|
Календарь событий
08 февраля 2023
8 февраля, 2023 - 18:37
Налшык и «Спартак» стадионым щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым дзюдомкIэ и республикэпсо зэхьэзэхуэ. Ар хуэгъэзауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм щыщ спортсмен ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм ягъэкIуэнухэр къыхэхыным.
8 февраля, 2023 - 17:26
Иужьрей илъэс зыбжанэм РАН-м и лэжьыгъэм хуабжьу зиужьащ. Абы и Президиумым епхауэ мэлажьэ щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм хэлъ Iуэху къиинхэмкIэ щIэныгъэ совет зыбжанэ. Апхуэдэхэщ гидрофизикэм, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным, хьэршым епха советхэр, дунейпсо щэнхабзэ щIэиныр, тенджызхэмрэ хыхэмрэ, Арктикэмрэ Антарктикэмрэ джыным хуэунэтIа къэхутэныгъэхэмкIэ советхэр, нэгъуэщIхэри.
8 февраля, 2023 - 16:16
Урысей щIэныгъэм и махуэщ.
Урысейм и дзэ топографым и махуэщ
8 февраля, 2023 - 15:12
ЩIы Iыхьэр зы лIэужьыгъуэм къыхагъэкIыу нэгъуэщI лIэщIыгъуэм хэгъэхьэным теухуауэ
Къбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм мазаем и 31-м Налшык къалэ №10-ПП
8 февраля, 2023 - 14:30
Къулъкъужын къуажэм къыщыхъуа, щеджа адыгэ пщащэ Къуэдз Аксанэ илъэс 20-м нэблэгъауэ Германием щопсэу, щолажьэ. Унагъуэщ, пхъуитI иIэщ. Нэмыцэ къэралыгъуэм къыщаIэт сыт хуэдэ адыгэ Iуэхуми жыджэру хэтщ, щIэблэм адыгэбзэр егъэщIэным и гуащIэ хелъхьэ. Аксанэ «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къеблэгъати, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
8 февраля, 2023 - 13:25
Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, 2023 гъэм мазаем и 16-м къыщегъэжьауэ и 18 пщIондэ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм хэгъэгупсо хэкупсэ Iуэхугъуэ щекIуэкIынущ. «Кавказым папщIэ ди псэр ттащ» зи фIэщыгъэ жэрдэмыр Iуащхьэмахуэ лъапэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIахыжамрэ Совет къралыгъуэм и ныпыр бгы щыгум щытрагъэувамрэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу къыхалъхьащ.
8 февраля, 2023 - 12:53
Ленинград щIыналъэм мыгувэу къыщызэIуахынущ хьэпшыпхэр къыщагъэщIэрэщIэж дунейпсо IуэхущIапIэ. Апхуэдэ Урысейм иджыри къэс зэи иIакъым.
8 февраля, 2023 - 12:30
Гъэ еджэгъуэщIэм щIидзэжри, класс унафэщIыр щIыхьащ 6-нэ класс хъуа цIыкIухэр зыщIэс пэшым. Дэтхэнэми я нэгу зырызэ иплъа егъэджакIуэр сабийхэм ехъуэхъури, псори зэхуэдэу фIыуэ зэрилъагъур жиIащ. Ар пцIыт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, фаджэлыджэу хуэпарэ зызэкIуэцIигъэпщхьауэ иужь партэм дэс щIалэ цIыкIур фIыуэ илъагъуртэкъым абы.
8 февраля, 2023 - 11:49
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Коррупцэм щыпIэщIэтынымкIэ лэжьыгъэхэр щызэблэзыгъэкI комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №149-УГ-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
8 февраля, 2023 - 11:15
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Iуэхутхьэбзэхэр зыхуащIэхэм я хущытыныгъэхэр къызэгъэпэщынымрэ ахэр хъумэнымрэ япыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ советым хэтхэр къэщтэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
8 февраля, 2023 - 10:45
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэр унэтIыныгъэ зыбжанэу зэрызэхэтыр, дэтхэнэ зыми лъэпкъ гъащIэм ехьэлIа Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къызэрызэщIиубыдэр къыхэщащ Налшык къалэ иджыблагъэ щекIуэкIа Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэIущIэ убгъуам Сэхъурокъуэ Хьэутий къыщипсэлъам. Тхьэмадэм и псалъэм курых хуищIащ анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ хъумэн икIи зегъэужьын, хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр адэжь лъахэм къешэлIэжын зэрыхуейр. А гуращэхэр зэщIэным лэжьыгъэ зыбжанэ ещIэкIащ.
|