Бэлэрыгъыр хилъэфэнущ

УФ-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Бзэ щIэныгъэ институтым хэт, зи цIыху бжыгъэр куэд мыхъу лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэнымкIэ лабораторэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Казакевич Ольгэ зэрыжиIэмкIэ, бзэхэр хуэм-хуэмурэщ зэрыкIуэдыжыр. 

 Зыр адрейм нэхърэ нэхъ махэ е нэхъ лъэщ хъуныр къызыхэкIыр социально-экономикэ лъэныкъуэкIэ щыIэ зэхуэмыдэныгъэхэрщ. Псалъэм папщIэ, я хэку цIыкIум къыщалэжьыр мащIэмэ, цIыхухэр улахуэр щынэхъ ин, ауэ и бзэр къыщымысэбэп, бзэ нэхъ лъэрызехьэ здэщыIэм макIуэ. Абы и бынхэри къыщохъу, хошыпсыхьыж.

«IумпIэр зыIыгъ уей-уей жезыгъэIэхэм я бзэм и пщIэр нэхъ инщ, ар нэхъ ехьэжьащ сытым дежи, щIэныгъэ зэрызрагъэгъуэтри аращ, гъащIэм ущехъулIэнымрэ бейуэ ущыпсэунымрэ абы епхащи. АпхуэдэпщIэ зимыIэ «бзэ цIыкIум» ирипсалъэм и анэдэлъхубзэр сабийхэм яригъащIэкIэ мыхьэнэ имыIэу, бзэ нэхъ лъэщыр зрагъащIэмэ, нэхъыбэ зрагъэхъулIэфыну къыщохъу, насыпыфIэ хъун щхьэкIэ, ар яхурикъунущ къызэралъытэр. Аращи, зы бзэм и пщIэр адрейм IэщIиха нэужь, бзэ цIыкIум ирипсалъэхэр бзэшхуэм тохьэ», - жеIэ Казакевичым.

Совет Союзым щыщ лъэпкъхэм къащыщIар ардыдэрщ. 1920 - 1960 гъэхэм КъуэкIыпIэ Жыжьэм, Сыбырым, Урысей Ищхъэрэм щыщ сабийхэр езыхэм я анэдэлъхубзэр щыземыкIуэ школ-интернатхэм ирату щытащ, я бзэкIэ щыпсэлъэну къыхуамыдэу. Бзэ нэхъ цIыкIур къэбгъэщхьэпэмэ, укIуэцIрыхуауэ, зэманым улъэщIэмыхьэу, щIэныгъэм ухуэхейуэт къызэралъытэр. БзитI зыщIэ адэ-анэм ахэр я бынхэми ирагъэщIэну хэтт. Ауэ сабийм занщIэу «бзэшхуэр» зригъащIэмэ, и гъащIэри нэхъ щIэщыгъуэ, езыри нэхъ насыпыфIэ хъуну къафIэщIырт.

Австралием щыIэ Лъэпкъ университетым къэхутэныгъэ иригъэкIуэкIащ, бзэхэр мин бжыгъэкIэ зэIапщIыкIащ, ахэр щIэкIуэдыж щхьэусыгъуэр къыхахутыкIын папщIэ. КъызэрыщIэкIамкIэ, япэ итыр школым къыщIах щIэныгъэрщ, сыту жыпIэмэ, бзэ нэхъ лъэрызехьэм адрейхэр ирегъэкIуэтыпэ.

ЕтIуанэ щхьэусыгъуэр гъуэгухэр нэхъ Iув зэрыхъуам тралъхьэ. Зы лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, «зи псэр хэкI» бзэм и щIэщыгъуагъыр къыпхуэгъэщIэрэщIэжынущ. Ауэ езы дунейр нэхъ зэрыубыда зэрыхъуам, зы псэукIэ хабзэм зэрыхуэкIуэм апхуэдэ гукъыдэж къыпхуигъанэркъыми, цIыхухэм бзэ нэхъ къарууфIэм зрат.

Къэхутэныгъэм хэта щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, зэрыпхъумэн Iэмал иумыхьэлIэмэ, илъэс 80 хуэдиз дэкIмэ, бзэ кIуэдыжхэм я бжыгъэр 5-кIэ нэхъыбэ хъунущ, 2060 гъэм ирихьэлIэу кIуэдыжа бзэхэр щыкIэ нэхъыбэу къыщIэкIынущ, нобэ елъытауэ.

2022 - 2032 гъэхэр ООН-м «Лъэпкъыбзэхэм я дунейпсо илъэсипщIу» игъэIуащ. А зэманым къриубыдэу, бзэ кIуэдыжхэр зыIууэ лъэпощхьэпохэр яхуэгъэмэщIэну щогугъ. Иджыпсту куэдым дзыхьышхуэ хуащI интернет IэмалкIэ бзэ зэрыпхузэгъащIэм. Псалъэм и хьэтыркIэ, адыгэбзэр хамэбзэ хуэдэу езыгъэдж, Налшык дэт «Зерат» школым адыгэбзэр пэIудзауэ зэрызрагъащIэ курсыщIэ иджыблагъэ утыку къыщрахьащ.

Ауэ щытыкIэм зихъуэжын папщIэ, бзэр зэбгъащIэкIэ зэфIэкIынукъым. Сыт а бзэм ирипщIэфынур? Аращ бзэщIэ зэзыгъащIэм и щхьэм къиувэ упщIэр. «Сыадыгэщи, адыгэбзэ сымыщIэу хъунукъым» гупсысэм зыкъомрэ уи лъэр щIигъэкIынущ, ауэ анэдэлъхубзэр къыщыщхьэпэ щIэныгъэ, лэжьыгъэ къудамэхэр нэхъыбэ мыхъумэ, абыкIэ зэджэн, зэплъын, зэдэIуэн, и къэухьым зэрызригъэужьын Iэмалхэм замыубгъумэ, кIэщIу жыпIэмэ, уи насыпыр абы емылъытамэ, зэбгъэщIари псынщIэу пщогъупщэж.

Бзэ цIыкIухэм щIэгъэкъуэн яхуэхъу программэхэр Урысейми дуней псоми щызокIуэ. «Урысейм и бзэ цIыкIухэр» интернет-лабораторэр апхуэдэхэм я щапхъэщ. Адыгэбзэр, къэбэрдей-шэрджэсыбзэр абы къызэрыщыгъэлъэгъуар «тIасхъэ» гупым яхэтущ. Хэт пцIы теплъхьэн, ауэ интернетым гъунэ имыIэжу зыщиубгъуауэ, щIалэгъуалэр бзэм ирипсалъэ-ирилажьэу, къыхуэтышхуэ щымыIэ хуэдэущ адыгэбзэр абы зэритыр, Урысейм кIуэдыжыпIэм иту къыщалъытэ адрей 112-м хуэдэу мыкъарууншэ дыдэу.

Зи къару къезыгъэблыжыну хуей бзэхэм защIэзыгъакъуэ мылъку IуэхущIапIэхэри щыIэу жаIэ. «Раусин Ганс и бзэ проектым» зэрылэжьа илъэси 10-м къриубыдэу доллар мелуан 20-м нэс ятригъэкIуэдащ дуней псом лъэрымыхь щыхъуа бзэхэм зыкърагъэужьыжыным, - етх РБК хъыбарегъащIэм и журналист Пироговэ Екатеринэ. 

ИтIани, жыджэракIуэ зырызхэм я къарум зрагъэубгъупэу щытми, цIыхубэр я анэдэлъхубзэм зэрыхущытым зимыхъуэжмэ, псапащIэхэр хэлъэдэн-хэжыжыным и гъунэм ебэкъуэфынукъым. Хамэ лъэпкъым хэшыпсыхьыну, абы и фэ къытеуэну цIыхум и гум къыщыхуидэкIэ, адыгэбзэ ебгъащIэкIи апхуэдэр нэхъ насыпыфIэ пхуэщIынукъым. Ауэ щыхъукIэ, Адыгейми Къэбэрдей-Балъкъэрми щымащIэкъым адыгэхэм зэрадэпсэум къыхэкIыу, я бзэр зрагъэщIэныр игъуэу зыгъэува урысхэр, корейхэр, тыркухэр, къинэмыщIхэр. Уеблэмэ Налшык иIэ бэзэр ЩхъуантIэм тет узбекхэм яхэтщ адыгэбзэм уэр-сэру ирипсалъэ. А щапхъэхэми къагъэлъагъуэ «ныбэм и Iуэхур» псом япэ зэритыр.

ЧЭРИМ Марианнэ.

 

Поделиться: