|
Жылагъуэ
21 февраля, 2020 - 05:18
Токъмакъ Айдын Азей къалэ цIыкIум хиубыдэ Бешкъэзакъ хьэблэм 1951 гъэм къыщалъхуащ. СпортымкIэ егъэджакIуэу ар илъэс 27-кIэ курыт еджапIэм щылэжьащ.Иджыпсту Айдын мылэжьэжу Iэщ зехуэным, вэн-сэным хэтщ.
21 февраля, 2020 - 05:17
Ведомствэхэм зэщIыгъуу ирагъэкIуэкI «Быт» профилактикэ Iуэхум ипкъ иткIэ полицейхэмрэ УФСИН-м и лэжьакIуэхэмрэ къапщытащ Шэджэм районым хыхьэ Нартан къуажэм щыщ унагъуэхэу я нэIэм щIэтхэр.
21 февраля, 2020 - 05:14
Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и СОБР-мрэ ОМОН-мрэ я лэжьакIуэхэр хэтащ Афган зауэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм - Афган зауэм хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж махуэм абыхэм я фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
21 февраля, 2020 - 05:02
Бахъсэн районым щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и советым и зэхуэс иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ абы и унафэщI Сэбан Руслан.
ЗэIущIэм хэтащ щIыналъэм и прокурор Башорэ Аслъэн, Урысейм и МВД-м и Бахъсэн щIыналъэ къудамэм и унафэщI Хэжь Аслъэнбий, районым и къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, спорт IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр.
19 февраля, 2020 - 10:00
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и дзэ комиссариатым къызэритамкIэ, Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм зэхилъхьащ «Фэеплъым и гъуэгуанэ» проектыр. Ар зыхуэунэтIар зауэм и лъэхъэнэм фронтым Iута псоми ятеухуа хъыбархэмрэ сурэтхэмрэ зэхуэхьэсынырщ.
19 февраля, 2020 - 05:19
«Доступная среда» къэрал программэм ипкъ иткIэ, сабий творчествэм и «Эрудит» IуэхущIапIэм къыщызэрагъэпэщащ пэшыщIэхэр. Ахэр техникэм и иужьрей IэмэпсымэхэмкIэ зэщIэузэдащ, пэш кIыфIрэ нэхуу зыщхьэщедз, зэрыжаIэмкIи, сабийм и зыужьыныгъэм хуолажьэ. Пэш кIыфIым цIыкIухэм зыщагъэпсэхуфынущ, нэхум щылэжьэнущ, щыджэгунущ.
19 февраля, 2020 - 05:17
КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ «Динамо» урысейпсо физкультурэ-спорт жылагъуэ-къэрал зэгухьэныгъэм и щIыналэ IуэхущIапIэм и зэIущIэ.
19 февраля, 2020 - 05:12
Дзэм и полковник Джатауэ Хьэмыщэ, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэмрэ хъыбарыншэ хъуауэ щытахэмрэ къызыхэкIа лъэпкъым яцIыхуным ехьэлIауэ куэд дыдэ зылэжьа адыгэлI щыпкъэр, сэ япэ дыдэу щыслъэгъуар, цIыхугъэ щысхуэхъуар сыщалъхуа Зеикъуэрщ. Сэ абы щыгъуэ ебланэ классым сыщIэст.
19 февраля, 2020 - 05:07
ФщIэн папщIэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и автоинспекторхэм зэратх Iэмэпсымэхэм къызэрагъэлъэгъуам тещIыхьауэ мазаем и 1 - 7-хэм къриубыдэу гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр къызэрызэпаудам теухуа унафэ 7950-рэ къащтащ. Псори зэхэту къуэдыуэ тралъхьащ сом мелуани 5-рэ мин 84-м нэблагъэ. А махуэхэм япшынащ сом 3 028 250-рэ.
19 февраля, 2020 - 05:07
Урысейм и Суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм къыIэрыхьащ «Футбол цIыкIум и ассоциацэ» Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ жылагъуэ IуэхущIапIэм и унафэщI Едэкъуэ СулътIан къыбгъэдэкI фIыщIэ письмо.
Страницы
|