«Вагъуэ цIыкIухэм» я пшыхь![]() Музыкэ къэрал театрым концерт щитащ Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта и «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблым (художественнэ унафэщIыр Къурашэ Едыджщ). ЩIыналъэ, урысейпсо, лъэпкъыбэ зэхьэзэхуэхэм мызэ-мытIэу адрейхэм щефIэкIа «Вагъуэ цIыкIу» ансамблыр цIыхубэм фIыуэ ялъагъу къэфакIуэхэм ящыщщ. Абы и щыхьэтщ пшыхьым куэд къызэрекIуэлIар. «Вагъуэ цIыкIум» ягъэзэщIащ «Къафэ», «Удж хэш», «Ислъэмей», «Зэныбжьэгъуищ», «Удж пыху», «Мэлыхъуэ», нэгъуэщI къафэхэр. НыбжьыщIэхэм ягъэлъэгъуащ адыгэ къафэм и дахагъэр, лъэпкъ хабзэхэмрэ гъуазджэмрэ хуаIэ лъагъуныгъэр. КърихьэлIахэм пшыхьыр ягу дыхьащ икIи къэфакIуэхэм Iэгуауэ ин хуаIэтащ. «Вагъуэ цIыкIу» ансамблым и зэфIэкIым кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр нэрылъагъущ. Республикэм и щэнхабзэ, гъуазджэ зэхыхьэхэр зыгъэдахэ гупым и къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм я хьэл-щэныр, я зэфIэкIыр куэдым я дежкIэ щапхъэщ, абыхэм я ехъулIэныгъэхэм уригушхуэ хъунущ. Къафэм къыдэкIуэу, ахэр пшынэмрэ бэрэбанымкIи зэрымыхуэмыхур къагъэлъэгъуащ. Ар зи фIыщIэр сабийхэм псэемыблэжу ядэлажьэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, пшынауэ цIэрыIуэ Сэхъу Хьэсэнрэ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, бэрэбэнауэ Iэзэ Шэрэдж Алийрэщ. ЦIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблым хэтхэр я фащэкIи къызыхуэтыншэу зэпэщу утыку зэритыр нэр зыгъэгуфIэщ. Щэнхабзэ зэхуэсхэмрэ фестивалхэмрэ зэрызыкъыщагъэлъагъуэм и фIыгъэкIэ, гупым Iуэху бгъэдыхьэкIэ щIэщыгъуэхэм зыхагъэгъуазэ, я зэфIэкIым хагъахъуэ. Къурашэ Эдыдж и гъэсэн ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIым куэд дехьэх. Республикэр зэрыгушхуэ мы къэфакIуэхэр хамэ къэралхэми къыщацIыхуащ. Пшыхьыр ягъэдэхащ «Вагъуэ цIыкIу» ансамблым я ныбжьэгъухэм: «Гордость Кавказа» (художественнэ унафэщIыр Жанатаевэ Иренэщ), «Каллисто» (художественнэ унафэщIыр Романихинэ Иринэщ), «Бахъсэн ауз» (художественнэ унафэщIыр Нэхущ Маринэщ), «Ритмы гор» (художественнэ унафэщIыр ЩIанкIэ Аслъэнщ) ансамблхэм, Сэхъу Хьэсэн и пшынэбзэм.
Поделиться:
Читать также:
27.06.2025 - 12:02 →
Котляровхэ я лэжьыгъэм гулъытэ къыхуащI
22.06.2025 - 15:34 →
ЩIалэгъуалэ зэчиифIэ тхуегъасэ
15.06.2025 - 10:57 →
Сосрыкъуэрэ Хумайрэ зэдожьу
14.06.2025 - 12:54 →
IутIыжым и цIэкIэ ягъэува саугъэтхэр
14.06.2025 - 10:52 →
Фащэр щыптIэгъамэ, хьэл-щэнкIи удекIупхъэщ
|