Жылагъуэ

ЩIыуэпсым хэт пэлъэщыфар?!

Курп Ищхъэрэ (Къаншыуей) къуажэкум щыпсэу сабийхэр зэрымынасыпыфIэ щыIэтэкъым - псынэпс къабзэ щIыIэмыл къыщыщIэж щIыпIэр я гъунэгъут. Гъэмахуэ махуэ кIыхьхэр абдеж щагъакIуэрт. Псынэр зыдэт къуэм и кум мылъагэ дыдэу зы Iуащхьэ итт. Курп псыежэхыр абдеж къызэрысу, тIууэ зрищIыкIырти, абы и хъуреягъкIэ къежэкIырт, Iуащхьэр къызэранэкIа нэужь, зэхэлъэдэжырти, и лъагъуэм пищэрт. Псынэпсыр зыдэт къуэ лъагэм и джабэхэм кIэращIыхьа абгъуэхэм жэнэт бзу фIэкIа умыщIэну къуалэбзу зэмылIэужьыгъуэхэр ист. 

Лъагъуныгъэмрэ зэгурыIуэмрэ я къарур

Куэдрэ къохъу зи цIэ къиIуэн хуей, гъэлъэпIапхъэ цIыху къызэрыгуэкIхэр гулъытэншэу къыщынэ. Газетым къытехуэну зыхуэфащэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, IэщIагъэ, щIэныгъэ егъэлея зиIэхэм я закъуэкъым, цIыху хэтыкIэ екIурэ Iущыгъэ дахэкIэ адрейхэм къахэлыдыкIхэми гулъытэ яхуэщIыпхъэщ. Ар и зы щхьэусыгъуэщ нобэ къалэмыр къыдэзыгъэщтам.

Лэскэн районым щыщ Аргудан къуажэм къыщалъхуа Шырыкъу Тамарэ ТекIужь Iэмин и пхъум «Адыгэ псалъэ» газетыр и псэм хэлъым химыхыну фIыуэ илъагъуу зэрыщытам къыхэкIыу, езым теухуа тхыгъэ кIэщI абы къытредгъэдзэжыну мурад тщ1ащ.

Шы гъэхъуным теухуа хабзэщIэ

Нобэ республикэм и мэкъумэш-фермер хозяйствэхэм шы гуартэшхуэхэр егугъуу щызэрахуэ. Мэкъуауэгъуэм къыщыщIэдзауэ ахэр, адрей Iэщышхуэхэм ящIыгъуу, гъэмахуэ хъупIэхэм яшэ, бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм шэщхэм щIэтщ. ТIум щыгъуэми абыхэм гулъытэ яхуэщIынырщ къащта хабзэр зытегъэщIари. 

Бжэ зэIухахэм я махуэ

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIищым я гъэсэнхэр. Бжэ зэIухахэм я махуэм ирихьэлIэу зэхэта зэIущIэхэр къызэрагъэпэщащ Урысейм и лъахэхутэхэм я зэщIэхъееныгъэм къыхилъхьа, «Жыджэрагъ зыхэлъ Iуэхухэр» зи фIэщыгъэ пэхуэщIэм теухуауэ. Апхуэдэу а зэIущIэр екIуэкIащ Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я Налшык къалэ зэгухьэныгъэмрэ ЕгъэджэныгъэмкIэ къалэ IуэхущIапIэмрэ зэрызэдэлажьэ планым ипкъ иткIэ.

Гугъуехьыр пщIэншэ хъуакъым

Уэхъутэ Анзор КъШР-м къыщыдэкI газетым и редактору щагъэувам газет Iуэхум пэжыжьэ дыдэт егъэджакIуэ къызэрыкIуэт. Редакцэми зыри IэщIэлътэкъым, транспорт иIэтэкъым. Пэжщ, газетым и мэкъумэш къудамэр зыIыгъ Къардэн Хьэсанэ езым и ахъшэкIэ къищэхужауэ лъакъуэрыгъажэ иIэти, ар къигъэсэбэпырт.

Гъатхасэр и гуащIэгъуэу йокIуэкI

Бахъсэн шIыналъэм мы илъэсым гъавэхэкIым гектар мин 32-м нэблагъэ щыхухахащ. Илъэс къэси хуэдэу, гулъытэ нэхъыбэ игъуэтащ шхыныпхъэуи, Iусыпхъэуи, жылапхъэуи зыщыгугъ нартыхум - гектар мин I8,5-м ноблагъэ. Ар илъэс блэкIам хасам нэхърэ гектар мини 2,5-м щIигъукIэ нэхъыбэщ. 

Сом мелуанитхум щIигъу

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьакIуэр. Абы шэч хуащI хабзэншагъэкIэ жыгхэр ириупщIыкIауэ. 

Фэеплъ жыг хадэхэр ягъэтIысынущ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ. «Фэеплъ жыг хадэхэр» зи фIэщыгъэ дунейпсо Iуэхугъуэр теухуащ зауэ зэхуэмыдэхэм хэкIуэда ди цIыхухэм я фэеплъу жыгыщIэхэр гъэтIысыным, зэуапIэм икIуэдахэм я лIыгъэр уахътыншэ щIыным, апхуэдэ хадэхэр цIыху кIуапIэ щIыным.

«Шато Эркен» щызэхуос

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр. Ар къызэрагъэпэщащ «Теунов Групп» мэкъумэш, ухуэныгъэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ IуэхущIапIэм, КИФЩI-м и хьэщIэщхэм, ресторанхэм, хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэр зезыгъакIуэхэм я зэгухьэныгъэм, «Деловая Россия» Урысей зэгухьэныгъэм и къудамэу КъБР-м щыIэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу. 

Унэхэр зыхуей хуагъазэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым унэхэр къызыхуэтыншэу щызэгъэпэщыжынымкIэ и щIыналъэ операторым хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, псэупIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным теухуа программэм хиубыдэу мы илъэсым ди республикэм зыхуей щыхуагъэзэнущ фэтэр куэду зэхэт унэ 70-м нэс.
Шэджэм щIыналъэм и жылищым (Щхьэлыкъуэ, Яныкъуей, Шэджэм) жьы хъуа унащхьэхэр щахъуэж - унащхьэ занщIэхэм я пIэкIэ иджырей мардэхэм тету унащхьэхэр яIэт. Ахэр быдэщ, екIущ, уэшхри уэсри щызэтрихьэнукъым.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ