КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи чэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.
Прохладнэ районым и суд IуэхущIапIэ №3-м зэзыгъэкIуж хеящIэм и къулыкъум илъэсищ пIалъэкIэ лэжьэну абдеж щыхахащ Шэрий Радимэ. КъБР-м Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм и аудитору Пэж Мухьэмэд ягъэуващ.
Депутатхэм къащтащ «Хэхыныгъэхэмрэ референдумхэмрэ ятеухуа республикэ законхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектыр. КъБР-м и Парламентым Хабзэмрэ щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ и комитетым и унафэщI Мэлбахъуэ Борис зэрыжиIамкIэ, абы щаубзыхуащ хэхыныгъэхэм хамэ къэрал агентхэр кIэлъыплъакIуэуи, дзыхь зрагъэзуи, зи пщэ а Iуэхур къыдалъхьа лIыкIуэуи увыну зэры-хуимытыр. КъищынэмыщIауэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм IэIэтыр щыщIидзэнум махуибл иIэжу зрагъэтхын хуейщ (махуищым и пIэкIэ).
Федеральнэ хабзэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм тету зэрагъэзэхуэжащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкур уней зэращIым теухуауэ» КъБР-м и Законри. Абы щагъэбелджылащ къэрал е муниципальнэ мылъкум уасэ хуамыгъэувауэ ящэным и пIэкIэ, апхуэдэм нэхъ мащIэу пагъэувынкIэ хъунур къагъэлъэгъуэн зэрыхуейр. ЗэгурыIуэныгъэр зэрызращIылIэ щIыкIэр КъБР-м и Правительствэм егъэбелджылы.
Депутатхэр арэзы техъуащ «ЦIыхухэр автомобилкIэ, токкIэ лажьэ къалэ транспорткIэ, гъущI гъуэгу транспорткIэ къызэрызэрагъэпэщым и IуэхукIэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 3-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» КъБР-м и законым и проектым. Абы ипкъ иткIэ, гъущI гъуэгу транспортыр къэзыгъэсэбэп цIыху щхьэхуэхэм уасэмкIэ худэчых зэрыхуащI щIыкIэм зрагъэубгъу. Ар зыхуэгъэзар илъэси 7-м щIигъуа школакIуэхэмрэ очнэу еджэ студентхэмрэщ. КъБР-м и Правительствэм и пщэрылъщ зи гугъу тщIахэм Къэбэрдей-Балъкъэрым гъущI гъуэгу транспортым щыщIат уасэм и ныкъуэр яхукIэригъэхуну. Абы текIуэдэну ахъшэр (сом мин 700) къыщылъытащ «КъБР-м и бюджетыр 2024 гъэм, 2025 - 2026 гъэхэм теухуауэ» КъБР-м и Законым (2023 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къащтам). КъызэрагъэлъэгъуамкIэ, къалэхэр зэпызыщIэ гъущI гъуэгу транспортыр къыщагъэсэбэпкIэ, еджакIуэхэмрэ студентхэмрэ папщIэ апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэр мы зэманым къыщагъэсэбэп Урысей Федерацэм и щIыналъэ 70-м щIигъум.
ЗэIущIэм къыщащтащ «Унагъуэр, анэр, адэр, сабиигъуэр хъумэным теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 15-мрэ 22-мрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектыр. КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим зэрыжиIамкIэ, зэхъуэкIыныгъэ халъхьахэм япкъ иткIэ бынунагъуэшхуэхэм Iэмал яIэнущ бын нэхъыжьым и ныбжьыр илъэс 18 хъуху, е ар очнэу еджэмэ, илъэс 23-рэ пщIондэ дэIэпыкъуныгъэр къаIэрыхьэну. Абы текIуэдэну ахъшэр щIыналъэ хабзэм щагъэбелджылынущ.