Дыгъэм игъэфIа сурэтхэр

Гъэмахуэ дыгъэр щIылъэм къыхуэгуапэу, бзухэм уэрэд кърашу, жыгхэр я къудамэ щхъуантIэхэмкIэ зэжьэхэуэу, уафэм и къабзагъэм дунейр фIыуэ уигъэлъагъуу зы махуэ дахэм сурэттеххэм «Свой ­стиль» зыфIаща клубым ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэм щигъэлъэгъуащ республикэм и сурэттеххэм я лэжьыгъэхэр. 

Ар налшыкдэсхэми, паркым зыщызыплъыхь хьэщIэхэми я гум дыхьащ. Сурэтхэм яхэтт ­республикэм и щIыпIэ дахэ­хэмрэ ди щIыуэпсым и телъыджагъэмрэ къыщыгъэлъэгъуа­хэр, цIыху сурэтхэр, ухуэныгъэ щхьэхуэхэм я теплъэхэр е пкъыгъуэ щIэщыгъуэ гуэрхэр къызэ­рыщхэр. Дауи, сурэт къэс зыгуэр зыхыуагъащIэрт: щIыуэ­псым уеплъмэ, уи гур игъэ­псэ­хурт; цIыхухэм я нэпкъ­пэпкъхэр зэпыпплъыхьмэ, абыхэм сурэ­тыр щытрахым яIа гукъыдэжыр къэпщIэну я гуфIэкIэмрэ къэп­лъэкIэмрэ пхурикъурт; унэхэм, IуэхущIапIэхэм е хьэпшыпхэм я сурэтхэм къахэбубыдыкIырт су­рэттехым абыхэм щIэщыгъуэу яхилъэгъуар. Уафэри, мэзхэри, нэпкъхэри, унэхэри, цIыхухэри къэгъэлъэгъуат щэху гуэрхэр яхэлърэ удахьэхыу. 
Къарей Элинэ, Шипуновэ Иринэ, Бекоев Геннадий, Лукьяненкэ Иван, Журт Хьэсэн, Байсиев Ахмат, Ванинэ Наталье, Пузенкэ Дмитрий сымэ я лэжьыгъэщ зи гугъу тщIахэр. Абыхэм еплъ цIыхухэм упщIэ яIэмэ, сурэттеххэр хьэзырт жэуап иратыну. 
«Адыгэ псалъэ» газетым и суррэттех Къарей Элинэ ейуэ абы щагъэлъэгъуащ «Усталость материала» зыфIища су­рэтхэм ящыщ зыбжанэрэ «Победа» кинотеатрыжьым деж щыт балеринэр къызэрыщымрэ. Паркым къыщызыкIухь хьэ­щIэхэм а лэжьыгъэхэр ягу зэ­рырихьар плъагъут - а сурэтхэм бгъэдэувэрти, я Iэхэр балери­нэм хуэдэу ящIурэ, езыхэми сурэт зытрагъэхырт. 
- Гъэлъэгъуэныгъэр зэIухауэ щIы­уэпсым зэрыхэтыр сигу ­ирохь, - жиIащ Элинэ, - абы Iэмал къует цIыхухэм сурэт гъуазджэр зэрызыхащIэм лъэны­къуэкIэ укъыщыкIэлъыплъыну. ГъэщIэгъуэнщ лэжьыгъэхэм ­теухуауэ къалэдэсхэр гупсысэ-кIэ щызэдэгуашэкIэ уедэIуэнуи. 
Сурэттеххэм я клубым хэтхэм дяпэкIи налшыкдэсхэр ягъэгуфIэнущ гъэлъэгъуэныгъэщIэ­хэмкIэ. Бадзэуэгъуэм и 13-м, ­су­рэттехым и махуэм и щIыхькIэ, ирагъэкIуэкIынур щIэщыгъэ ­хъуну дыкъагъэгугъэ. 

 

Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: