Ар и Iэщэ лъэщщ

Къаруушхуэ зыбгъэдэлъ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я ахъшэри къэралхэм зэрытракъузэ, ахэр жыIэдаIуэ зэращI Iэщэ лъэщуи къагъэсэбэп. Ар я щIэгъэкъуэну ягу иримыхь правительствэхэр традз, къаугъэхэр къагъэхъей, зауэхэр зэхаублэ. АтIэ дэнэ къыздикIар зыми хуимыкIуэту къарууфIэ а долларыр, сыт абы къежьапIэ хуэхъуар? Къэралыр хамэ унафэ къызэрыщIэкIыу долларыр 1785 гъэм бадзэуэгъуэм и 6-м США-м и лъэпкъ ахъшэу уващ.

 Езы «доллар» псалъэр къызытехъукIари ямыдэж Европэм илъэс 500 хуэдизкIэ щIэупщIэшхуэ щызиIа «талер» дыжьын ахъшэрщ. Зэгуэр дыжьын куэду къыщыщIахыу щыта Богемием (Чехием щыщ щIыналъэщ) къыщежьа ахъшэр дыжьыным къыхащIыкIырт, арат я гуапэу щIызэIэпахри. КъызэIуаха континентым талерыр нэзыгъэсар испанхэрщ. МатерикитIыр зыубыда абыхэм Перум, Боливием, Мексикэм дыжьынкIэ егъэлеяуэ къулей щIыпIэхэр къыщагъуэтащ. Ахэр илъэс 300-кIэ ярикъуащ икIи щIэгъэкъуэнышхуэ къахуэхъуащ: а щIыпIэхэм къратырт дунейм дыжьыну къыщыщIахым и процент 85-р. Ар икIи фIагъкIи щхьэпрыкIырт европейхэм ейхэм. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу занщIэу гъуэгу игъуэтащ зи гугъу тщIы дыжьыным къыхэщIыкIа испан песэм. Псом хуэмыдэу американхэм япхъуэтащ: ипэIуэкIэ Британием и колониеу щыта штат 13-м сыт щыгъуи фунт стерлингхэр къащемэщIэкIырт, ауэ итIани хуит ящIыртэкъым езыхэм я ахъшэ къыщIагъэкIыну. Мыбдеж сэбэп къащыхуэхъуащ а песэр, арщхьэкIэ мыбыхэм зэрыщацIыхуар «испан талерхэущ». Арати, а ахъшэмкIэ зэфIагъэкIыу щыхуежьащ сату Iуэху куэд. Ар апхуэдизкIэ цIэрыIуэ хъуати, абы и дамыгъэр иужькIэ США-м и долларми дамыгъэ хуащIащ.

АрщхьэкIэ штат 13-р щхьэхуит хъууэ зэгухьа иужь езыхэм я ахъшэ яIэн хуейуэ Iуэху къыкъуэкIащ. ИпэIуэкIэ зэрыжытIащи, 1785 гъэм США-м и етIуанэ президент Джеффереон Том цIыхухэр зэса долларыр къэралым и ахъшэ нэхъыщхьэу игъэуващ, Унафэр къыдигъэкIынкIэ къыдигъэкIащ, ауэ и теплъэу щытынумкIэ, зэрызекIуэну щIыкIэмкIэ властхэр иджыри илъэси 7-кIэ зэгурыIуэфакъым.

Сытми, 1792 гъэм американ долларыр дыщэмрэ дыжьынымрэ пызыщIэ хабзэ ягъэуващ, арщхьэкIэ иджыри илъэс 70-кIэ тхылъымпIэ ахъшэхэр ящI хъуакъым, хамэ унафэ къыщIэкIыным теухуа зауэр щекIуэкIым къащыщIа щIэщхъу бзаджэр ящIэжырти. Абы щыгъуэм тхылъымпIэ ахъшэхэм дзыхь гуэри хуамыщIыж хъуат.

1787 гъэм къащта американ конституцэм хуит ищIыртэкъым тхылъымпIэ ахъшэ традзэу. Хабзэ нэхъыщхьэм игъэуват, дыщэ дыжьын ахъшэхэр къыхаIущIыкI хъуну, арщхьэкIэ дыщэ, дыжьын гъэтIылъыгъэхэр зимыIэ властхэм абыхэмкIэ ирикъуу къахузэгъэпэщыфыртэкъым къэралыр зыхуейхэр.

Ауэ конституцэм дэпщыпIэ иIэу къыщIэкIащ: штат щхьэхуэхэм ахъшэ традзэ мыхъуну къыщыгъэлъэгъуатэкъым. Ар къагъэсэбэпащ банкир хьилэшыхэм. ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и япэ зэхуэдитIым Штат Зэгуэтхэм къыщыунэхуащ зи ахъшэ тезыдзэ банк куэдыкIей. Апхуэдэхэм къалэн зыщащIыжырт хуей зэрыхъуу зыкъыхуэзыгъазэхэм а ахъшэм хуагъэува дыщэр е дыжьыныр иратыжыну.

 АрщхьэкIэ ари къемызэгъыу къыщIэкIащ: дыщэ, дыжьын, металл лъапIэхэр зимыIэ банкирхэм къыщIагъэкI тхылъымпIэхэм зыри къащIэмыкIыж хъурт. ГъэпцIакIуэр сыт щыгъуи гъэпцIакIуэщ: къулеижьхэм цIыху къызэрыгуэкIхэм ахъшэр дыщэкIэ е дыжьынкIэ къыщахъуэжыфыну IуэхущIапIэхэр уздэкIуэну гугъу щIыпIэхэм къыщызэIуахырт. «Банкинг хьэкIэхъуэкIэм» - арат абы зэреджэр - апхуэдизкIэ зиубгъуати, псори зэхэту ахъшэ тхылъымпIэ зэмыщхьу мини 7-м щIигъу (!) къежьат. Ахэр IэщIагъэлIхэми яхузэхэцIыхук1ыжыртэкъым. «Банкинг хьэкIэхъуэкIэм» американхэм я лъэр нэхъри щIиудащ.

Iуэхур ягъэтэмэмыжу щыщIадзар 1860 гъэм иужькIэщ. Властхэр абы езыхулIар Ищхъэрэмрэ Ипщэмрэ яку къыдэхъуа зауэрщ. Ар иуха иужь, Америкэм япэ дыдэу лъэпкъ валютэ нэс иIэ хъуащ, доллархэм удзыфэ теплъэ ягъуэтащ.

Дунейпсо ахъшэ нэхъыщхьэу долларыр къыщалъытар 1944 гъэм Бреттон-Вуд (США) щекIуэкIа зэIущIэрщ. Абы хэлIыфIыхьари Совет Союзырщ. НаIуэу зэрыщытщи, Америкм и Штат Зэгуэтхэм я президент Рузвельт Франклин Иосиф Сталин къигъэгугъат, ЕтIуанэ дунейпсо зауэр иухмэ, СССР-м и экономикэм зыкърагъэужьыжын папщIэ доллар меларди 7 щIыхуэу пIалъэ кIыхькIэ къритыну. Совет лIыкIуэхэм зи гугъу тщIы зэIущIэм долларыр щыдаIыгъащ, Инджылызым и фунт стерлингхэр IуигъэкIуэтри. Рузвельт лIэри, щIыхуэри кърамыту къэнэжащ, ауэ а ахъшэм и бжьым дуней псор щIэуващ.

 Пэжу, ар СССР-м зыкIи къыжьэхэуакъым: Сталиным зы долларым и уасэу кIэпIейкIэ 30 хуигъэуват, ар 70 хъуауэ Совет Союзыр къутэжащ. Абы иужькIэ къэхъуар дэ ди нэгу щIэкIащ: къыкъуэкIа "реформаторхэм" къэралым и мылъку къигъэхъуапIэ нэхъыщхьэхэу щIыдагъэмрэ газымрэ долларым трагъэтIысхьащ. Долларыр уващ къэралхэм ятрикъузэн, ахэр и унафэм щIигъэтын папщIэ къигъэсэбэп Iэщэ лъэщу. Ауэ абы иджы кIэ егъуэт.

МАХЪШОКЪУЭ Мухьэмэд.
Поделиться: