Жылагъуэ

Сом мелуани 2-м щIигъу япшын

Зэратх Iэмэпсымэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, гъатхэпэм и 7-13-хэм къриубыдэу гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр 11527-рэ къызэпаудащ. Псори зэхэту къуэдыуэ тралъхьащ сом мелуани 7-рэ мин 21-м щIигъу. А махуэхэм япшынащ сом 2415500-рэ.

ЯмыцIыху адыгэ бзылъхугъэхэм я бын цIэрыIуэхэр

Пасэрей зэманым адыгэр лъэпкъышхуэу, КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми, Европэми нэсу, хамэ къэралхэм ядэлажьэу, сату дащIэу щытащ. КъищынэмыщIауэ, адыгэ щIалэгъуалэр гъэру яубыду нэгъуэщI къэралхэм я щхьэхуимыт бэзэрхэм щащэу щытауэ тхыдэм къыхощыж.

Узыр зыпкърытхэм я бжыгъэм хохъуэ

Иджыпсту дуней псом зыщызыубгъуа коронавирусым теухуауэ къамыпсэлъарэ ямытхарэ укIуэдыж. Хэти ар политикэ Iуэху щIэкIэу жеIэ, хэти а вирусыр ди нэгу къытхущIэмыгъэхьэну шынагъуэу, цIыхубэр гужьеигъуэ хамыдзэн папщIэ, абы икIуэдыкIам и пэжыпIэр ямыгъэхъыбару хуегъэфащэ. Арами, пэжыр зыщIыпIи пхуэхьынукъым: къахуэмыгъэувыIэу зызыубгъуа уз зэрыцIалэм цIыху куэд ехь.

Шэджэм районым и суд приставхэр токIуэI

Урысейм и Суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу (УФССП) КъБР-м щыIэм щызэхалъхьэжащ 20I9 гъэм IэнатIэ нэхъыфIыр къыхэхынымкIэ екIуэкIа еплъыныгъэ-зэпеуэм кърикIуахэр.

НэхъыфIхэр къыщыхахым гулъытэ хуащIащ ягъэзащIэ Iуэхухэр зэтеублэнымкIэ, судхэм ягъэува хабзэр къыщызэгъэпэщынымкIэ, дознаниемрэ административнэ практикэмкIэ къудамэхэм я лэжьыгъэм кърикIуахэм.
Зэпеуэм щытекIуащ нэхъыфIу къалъыта Суд приставхэм я Шэджэм щIыналъэ къудамэр. Абы къыкIэлъокIуэ Тэрч районыр. Апхуэдэ зэпеуэхэр сэбэпщ суд приставхэм я лэжьыгъэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ..

IэщIагъэ зрагъэгъуэтыну Iэмал яIэщ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и цIыхубз колоние №4-м щыIащ икIи абы щаIыгъ бзылъхугъэхэм яхуэзащ «Синергия» мэзкуу финанс-промышленнэ университетым и щIыналъэ лIыкIуэ Кулагин Владимир. IуэхущIапIэм и унафэщIхэм ящIыгъуу ар тепсэлъыхьащ ягъэтIысахэр щаIыгъ щIыпIэхэм зэпэщIэхауэ (дистанционнэу) щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэтыныр къызэгъэпэщыным.
 

Ставрополь крайм къыщагъуэтыж

Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэм къагъуэтыжащ хъыбарыншэу кIуэда, республикэм щыщ цIыхухъур.

Дамыгъэр зыхуэфащэхэм иратыж

Хэку зауэшхуэм хэта цIыху 27-м «1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къызэрыщытхьрэ илъэс 75-рэ ирокъу» медалыр щратащ Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм.

Лъэпкъыр зыхъумэр и хабзэрщ

Лъэпкъ Iуэхум гурэ псэкIэ бгъэдэтщ Израилым хыхьэ Кфар-Камэ адыгэ къуажэм щыпсэу, абы дэт Адыгэ музейм и унафэщI Тхьэухъуэ Зухьейр. Ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ ди хьэщIэм къы­д­жиIахэм.

Мэздэгу Адыгэ Хасэм и лIэщIыгъуэ плIанэ

«Мэздэгу адыгэхэм я зэгухьэныгъэ» лъэпкъ-щэнхабзэ обществэр къы­зэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэрырикъур Iэтауэ щагъэлъэпIащ Мэздэгу къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ уардэунэм. Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищ­хъэрэ - Аланиемрэ зэгъусэу къызэ­рагъэпэща пшы­хьыр гуимыхужу зэхашат.

ЦIыхухэм яIуощIэ

«Урысей зэкъуэт» партым и Бахъ­сэн район щIыпIэ къудамэм цIы­хухэм щаIущIащ УФ-м и Президентыр Федеральнэ Зэхуэсым Зэры­зыхуигъэза Iуэхухэм хыхьэу, бын зыпI унагъуэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ къигъэлъэгъуа IэмалыщIэхэм щахутепсэлъыхьыну.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ