Нало Заур и дуней

 

Бзэр псалъэ къудейкъым,

ар гупсысэ­кIэщ, дуней тетыкIэщ

(Нало Заур)

 

 

Нало Заур тхакIуэт, усакIуэт, этнографт, щIэныгъэлIт, зэдзэкIакIуэт, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэт.

«Лъэпкъым ди пщэдейр зэрыхъунур елъытащ  ди анэдэлъхубзэм,    ди  тхыдэм,  ди диным,  ди хабзэм.  Ар тхуэIыгъыу щытмэ, къытхузэгъэпэщрэ тхуэгъэлажьэу щытмэ, ди пщэдейм ущыгугъ хъунущ Iей мыхъуну», – жиIат Заур.

Заур тхэныр къыдалъхуат, и тхыгъэ нэхухэри абы щыхьэт пэж зэрытехъуэщи, лэжьыгъэ нэхъыщхьэу иIауэ жыпIэнур тхэныращ. Студентхэм яIущIэн, купщIафIэу епсэлъэн фIэфI дыдэт, щIалэгъуалэми Налор яфIэхьэлэмэтти, и тхылъыщIэ дунейм къытехьэху, зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр къызэдгъэпэщырт - ар университетым щекIуэкIми, лъэпкъ библиотекэм и зы пэш хэха дыщIэсми, адыгэ театрми е жыг хадэрами. Заур емызэшу тепсэлъыхьыфырт и тхыгъэхэм, и тхылъхэм, и гъащIэр къызэрекIуэкIам, студентхэми упщIэ я куэдт. «Нобэ щIалэжь цIыкIу сыхъужрэ, лэжьэн къыщIэздзэжауэ щытамэ, къызэрезгъэжьэжынур тхэнрат.  Ар Алыхьым си псэм къыхилъхьауэ пIэрэт - сщIэркъым.  Ауэ щыхъукIи, сэ усакIуэшхуэ сыхъуауи схужыIэнкъым, тхакIуэшхуэ сыхъуауи схужыIэнкъым, – стхар цIыхум ягу ирихьмэ, я псэм дыхьэу щытмэ - си насыпщ, я псэм дэмыхьэмэ, яфIэмыхьэлэмэтмэ - си гуэныхьщ», – жиIат.

Ар жызыIэ Заур и IэдакъэщIэкIхэр зэгъусэу къапщтэмэ, библиотекэ псо хъунут, и фIагъыр зихуэдэ щымыIэу.  Адыгэбзэ зыIурылъ лъэпкъ псом, Налом и закъуэщ апхуэдиз лэжьыгъэфI, лэжьыгъэ щхьэпэ зыхузэфIэкIар.  Заур компьютер щыгъэтауэ, зэрытрадзэ машинкэкIэ лажьэртэкъым, атIэ псори къалэмкIэ итхырт – дахащэу, захуэу, тыншу укъеджэфын хуэдэу.  «Сэ нэхъ тхылъ пажэу, нэхъ сфIэхьэлэмэту стхар джэгуакIуэм ятеухуа монографиеращ. ДжэгуакIуэхэм щхьэкIэ зыми зэи яхужымыIа щыжысIа тхылъщ ар», – жиIат тхакIуэм. Лъэпкъым и купщIэу, и лъапсэу щытахэр зырызыххэу къищыпыжри, мы тхылъым щызэхуихьэсыжащ щIэныгъэлIым.

Мыбдеж къыхэдгъэщыну къозэгъ IуэрыIуатэм и лIэужьыгъуэ нэхъ цIэрыIуэхэм – псысэхэм, таурыхъхэм, псалъэжьхэм, псалъэ шэрыуэхэм, къуажэхьхэм, хъыбархэм, хъуэхъухэм – Заур зэмылэжьа зыри зэрахэмытыр. Ауэ тетхыхьу зэфIимыгъэкIыу, ахэр зэхилъхьащ, зэридзэкIащ, пщалъэм иригъэувэжащ – я къежьапIэ хъуар, зэрызаужьар къигъэнаIуащ.

Дыщэм йофIэкI Налом адыгэ сабийхэм яхуигъэхьэзырахэр. Тобэ ирехъуи, мыпхуэдэ сабий тхылъ Iэрамэ – бзэ дахащэкIэ тхарэ гъэщIэгъуэн защIэу зэхэгъэувэжауэ, зыбгъэдалъхьа лъэпкъ куэд щыIэнкъым. Езы тхакIуэми зэрыжиIащи: «ИкъукIэ гугъущ, хэдэгъуейщ прозэмрэ поэзиемрэ, наукэмрэ публицистикэмрэ, гъукIэ лэжьыгъэмрэ уахэдэныр. Сэ мыбы сыхэдэмэ, къыхэсхынур къызэрыхэсхынур зы щхьэусыгъуэщ: адыгэр лъэпкъыу къызэтенэн щхьэкIэ адыгэм я бзэр ямыгъэкIуэдэжын щхьэкIэ,  адыгэм я хабзэмрэ я тхыдэмрэ ямыгъэкIуэдыжын щхьэкIэ сэбэп хъууэ си гугъэу стхахэр псом япэ изогъэщ. А псом ухэплъэжа нэужькIэ, адыгэбзэр хъумэнымкIэ, адыгэр къызэтегъэнэнымкIэ нэхъ сэбэп хъууэ сэ къысщыхъур сабийхэм яхуэстхаращ».  Ахэр сыт хуэдэ жыпIэмэ: «Жэщ минрэ зы жэщрэ» жыхуиIэ тхылъышхуэм къыхэхауэ сюжет 12 ищIащ. «КъуиижьцIыкIу и таурыхъищэ» жиIэу   игъэхьэзыращ.   «Къру къабзий» – дуней псом лъэпкъыу тетым я таурыхъхэм хэщыпыхьри, таурыхъищэ къыхихри, ари зы тхылъ екIу хъуащ.  «Айболитыр», езым фIыуэ зэрилъагъум къыхэкIыу, сабийхэм папщIэ зэридзэкIащ.

Ауэ тхылъитI къахэсхынщи, феплъыт ахэр зэрызэхэлъми, езыхэр зищIысми. «ПсысэфI дыдэхэр» (1994). Мы тхылъым щызэхуэхьэсащ Европэм псысэрытх нэхъ Iэзэу исахэм я псысэ нэхъыфI дыдэхэр (28-рэ).   Ахэр мы дуней псом щыцIэрыIуэщ. Аращ мы тхылъым «ПсысэфI дыдэхэр» жиIэу щIыфIищар.  Къызыхихари Шарль Перро, Гримм зэшхэм, Хауф Вильгельм, Андерсен Ханс Кристиан, де Сент-Экзюпери Антуан, Аксаков Сергей, Толстой Лев, Бажов Павел сымэ я IэдакъэщIэкIхэрщ.  Мы тхакIуэхэм я биографиеми кIэщIу щыгъуазэ уещI. Налом мы тхылъыр хьэлэмэту зэхигъэувэри, и адыгэбзэ къулеймкIи екIуу къиIуэтэжащ.

 ЩIэблэр зыгъасэхэм, езыгъаджэхэм папщIэ «Сабий щэнгъасэ» (1998) жери, тхыгъэ гъуэзэджэ куэд щызэхуэхьэсауэ Налом тхылъ хьэлэмэт зэхигъэуващ. Абы ихуащ адыгэ IуэрыIуатэм къыхищыпыкIа джэгукIэхэр, къуажэхьхэр, псынщIэрыпсалъэхэр, усэ-уэрэдхэр, псысэхэр; адрей лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм къыхиха псысэхэри усэхэри; европей тхакIуэхэм я псысэ зэридзэкIахэри, урысей тхакIуэхэм я тхыгъэхэри мыбы къыщыхьащ. КъинэмыщI, адыгэпсэр къэгъэушыжыным телажьэ тхыгъэхэр - хабзэмрэ нэмысымрэ, адыгэбзэмрэ адыгэ дуней еплъыкIэмрэ, адыгэ лIыгъэмрэ адыгэ цIыхугъэмрэ нэхъыбэу зыхэлъ тхыгъэхэр, усыгъэхэр.  Псом япэу IуэрыIуатэр. ИтIанэ, Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм ехьэлIа псалъалъэ цIыкIухэр, диным теухуа тхыгъэ кIэщIхэр, н. Тхылъыр икъукIэ сэбэп яхуэхъуащ, иджыри яхуэхъунщ сабий гъэсапIэхэми сабий зиIэ дэтхэнэ адыгэ унагъуэми. «Сабий щэнгъасэм» и 2-нэ тхылъри игъэхьэзырат, ауэ къыдэкIауэ слъэгъуакъым.

Мыхэри: «Инэ мыкъуэ» (сабий IуэрыIуатэм щыщ), «Аслъэныкъуэ» (псысэ-усэ), «ЗэшыпхъуитIым я псысэхэр» (таурыхъ усэхэр), «Усэрыбжэ», «Джэгузэхэшэ», «Хъуромэ» (сабий IуэрыIуатэм щыщ).  «Ди тхыдэр сабийм яджын, абы иригушхуэу щытын хуейщ, – жиIэрт Заур. - Бзэ щымыIэм, лъэпкъ щыIэкъым.  Адыгэбзэр  джын, гъэлэжьэн, адыгэу укъыщалъхуакIэ, адыгэу укъызэтенэн хуейщ. Лъэпкъ куэд дунейм тетыхукIэ, мы дунейр нэхъ дахэ хъунущ. Ди бзэм и пщIэр къэзыIэтыжын лъэпкъ Алыхьым дищI. Сэ Iейуэ сыщошынэ ахэр зыIэщIэдгъэкIыу нэгъуэщI лъэпкъ дыхъункIэ».

Литературэм, литературэхутэ щIэныгъэм, тхыдэм, IуэрыIуатэм, этнографием теухуа тхыгъэ, тхылъ куэд утыку кърихьащ Заур. Уасэ зимыIэхэр и сабий щэнгъасэхэрщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри ди щIэныгъэм, щэнхабзэм и хэлъхьэныгъэшхуэм фIокIыжри, ди лъэпкъым зезыгъэужьа, зезыгъэIэта, ипэкIэ лъэбакъуэфI езыгъэча Iуэхугъуэу мэув. Налом  и лэжьыгъэхэм езыр лъэпкъым и узэщIакIуэ ящIри, адыгэ  щIэныгъэри европей щIэныгъэм ябгъэдигъэуващ, и художественнэ тхылъ хьэлэмэтхэмкIэ, и сабиибзэ дахэмкIэ щабэ дыдэу, къытхуэсакъыпэу анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр  ди псэм зыхригъэщIащ. Гугъэ сощI Нало Заур хуэдэ цIыху щэджащэ къэзыгъэщIыф лъэпкъым къэкIуэн иIэу.

Нало Заур Мыхьэмэт и къуэр  2012 гъэм  бадзэуэгъуэм и 5-м, и ныбжьыр илъэс 84-м иту,  дунейм ехыжащ. Налшык къалэ щIыхь хуащIу щыщIалъхьащ.

БАКЪ  Зерэ,

филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор.

Поделиться: