|
Жылагъуэ
5 марта, 2020 - 05:19
«Урысей зэкъуэт» партым и Бахъсэн район щIыпIэ къудамэм цIыхухэм щаIущIащ УФ-м и Президентыр Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэза Iуэхухэм хыхьэу, бын зыпI унагъуэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ къигъэлъэгъуа IэмалыщIэхэм щахутепсэлъыхьыну.
5 марта, 2020 - 05:18
Мазаем и 20 - 24-хэм Биелинэ къалэм (Босниемрэ Герцеговинэмрэ) щекIуэкIащ цIыхухъухэм боксымкIэ я дунейпсо Euro Cup2020 зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэрал 18-м я спортсмен 210-рэ.
5 марта, 2020 - 05:17
Тэтэрстан Республикэм и Къэзан къалэм мазаем и 17-24-хэм щекIуэкIащ боксымкIэ Урысей МВД-м и чемпионат. Абы ещанэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и командэм.
4 марта, 2020 - 05:15
Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ и управленэм и лэжьакIуэхэр щыIащ школ-интернатым и гъэсэнхэм я деж.
«ЛIыгъэм и тхьэмахуэ» хэкупсэ Iуэхум къриубыдэу Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ УМВД-м унафэщIхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэр,
28 февраля, 2020 - 05:18
«Дай Vibe» фIэщыгъэр зиIэ рэп-фестиваль мы махуэхэм щрагъэжьащ КъБКъУ-м. УэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм я Iуэхур диIыгъыну къеблэгъат «ВагъуэщIэ» проектым и финал Iыхьэм пхыкIа Атабиевэ Малика.
28 февраля, 2020 - 05:16
КъБР-м щыIэ МВД-м къет
Хабзэм къемызэгъыу Iэщэ, абы и шэхэмрэ къагъауэ пкъыгъуэхэмрэ зэрагъэкIуэныр къэмыгъэхъун мурадкIэ мазаем и 10-м щIидзауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щокIуэкI «Iэщэ» фIэщыгъэр зиIэ Iуэхугъуэ.
28 февраля, 2020 - 05:15
Хэку зауэшхуэр ди текIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ къыхалъхьа «ЛIыхъужьхэм я блын» щIыналъэзэхуаку хэкупсэ проектыр дыгъуасэ Налшык къалэ щрагъэжьащ. Ар япэу къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым.
28 февраля, 2020 - 05:15
ЩIэныгъэм зэрыжиIэмкIэ, цIыхур адрей псэущхьэхэм къазэрыщхьэщыкIыр зы закъуэщ - ар мэпсалъэ. НобэкIэ дунейм тетщ бзэ мини 7 зезыхьэ цIыху меларди 7,6-рэ. Дызэрыщыгъуазэщи, щыIэщ къэралыгъуэхэр, лъэпкъ щэ бжыгъэхэр щыпсэурэ, дэтхэнэ зыми езым и бзэрэ и хабзэрэ иIэжу. Гува-щIэхами цIыхур зыщIогупсысыкI: хэт и бзэр нэхъыжь, сыт хуэдэ лъэпкъ псори къызытехъукIыжар, сыт хуэдэбзэ япэ цIыхухэм яIурылъар, щхьэ бзэм зигуэша, дауэ къызэрыунэхуар бзэ мини 7-м щIигъур?
21 февраля, 2020 - 05:21
Зы IуэхущIапIэм ирашу адрейм щагъэIэпхъуэкIэ, хъумакIуэхэм яIэщIэкIыу щIэпхъуэжа бзаджащIэхэм я лъагъуэм зэрытеувэ, ахэр къызэраубыдыж лэжьыгъэхэр къыщапщытэжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым.
21 февраля, 2020 - 05:18
МэкъумэшыщIэ-фермер хозяйствэм Iэщ гъэхъунымрэ къэкIыгъэхэм елэжьынымрэ къыщIиха ахъшэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым КИФЩI-м етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.
Страницы
|