Тотрэш и лIыгъэр

Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым и лэжьакIуэ Быхъурэ Мухьэмэд къызэрилъытэмкIэ, Тотрэш ехьэлIа сюжетхэм я бжыгъэр пашэу нарт эпосым къыхэщыж лIыхъужь нэхъыщхьэхэм яйм хуэдиз мыхъуми е абыхэм хуэдэу циклышхуэ щхьэхуэ къамыгъэщIми, мы лIыхъужьым и шыфэлIыфэр ящыщщ нэхъыбэу IуэрыIуатэм къыхэнахэм. 

Гъуо Хьэбашэ къиIуэтэжауэ щыта хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, нартхэм я санэхуафэм щрагъэкIуэкI шурылъэсым Сосрыкъуэ текIуэныгъэр щызыIэрегъыхьэ; абы иригушхуэу къыздэкIуэжым, Тотрэш ирохьэлIэ; а тIум я зэхуаку зэныкъуэкъу къыдохъуэри, Сосрыкъуэр къыщыхигъащIэкIэ, Тотрэш йолъэIури, пIалъэ кърет; Сосрыкъуэ къэсыжу къэхъуар и анэ Сэтэней щыхуиIуэтэжкIэ, Iэмалрэ бзаджагъэкIэ абы тригъэкIуэну къегъэгугъэ; пIалъэр къэсу Сосрыкъуэ ежьэн щыхъум, шы сокумрэ шыкIэмрэ уэзджынэ хухещIэри еутIыпщ; Iуащхьэ лъапэм щынэсым, Сосрыкъуэ пшагъуэ зрещIэкI, уэзджынэхэр зэщIэжьыуэу пшагъуэм къыщыхэжкIэ, Тотрэш и шыр мащтэри йолъ; абы къигъэгубжьа Тотрэш и шыр къыщыжьэдикъуэкIэ, шыжьэр щIеудри шым къыпоху; апхуэдэ щIыкIэкIэ хутыкъуа лIыхъужьым Сосрыкъуэ пIалъэ иритыжын имыдэу, и щхьэр фIехри и анэм хуехьыж. Пкъыгъуэ щхьэхуэхэм нэгъуэщI къэIуэтэкIэ яIэми, е зыгуэрхэр хэмытыххэми, е лIыхъужьхэм я цIэхэр щызэтемыхуэ щыIэми, мы сюжет жыIэжыкIэращ дэнэ щIыпIэкIи нэхъ щызекIуэр.
КъищынэмыщIауэ, Сосрыкъуэрэ Тотрэшрэ зэрызэзэуар къэзыIуэтэж сюжетым нэмыщI, IуэрыIуатэм дызытепсэлъыхь лIыхъужьым и цIэр къыхэщу нэгъуэщI зыми – «Нартыжь уэрэдым» – ущрохьэлIэ.
Хъыбар, пшыналъэ нэхъыбэм къызэрыхэщымкIэ, Тотрэш Албэчрэ Бырымбыхурэ я къуэ ебгъуанэщ, Бырымбыхур езыр Сэтэней и шыпхъущ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Тотрэшрэ Сосрыкъуэрэ зэшыпхъуитIым я бынщ, ауэ, апхуэдэу щытми, къызэрыщIэкIымкIэ, ахэр зэфIкъым. Сэтэней и шыпхъум и къуибгъум ящыщу ир Сосрыкъуэ ирегъэукI, ебгъуанэм, Тотрэш, и щхьэр къихьынымкIи сэбэп хъуну къегъэгугъэ. Мыпхуэдэу зэрыщытым хыболъагъуэ пасэрейхэм яхэлъа гупсысэм и зы лъэужь: бын зимыIэ Сэтэней и шыпхъу быныфIэм йофыгъуэжри бий хуохъу. Ауэ, гъэщIэгъуэнращи, хъыбархэм, пшыналъэхэм къазэрыхэщымкIэ, Сосрыкъуэ Тотрэш и щхьэр къихьа нэужь, Сэтэней мэгубжь, лэныстэр едзри Сосрыкъуэ и лъэдакъэм зыхрегъадзэ, икIи апхуэдэ щIыкIэкIэ и шыпхъум и къуэм илъ ещIэж. Зэрынэрылъагъущи, мыбдежым гурыIуэгъуащэкъым, Сэтэней и IуэхущIафэр къызыхэкIыр. Ауэ, щIэныгъэлIым зэрыхуигъэфащэмкIэ, мыбдежым IуэхугъуитI щызэхэухуэнащ: зы лъэныкъуэкIэ, Сэтэней, апхуэдиз зэфIэкI зиIэм, и псэм хутегъахуэкъым, и мылъхукъуэм зыгуэр къыпэлъэщу, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ, анэ лъэхъэнэм къигъэув хабзэмкIэ, Сосрыкъуи Тотрэши зы лIакъуэм щыщщи, шыпхъум и къуэ укIыныр хуэдэщ езым и къуэ дыдэр яукIам. Сосрыкъуи Тотрэши зы анэ лIакъуэм щыщщ, Тотрэш хэкIуэдащи, лIакъуэм зы цIыхукIэ щыщIэныгъэ игъуэтащ. Аращ Сэтэней и мылъхукъуэм жыр лэныстэр щIыкIэлъидзари.
 Сосрыкъуэ и шыр уэзджынэкIэ зэрызэщIэблар къатщтэми, аркъудейми пасэрей дуней еплъыкIэм и лъэужь зэрыхэлъым щIэныгъэлIхэм гу лъатащ. Псалъэм папщIэ, М.М. Бахтин и лэжьыгъэхэр тегъэщIапIэ ищIкIэрэ, З.Д. Джапуа апхуэдэ гупсысэ и лэжьыгъэхэм къыщеIуатэ. Сосрыкъуэрэ Тотрэшрэ щIызэзэуам и гугъу пщIыми, абы и щхьэусыгъуэ зыбжанэ вариантхэм къыхобелджылыкI. Абыхэм ящыщ зыщ, ищхьэкIэ зэрыщыжытIащи, езым нэхърэ нэхъ лъэщ къигъуэтын мурад лIыхъужьым зэриIэр, ныкъуэкъуэгъу хуэхъури и анэ шыпхъум и къуэу зэрыщытыр. Абы лъабжьэ хуэхъуащ лъэпкъ куэдым я деж щызэлъыщIыса «адэр къуэм зэрезауэр», нэхъ тэмэму жыпIэмэ, «лIыхъужьыр и Iыхьлым зэрыпэщIэувэр» гупсысэр. Абы къежьапIэ хуэхъуащ зэгуэр пасэрей цIыхум яхэлъа пащтыхьыгъуэ зэIэпыхыкIэм къишэу щыта зэхущытыкIэр: жылагъуэм, лIакъуэм яIэнкIэ хъуну ехъулIэныгъэхэр зэлъытар тепщэм бгъэдэлъ щIалагъэрт, узыншагъэрт, къарурт. Жьы хъурэ ахэр къэтIэсхъамэ, тепщэныгъэр и щIэблэм фIиубыдынкIэ хъурти, ар зэрызыIэщIимыгъэкIыным, модрейми зэрызыIэригъэхьэным хущIэкъухэрти, я зэхуаку зэныкъуэкъу къыдэхъуэрт. Ауэ кIуэ пэтми цIыхум и къэухьым зиужьу мыпхуэдэ «Iуэху зехьэкIэр» зэхана пэтми, а гупсысэр IуэрыIуатэм занщIэу щыкIуэдыжкъым. 
Тотрэш лIыгъэкIэ Сосрыкъуэ зэрефIэкIыр мыпхуэдэ щIыкIэкIэ эпосым къыщыгъэлъэгъуащ:
Мыкъутыр и бжыкIти, 
И шы бэкъум къыдидзащ, 
И дзэжэщIми къыридзэри, 
Бжыпэм фIэлъуи дыридзейщ, 
Бжэныцрэ хьэцыпэу зэрихьэщ, 
Ирихьэхри щIым иригулIащ, 
Вийм ямыгъэзэныр, 
Дамэ къуапэкIэ иригъэващ, 
Вийм я пщIантIэпсри 
И натIэм къыпхихуащ, 
И анэм и быдзышэри 
Iубыгъуищуи къыжьэдихуащ, 
Щхьэр фIэхынми нэсащ… 
А псом къикIращи, щапхъэ къэтхьахэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, сюжетым щызэхэухуэнащ пасэ дыдэу къэунэхуа гупсысэхэмрэ нэхъ иужьыIуэкIэ IуэрыIуатэм къыхыхьахэмрэ, икIи а щытыкIэр адрей сюжетхэми хыдолъагъуэ. Апхуэдэщ, кIапэлъапэу фIэкIа, ирикъуу ди лъэхъэнэм къэмыса «Нартыжь уэрэдри». Пэжщ, зи гугъу тщIам къыщхьэщыкIыу, мы уэрэдым сюжет укъуэдия иIэрэ зы Iуэхугъуэм теусыхьауэ щыткъым. Абы щыгъуэми, лIыхъужь нэхъыщхьэу Батрэз вариант куэдым къызэрыхэщым къыхэкIыу, щIэныгъэлIхэм уэрэдыр абы и циклым хагъэхьэ. 
ЖыпIэ хъунущ игъэзащIэ щэнхабзэ къалэным теухуауэ, Тотрэш лIыхъусэжь хъыжьэм и щапхъэ гъуэзэджэу къызэрыкIуэр, и IуэхущIафэкIэ, игъэхъа лIыгъэкIэ, къызыхэкIа унагъуэм теухуауэ пшыналъэ укъуэдия иIэну зэрыхуэфащэр. 
 

 

Беслъэней Гуащэмахуэ.
Поделиться: