Нэхъыбэ къыщызлэжьыр си Хэкущ

«ЩIалэгъуалэр Хэкум йокI!» Ар къулыкъущIэхэм къафIэIуэхун хуей гуэру зэрыщытыр утыку къыщрахьащ Осетие Ищхъэрэ - Аланием я Парламентым. 
 Пэжыр жыпIэмэ, щIалэгъуалэм Хэкур зэрабгынэр гукъеуэу къыщалъытэр Осетием и закъуэкъым. Зызэман Кавказым, я лъэпкъымрэ къупщхьэмрэ зэса адэжь щIыналъэм щыпсэун папщIэ, мэзхэм, къуакIэбгыкIэхэм зыщагъэпщкIуныр, уеблэмэ нэгъуэщI кавказ лъэпкъым яхэшыпсыхьыныр Хэкур яфIэкIуэдыным нэхърэ нэхъ бэлыхь цIыкIуу къэзылъытэу щыта бгырысхэр иджы жыджэру хамэ къэралхэм мэIэпхъуэ. «Осетием икIыу Америкэм Iэпхъуахэм я бжыгъэр миным фIэкIри, минипщIым щхьэдэхащ, - жеIэ осетин блогер Пухаев Алик. – Сэ зыри жысIэнутэкъым щIалэгъуалэр, япэм ещхьу, илъэс зыбжанэкIэ зыщIыпIэ щылажьэу, ахъшэ зэхуахьэсу, иужькIэ къагъэзэжу я насыпыр Хэкум щаухуэн папщIэ ежьэу щытамэ. Ауэ иджы Iэпхъуэхэм къагъэзэжын Iуэху зэрахуэркъым. Хъыбар зэхэтхыжхэм ятепщIыхьмэ, псалъэм папщIэ, Америкэм щыIэ Чикагэ къалэм апхуэдизкIэ осетин куэд, псом хуэмыдэу Алагир щыщу, Iэпхъуащи, зи сабийхэр пщIантIэм къыдэзыш анэхэр осетиныбзэкIэ зэпсалъэу апхуэдэщ». 
Пухаевым и Iуэху еплъыкIэр цIыху щхьэхуэм и гукъеуэу къанэмэ, лъэпкъыр зытекIуадэ бэлыхьым езым бгъэдэлъ къарумкIэ пэщIэувэну мурад ищIащ щIэх-щIэхыу зи жэрдэмхэмкIэ утыку къихьэрей Парламентым и депутат Дидаров Сослан: 
- Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, Сахалин щыпсэу ди лъэпкъэгъу хьэрычэтыщIэ Тадтаев Аслъэн деж щэ бжыгъэкIэ цIыхухэр мэIэпхъуэ. Сыт щIэIэпхъуэр? ЛэжьыгъэкIэ къызэрагъэпэщ, я псэупIэр пщIэншэщ, махуэм щэ и уасэр ирамыту щагъашхэ, гъащIэм лъабжьэ зэрыщигъэтIылъын IэмалыфIхэр къыхуагъэлъагъуэ. ИтIани, сэ сызэреплъымкIэ, мы республикэм къэрал унафэ щызыгъэзащIэхэм ди къалэн нэхъыщхьэр цIыхухэр Сахалиным, Америкэм е нэгъуэщI щIыпIэ щIэIэпхъуэн щхьэусыгъуэ ямыIэу тщIынырщ, гъащIэр мыбдежым зэрыщытыпхъэу щызэтедухуэнырщ. Сэ си ныбжьым ит, илъэс 30 иримыкъуа цIыху куэд дыдэ Америкэм Iэпхъуащ. Языныкъуэ къулыкъущIэхэм жаIэ хабзэщ: «Дэ ди цIыхухэр лэжьэну хуейкъыми аращ Хэкум щIикIыр». Апхуэдэ гуэри уримыхьэлIэу жысIэнкъым, ауэ мы зи гугъу сщIы щIалэгъуалэм ар яхужыпIэфынукъым. Дауэ жэщи махуи машинэшхуэм ису гъуэгу тетхэм, машинэхэр ятхьэщIу лажьэхэм щхьэхынэкIэ узэреджэнур? Дунейм теткъым ахэр зыпэрымыхьэ лэжьыгъэ! Сыт щIэлажьэр? Гугъу зэрызрагъэхьым улахуэфI къызэрыпэкIуэнур ящIэри! Къысхуэвгъэгъу, ауэ абыхэм илъэс зытIущ фIэкIа дэмыкIыу, Владикавказ, Мэзкуу фэтэрхэр къыщащэхуф, я адэ-анэм машинэ тыгъэ хуащIыф, апхуэдэ щапхъэхэр мащIэкъым. Щхьэусыгъуэ куэдыIуэ щыIэщ цIыхухэр мы щIыпIэм иIэпхъукIыным тригъэгушхуэу. Мес, нэхъыжьхэр къыдоупщI: сыт гъащIэм ехъулIэныгъэу къыщыплъытэ хъунур, жаIэри. Сэ сызыщIэхъуэпсри ехъулIэныгъэу къэслъытэнури зыщ: Осетием къыщалъхуа-щапIа щIалэ-хъыджэбзхэм Осетием сиIэпхъукIарэт жамыIэн хуэдэу, ди псэукIэр зэтедухуэнырщ. Осетием зыщиузэщIыну хуейуэ щрет осетин щIалэр, и къэшэныр мыбы къыщигъуэтыжрэ унагъуэ щиухуэу, бын къыщIэхъуэр щипIу, Хэкум лъабжьэ щигъэтIылъыну нэхъ къыщищтэу. Зи щIалэгъуэ цIыхум и хъуэпсапIэ псори Осетием епхауэ тхуэщIыныр си гуращэщ. ИтIанэщ дэ тхуэдэу къулыкъу зезыхьэхэм я къалэныр ягъэзэщIауэ, зыгуэр яхузэфIэкIауэ зыкъыщалъытэжыпхъэр. Хамэ къэралхэм зыгъэпсэхуакIуэ ирекIуэ, ауэ я насыпыр Осетием епхауэ къренэ! Сэри сыхуейщ зэгуэр Америкэм сыкIуэну. Ауэ сыщIыхуейр тхьэмахуэ зы-тIу зыщысплъыхьу, ди псэукIэхэр зэслъыту, си къэухьым зезгъэужьын къудей папщIэщ. Сэ сыхуейкъым абы сыщыпсэуну. Шэч къытесхьэркъым Америкэм Iэпхъуа ди лъэпкъэгъухэм я нэхъыбэми Осетием щыпсэуну нэхъ къызэращтэнум. Дэтхэнэ зыри мыбы нэхъ щотынш. Мыбы Iыхьлыхэр щопсэу. ГупсысэкIэкIэ ущызэтемыхуэ къэхъуу щытми, ар къыбдалъхуа гупсысэкIэщи, узэгурыIуэжыну гугъукъым. Дэтхэнэ зыри хуейщ мыбы щыунэну. Ди щIыуэпсым и дахагъыр, хьэуар, шхыныр, бгыхэр – Осетием сытри щытелъыджэщ, дэбгъуэн щымыIэу. Сыт-тIэ цIыхухэр мин пщIы бжыгъэкIэ мыбы щIиIэпхъукIыр? ДызыщыукIытэн щыIэкъым. Дэр-дэру жэуап къэдвгъэгъуэтыж». 
 Пухаевымрэ Дидаровымрэ зытепсэлъыхь щытыкIэм и курыкупсэм дэри дитщ, ар Кавказ республикэхэм ди зэхуэдэ гукъеуэщ. Шэч хэлъкъым Сослан зыхуигъэувыж упщIэхэм хуэдэ дэтхэнэ зы къулыкъущIэми зритыжын зэрыхуейм. Абыхэм я къалэн нэхъыщхьэр цIыхухэм я Iуэху дагъэкIынырщ. Сыкъыщалъхуа щIыналъэм си щхьэ зэрыхуэзгъэфащэм хуэдэу сылажьэрэ сышхэжу сыщумыгъэпсэуфынумэ, сыт и мыхьэнэр си псэукIэр зэрызекIуапхъэ хабзэхэр уэ дзыхь зэрыпхуэсщIам? 
Ауэ Iуэхум нэгъуэщI зыгуэри хэлъщ. Ар «зыхуейр къалэжьыжыфу» ягъасэ щIалэгъуалэм адэ-анэ къалэни, хабзэ Iуэхуи къащытемыхьэлъэ хамэ псэукIэр нэхъ къызэращтэрщ, я Iыхьлыхэм яхуэгъэзауэ я гум къыщыушыпхъэ гурыщIэхэр зэраIэщIэхурщ. «ЛIо мыбы щыIэр?», «Абы нэхъыбэ къыщыболэжь», - аращ «Щхьэ фыкъэмыкIуэжрэ?» упщIэм къыпэкIуэ жэуапу зэхэтхыр. «ЛъэпкъгъэкIуэд зращIылIа, я Хэкум ирахуа лъэпкъым укъытехъукIауэ, дауэ хамэ къэралым ущыпсэуныр уи гукъыдэжкIэ къызэрыхэпхынур?» упщIэри хэт зыхуэбгъэзэнур? Хьэмэ сыт хуэдэ зэман адыгэр ныбаблэу щыщытар, къыхэхъуэ мылъкум нэхърэ нэхъ къыфIэIуэху щымыIэжу? Ди Хэкур апхуэдэ дыдэу мыхьэнэншэу щытамэ, мин бжыгъэкIэ хамэ щIыпIэхэм къикIа лэжьакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ исынтэкъым. 
Хамэ къэралым щылэжьэфын, щыпсэуфын хуэдэу, зи къарухэр зэрыубыда пщащэр е щIалэр ику иту зэрыхъур илъэс 30-щ. Илъэс 30 зи ныбжь бын зиIэ адэ-анэр, шэч хэмылъу, ирогушхуэ ахэр хамэ къэрал зэригъэкIуэфам, абы и лъэр быдэу щигъэувын хуэдэу къару зэрыбгъэдэлъым. Ауэрэ езыхэм я ныбжьыр хокIуатэ, арщхьэкIэ гугъу зэрехьам къыпэкIуэу къыкIэлъыкIуэ щIэблэр къащIэувэну щыгугъ пэтми, хэкупсэу къамыгъэтэджа я къуэхэмрэ япхъухэмрэ щыпсэуну къыхахыр «нэхъыжь-нэхъыщIэ бэлыхьым» хэмыту, я гъащIэр «щIалэу» щрахьэкIыфыну къэралхэрщ. 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: