зэпыщIауэ щхьэусыгъуитI иIэщ. Япэрауэ, Нало Заур Iуэхугъуэ зыбжанэм зрипщытауэ щытащ, икIи дэтхэнэм дежи мыхьэнэ зиIэ ехъулIэныгъэхэр щиIащ. ЕтIуанэращи, абы хэлъа хьэлым и курыхт мыр - зыпэрыува IэнатIэр сыт хуэдэуи щрет, ар дагъуэ хуэзыщIын щымыIэу имыгъэзащIэу, зэрыжаIэщи, гъуэлъу жеинутэкъым. И нэхъ мыхьэнэншэ хуэдэми, баш цIыкIу иупсмэ, ярэби, мыбы нэхърэ нэхъ дахэу баш зыупсын щыIэу пIэрэ, жыпIэну и псэр хилъхьэу ищIынут. Усэ, хьэмэрэ прозэ щитхым дежи, къэхутэныгъэшхуэхэр щригъэкIуэкIми, ауэ уэршэрым хэту щыпсалъэми арат. Абы къыхэкIыу, Налом и Iэдакъэ къыщIэкIа дэтхэнэ зы пкъыгъуэу ди деж къэсари купщIафIэщ.

Заур щIэблэщIэм куэду яхуэусащ. Абы и сабий усэхэм ящыщ куэдыр сабий садхэм, пэщIэдзэ класс щеджэхэм зрагъащIэ, уэрэдыпкъ щIэлъыжу ягъэзащIэ. Нэхъ къыдэкIуэтеяхэм яджыну школ программэм тещIыхьа тхылъхэм итщ абы итха усэхэр, поэмэхэр, прозэ тхыгъэхэр. ЗэрытщIэжщи, щIэблэр зэрырагъаджэ программэхэм усыгъэу хагъэхьэ хабзэр фIым и фIыжу къыхэщыпыкIахэращ. А зы закъуэмкIэ жыпIэ хъунущ зи гугъу сщIы авторыр адыгэ литературэм зи гуащIэ хэзылъхьэу япэ дыдэ итхэм ящыщ зыуэ. Зи акъыл хэхъуэгъуэхэу абы и усэхэм щIапIыкIар, “ЦIыху напэ” поэмэм хэлъ гупсысэ дахэм хэгъуэзар, усэбзэм и дахагъыр зыхэзыщIар, “Къру закъуэ”, “Мусэрэ Мусэ и дыдымрэ”, “Хьэбалэ и пхъэ гуащэ” хъыбархэм узыхашэ дуней еплъыкIэ телъыджэр зыпкърыхьар анэдэлъхубзэм и IэфIымрэ гу къабзэм и щыпкъагъэмрэ хэмыгъуэзэнкIэ Iэмал имыIэжу къыпфIощI.

Абы къыщынэркъым Налом лъэпкъым и щIэблэм яхуэгъэзауэ игъэхъахэр. Зыми химыгъэзыхьауэ, зыкъыщIэзыгъэкъуэнышхуэ гуэри имыIэу, Заур зэгуэрым еувалIэри, “Сабий щэнгъасэ” жиIэу зы тхылъ-хрестоматие зэхилъхьэри езым къыдигъэкIыжауэ щытащ. Абы ихуащ цIыхубэ IуэрыIуатэм деж щегъэжьауэ, иджырей ди тхакIуэ-усакIуэ нэхъыфIхэм я Iэдакъэ къыщIэкIахэм деж щыщIитIыкIыжу уэрэд цIыкIухэри, сабий къебжэкIхэри, псалъэ шэрыуэхэри, Iуэтэж нэхъ гурыIуэгъуафIэ икIи купщIафIэ дыдэхэри. А тхылъыр илъэс 25-рэ ипэкIэ дунейм къытехьауэ щытами, ноби абы ефIэкIын ямыгъуэту къагъэсэбэп сабий сад гъэсакIуэхэми, школ егъэджакIуэхэми. Апхуэдэщ Заур адыгэ таурыхъхэм яхэплъэу нэхъ удэзыхьэхын защIэуэрэ къыхихыу езым и бзэкIэ къиIуэтэжа «Таурыхъищэ” тхылъ телъыджэри. А псом я шэнттегуэжу иджыри зы лэжьыгъэ щхьэпэ къонэр, хуэфэщэн гулъытэ имыгъуэтауэ. Абы дунейпсо IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ щIипщытыкIщ, нэхъ фIэдахэу, сабийр дэзыхьэхыну къилъытэхэр адыгэбзэм къригъэубыдэри, “ПсысэфI дыдэхэр” тхылъ ищIащ. Абы ихуащ Европэм, Азием ис лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм щыщ зыкъом. Апхуэдэуи, абы ихуащ дуней псом и нэхъ тхакIуэ уардэу къалъытэхэу Ганс Кристиан Андерсен, Шарль Перро, Гримм зэкъуэшитIым, Антуан де Сент Экзюпери сымэ я тхыгъэхэр. КIуэаракъэ, мы къезбжэкIахэр ирикъунт нэгъуэщI зыри имылэжьами, Нало Заур и цIэр къыщраIуэм деж ухуэтэджыну. Ауэ мыр иджыри зы пкъыгъуэ закъуэщ.

ЕтIуанэ пкъыгъуэу, абы къыпыту къэлъытэн хуейщ егъэджэн-ущииным апхуэдэу еубыдылIауэ щымыт литературэ тхыгъэ Iэужьхэр. Автор къызэрымыкIуэм и литературэ Iэужьым поэзиери, прозэри, публицистикэ тхыгъэхэри къызэщIеубыдэ, уеблэмэ театрым щагъэувахэри яхэтыжщ. Налом и усэхэмрэ прозэмрэ зэгъэуIуауэ уахэплъэжмэ, ди лъэпкъ тхыбзэм зезыгъэIэта зы лъэбакъуэ зэрыхъур умылъагъункIэ Iэмал иIэкъым. Езым и ныбжьыр хэкIуэтэпауэ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ цIэ лъапIэр къыфIэзыщахэм фэрыщIагъ халъхьакъым - ар, литературэм дихьэх псоми я гурылъым иригъуазэу, тхакIуэшхуэм и гуащIэмрэ IэзагъымрэкIэ къилэжьар къалъытэжа къудейуэ аращ.

Заур и къалэнхэм ящыщу къилъытэжащ адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэм щыщу ди зэманым къихьэса дэтхэнэри сыт и лъэныкъуэкIи къэпщытауэ къэгъэнэхуэныр. Сыт и уасэ, псалъэм папщIэ, абы Дым Iэдэм, Цагъуэ Нурий, Елбэрд Хьэсэн, Къылышбий Исмэхьил, Нало Жансэхъу сымэ я творчествэр къипщытэу я Iэужьхэри тхылъу къызэрыдигъэкIыжар. Ахэр езым и гукъыдэжкIэ къиIэта лэжьыгъэхэщ, зыми къалэн къыщимыщIауэ, езым и псэм къыдэкIыу кърихьэжьауэ.

Зы махуэ гуэрым Заур си деж къыщIыхьащ, куэд лъандэрэ зэгупсыс Iуэхугъуэ и Iум къэсауэ зэрытелъыр теплъэкIэ дэплъагъуу. ТIэкIурэ ди Iуэху екIуэкIхэм дытепсэлъыхьа иужь абы темыгушхуащэурэ кърегъажьэ: «Iэдэм, -жи, - куэд щIауэ си гукъеуэщ адыгэм ди набдзэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр щIэныгъэ хабзэм тету къыдэкIыжауэ зэрыщымыIэр. Зэгуэрым Шортэн Аскэрбий IуэхуфI дыдэу ищ1ауэ щытащ Жэбагъы теухуа хъыбархэр гупым зэхуригъэхьэсу езым и жэрдэмкIэ тхылъу къызэрыдигъэкIыжар. Ауэ абы имыхуа куэд щыIэщ, езы тхылъри щIэныгъэ хабзэм ткIийуэ тетакъым, нэхъыбэм къазэрыгурыIуэным тещIыхьауэ щытащ. Дегъауи архивым хэлъри, фонотекэм щыдгъуэтри, къэбэрдеибзэри, кIахэбзэри, абазэбзэри, балъкъэрыбзэри къэдгъэугъуей, текстхэр къэдгъэгъэпс, урысыбзэкIи зэдгъэдзэк1ыж, къэзыIуэтэжар, зытхыжар, щатхыжа зэманымрэ щIыпIэмрэ къэдгъэгъэнахуэ, дэтхэнэ зы хъыбарми сюжетгъэнахуэ хуэдгъэщ1ыжи – мис ар лIы щыпкъэм хуэфащэ фэеплъ хъунщ».

Абдежым къыщедгъажьэри, ди планми хэмыту, зыми пщэрылъ къытхуимыщIауэ, тхылъышхуэ дгъэхьэзырауэ щытащ. Абы Жэбагъы и хъыбархэр къэзыIуэтэжам и бзэмкIэ (къэбэрдеибзэм нэмыщI абазэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, адыгейм и диалектхэмкIэ щыIэу къыщIэкIащ!), ахэр псори  урысыбзэкIэ зэдзэкIыжауэ, Налом итха пэублэ хэзыгъэгъуазэ дахэрэ дэ ди е1уэлIапхъэхэрэ щIыгъужауэ – мис апхуэдэ лэжьыгъэ къыдэхъулIауэ щытащ. Ар дунейм къыщытехьахэм щыгъуэ къуажэхэм, еджапIэхэм къикIыурэ тхылъыр ящэхурт – хэт зырызу, хэт тIурытI-щырыщу. ИкIэм - икIэжым къэнэжахэр псэ хьэлэл зыхэлъ адыгэ хьэрычэтыщIэ гуэрым зэщIикъуэщ, и уасэр ди институт кассэм ирилъхьэри, тхылъ экземплярхэр псапэу игуэшыжауэ щытащ.

Нало Заур бгъэдэлъа щIэныгъэм къызэщIишэу чэнджэщакIуэ къыхуэкIуэхэрт щIэныгъэрылажьэхэри, егъэджакIуэхэри, тхакIуэ-усакIуэхэри, сурэтыщIхэри, актёрхэри, композиторхэри. Абыхэм яхэтт зыщыщ лъэпкъкIи, IуэхущIафэкIи зэмылIэужьыгъуэхэр. Езым зэхэгъэж ищ1ыртэкъым, псоми яжриIэн къигъуэтырт, псоми езэгъырт, къыхуэарэзыуи иутIыпщыжырт. Сыт хуэдиз шыIэныгъэрэ щIэныгъэшхуэрэ уиIэн хуей ар плъэкIын щхьэкIэ!

ГъащIэм узэрыщыхъунури, къохъулIэнухэри, пфIэкIуэдынухэри куэдкIэ елъытащ укъызыхэхъукIымрэ узыхуэзэхэмрэ. Сэ си пхъэр къикIауэ къызолъытэ си щIалэгъуэ-хэхъуэгъуэр имыкIауэ цIыху хьэлэмэт зыбжанэм сахуэзэну, я жьауэм сыщIэтыну, садэлэжьэну къызэрызэхъулIар. Абыхэм ящыщу зи фIыщIэшхуэ стелъхэм ящыщ зыщ илъэс плIыщIым нэблагъэкIэ сызыдэлэжьа, ущиякIуэ-узэщIакIуэ схуэхъуа еджагъэшхуэ, тхакIуэ-усакIуэ уардэ, цIыхугъэм и щапхъэу дунейм тета Нало Заур.

«Къру закъуэ» тхылъым ит лIыхъужь гъукIэ тхьэмадэ ХьэкIашэ, хьэмэрэ пхъэ гуащэ зыщIа Хьэбалэ, бригантинэ зыщIыну еувэлIа Исмел сымэ хуэдэу гу къабзэу, псэ хьэлэлу, Къэзанокъуэ Жэбагъы хэлъа Iущагъым щыщ зылъысам хуэдэу жыжьаплъэу, и зэманым зыкъомкIэ япэ ищауэ псэуа цIыхуущ - и хъуреягъ псоми къагурымыIуащэу, ауэ езым дэ гу зылъыдмытэ Iэджэри къилъагъуу, пэжым иригъуазэу, нобэ зижь къепщэхэм яфIэфIым Iуэхур тримыщIыхьу, укIэлъыплъыжамэ, бзыпхъэ къыщIытепхын куэд дэплъагъуу - мис апхуэдэущ сэ Нало Заур си гум къызэринэжар. Абы «узэщIакIуэ» псалъэр ди тхыбзэм термин мыхьэнэ иIэу къыхишауэ щытащ, езыри куэдым узэщIакIуэ яхуэхъуащ.

ГЪУТ Iэдэм,

филологие щ1эныгъэхэмк1э доктор.

Поделиться: