Жылагъуэ

НаркотикхэкI куэд къытрахащ

УФСБ-м къет
 
Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм, наркотикхэкIхэр игъэкIыным пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, къызэпаудащ Налшык къалэ щыпсэу цIыхуитIым наркотикхэкIхэр игъэкIыным пыщIауэ ялэжь щIэпхъаджагъэр. 
Яубыдахэр, абыхэм и псэупIэр къыщащым къытрахащ «героин», «метадон» наркотикхэкI грамм 280-м щIигъу.

ИлъэсищкIэ елэжьынущ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу зыхуей хуагъэзэнущ километр 27-рэ зи кIыхьагъ Шэджэм ЕтIуанэ - Булунгу гъуэгур. Гъэ кIуам абы щыщу километритI зэIузэпэщ ящIащ, мы гъэми лэжьыгъэхэм пащэнущ. Мыр къыхэгъэщыпхъэщ - Урысейм и турист кIуапIэхэмрэ абыхэм екIуалIэ гъуэгухэмрэ зэIузэпэщ щIыныр Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм хабжащ. ЗэрытщIэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрыр апхуэдэ щIыпIэхэмкIэ къулейщ. 

ЦIыхухэм сыфхуолъаIуэ

ДЫЩЭКI Марие

 

Унагъуэр насыпыфIэ зыщIыр

2024 гъэр унагъуэм, абы къыдекIуэкI лъапIэныгъэхэр хъумэным я илъэсщ. Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм мы илъэсыр зэрагъэлъэпIэну выставкэхэр, зэIущIэхэр, зэпеуэхэр яубзыхуащ. Абыхэм язщ иджыблагъэ абы къыщызэрагъэпэща «Институт семьи: традиции и семейные ценности» зэхыхьэ щхьэпэр. Абы ирагъэблэгъащ къэрал, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр.

Нарт хасэ – адыгэ хасэ

Жылэм, лъэпкъым и зэIущIэ нэхъыщхьэу сытым дежи щытащ хасэр. Ар ижь-ижьыж зэман лъандэрэ лъэпкъым къыдекIуэкI псалъэщ. Япэ дыдэу ущрихьэлIэри нарт эпосырщ. 
IуэрыIуатэм ди зэманым убзыхуауэ къихьэсакъым хасэр зэрекIуэкIыу щыта хабзэхэр. Зэм жеIэ хасэм зи лъэ вакъэ изылъхьэр екIуалIэу щытауэ, зэми бзылъхугъэ ирамыгъэкIуалIэу щытауэ. Нэхъыбэу эпосым къыхэщыр нартылIхэр щытепщэ хасэрщ, бзылъхугъэ яхэмыту щызэхуэс, Iуэхугъуэ гуэрым теухуауэ щызэчэнджэщ, унафэ къыщащтэрщ. 

Лэскэн щIыналъэр нэхъри ягъэдахэ

«ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу республикэм и Лэскэн щIыналъэм иужьрей илъэсихым зэIузэпэщ щащIащ фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэу 8-рэ цIыху зэхуэсыпIэ зэхуэмыдэу 16-рэ. Абы хохьэ къуажиблым я утыкушхуэу 9, къалэ жыг хадэ цIыкIуу 4, зы лъэс лъагъуэ, цIыхухэм я дежкIэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэм къедзылIа щIыпIэу 2.

Дэтхэнэми хэплъэнущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и прокурор Хабаров Николайрэ Налшык гарнизоным и дзэ прокурор Васильцов Александррэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэр дэIыгъынымкIэ «Хэкум и ХъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэм и IуэхущIапIэу республикэм и щыхьэрым щыIэм 2024 гъэм гъатхэпэм и 13-м щрагъэблэгъащ дзэ Iуэху хэхам хэтахэр, военнэ къулыкъум къыхагъэкIыжахэр, СВО-м хэтхэм я унагъуэхэм щыщхэр. 

Къуажэ уэрамхэр зыхуей хуагъазэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Тэрч щIыналъэм щыщ Дей, Акъбащ Ипщэ, Терекскэ жылэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгур мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Ар хагъэхьащ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм. 

ЯмыгъэтIысу илъэси 3 тралъхьащ

Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм экономикэм пыщIа щIэпхъаджагъэхэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къыщIагъэщащ «Нальчикмежтранс» IуэхущIапIэм и унафэщI Кандоров О.М. илэжь щIэпхъаджагъэр. 
ЗэраубзыхуамкIэ абы зыкIэщIиупщIащ Налшык къалэ автовокзалым и щIыналъэм щыIэ сату щIыпIэхэр бэджэнду къэзыщта щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэхэм кърата ахъшэр. 

Лэскэн ЕтIуанэм сом мелуаным нэблагъэ хуаутIыпщынущ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ республикэм и районхэм я Iэтащхьэхэр тхьэмахуэм зэ къыздрагъэблагъэ зэIущIэр.
 Абы къыщащтащ КъБР-м и Правительствэмрэ «Роскадастр» федеральнэ IэнатIэмрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа унафэр. КъБР-м ЗыгъэпсэхупIэхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат къыщыпсалъэм къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр «Земля для туризма» Iуэхум хэтын папщIэ дэфтэрыр зэрагъэхьэзырар. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ