Къалэн нэхъыщхьэхэр яубзыху

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «щIыналъэхэм я сыхьэт» зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Къалэ, район администрацэхэм я унафэщIхэр зыхэта зэхыхьэм Iуэхугъуэ зыбжанэм щытепсэлъыхьащ.

Республикэм и Iэтащхьэм къызэхуэсахэм гулъытэ хуригъэщIу къытеувыIащ УФ-м и Президент Путин Владимир Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ советымрэ Къэрал советым социально-экономикэ зыужыныгъэмкIэ и комиссэмрэ я зэIущIэхэм къыщигъэлъэгъуа Iуэхухэм. Ахэр теухуащ псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ зэхуагъэувыжа мурадхэр зэгъэхъулIэнымкIэ лъэпкъ проектхэр, программэхэр щIэуэ зэхэлъхьэным, щыIэхэр гъэзэщIэным. 
«Президентым зэрыжиIам хуэдэу, псоми ди къарур зэщIэдгъэуIуэу, «фронт IэнатIэм дыIутым хуэдэу», дылэжьэн хуейщ, абыкIэ Iэмал псомкIи дыкъызэгъэпэщащ. Къалэн нэхъыщхьэр - дзэ Iуэху хэхам къытхуигъэувхэращи, ди щIалэхэр зэрыдэтIыгъыным зэфIэкIыу диIэр етхьэлIэнущ. Ауэ апхуэдэуи псэукIэр зэредгъэфIэкIуэным, социально-экономикэ щытыкIэм зэрызедгъэужьыным дыхущIэкъупхъэщ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек икIи Правительствэмрэ къалэ, район администрацэхэмрэ а Iуэхум жыджэру къыхыхьэну пщэрылъ ящищIащ.
Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ социальнэ объектхэмкIэ, инфраструктурэ проектхэмкIэ ягъэзэщIэн хуей Iуэхугъуэхэр яубзыхуа пIалъэм тету зэрекIуэкIыр.
Апхуэдэу зэIущIэм къыщагъэлъэгъуащ мы илъэсым и япэ мазитхум ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэр. «Дэ езым диIэ хэхъуэр проценти 120-м нэблэгъащ. Социальнэ Iуэхухэм тедгъэкIуадэ мылъкум хэдгъэхъуащ. Псом япэрауэ, бюджет IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я улахуэм шыщхьэуIум и 1-м хэдгъэхъуэну ди мурадщ. КъищынэмыщIауэ, худэчых зиIэхэр хущхъуэкIэ къызэгъэпэщыным сом мелуан 200 зэрыхухэтхыным теухуа унафэр мы махуэхэм къэтщтащ. 2019 гъэ лъандэрэ а Iуэхум тедгъэкIуадэ мылъкум тIэкIу-тIэкIуурэ хуэдитхукIэ хэдгъэхъуащ. Иджыпсту а ахъшэр сом мелард 1,05-м щIегъу, адэкIи дыкъызэтеувыIэнукъым», - къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ мылъку къегъэщIыным темыщIыхьа, жыг гъэкIыным елэжь зэгухьэныгъэхэр газкIэ къызэгъэпэщыным, ­гъуэгу ухуэныгъэм, щIыналъэм щрагъэкIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэхэм ятеухуа лэжьыгъэр зэрекIуэкIым, Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм хуэгъэпсауэ ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэм.

Поделиться: