ЩIэпхъаджащIэхэм уахуэбэлэрыгъ хъунукъым

УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий езым и Советым и зэIущIэ Дагъыстэным щригъэкIуэкIащ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуащ а республикэм иужьрей махуэхэм къыщыхъуа гузэвэгъуэм, лъэпкърэ динкIэ зэхэгъэж щымыIэн папщIэ, гу зылъытапхъэ къалэнхэр яубзыхуащ. 

ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Чайкэ Юрий мэ­къуауэгъуэм и 23-м къэхъуа, цIыху 21-рэ зыхэкIуэда, 50-м фэбжь щагъуэта щIэпхъаджагъэм зи Iыхьлырэ благъэрэ хэкIуэдахэм яхуэгузэващ. Къызэхуэсахэр зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ дунейм ехыжахэм. 
«Ди нэкIэ долъагъу бийм цIыхухэр динрэ лъэпкъ­кIэ зэрызэщхьэщыкIыр тегъэщIапIэ ищIу, къаугъэ къигъэхъеиным зэрыщIэхъуэпсыр, - жиIащ Чайкэ Юрий. - ФIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъхэм мыхьэ­нэ­шхуэ зрат ухуэныгъэхэмрэ дин лэжьакIуэхэмрэ ­нэщанэуапIэ зэращIыр ди нэгум щIокI. Абыхэм я мурадыр зыщ: къэралым щыпсэухэр къызэщIэгъэстынырщ, псори зэщагъэхьэжынырщ, мамыр гъащIэр зэтракъутэнырщ, Дагъыстэным и напэри, ислъам диным и пщIэри ирагъэхуэхынырщ». 
Нэхъ пасэуи зэрыжаIащи, дзэ Iуэху хэхар зэ­рекIуэкIыр къагъэщхьэпэу, лъэпкърэ динкIэ зэхэгъэж зыщIхэм мамыр гъащIэр зэтракъутэным ­хуопабгъэ. ЗэIущIэм къекIуэлIахэр зэчэнджэщащ мыхъумыщIагъэм гъуэгу имыгъуэтын папщIэ, ­къару нэхъ зэхьэлIапхъэ лъэныкъуэхэмкIэ. Унафэ пыухыкIахэр ящIащ. 
ЗэIущIэм кърихьэлIащ Советым хэтхэри кърагъэблэгъа хьэщIэхэри: Дагъыстэным и дин IуэхущIапIэм и унафэщI, муфтий Абдулаев Ахьмэд-ефэнды, Мэхъэчкъалэрэ Грознэмрэ я архиепис-коп Варлаам, Дагъыстэным и журт зэгухьэныгъэхэм я унафэщI Дибияев Валерий, Дагъыстэным щIыналъэ Iуэху кIуэцIхэмкIэ и министр Магоме­дов Абдурашид, КИФЩI-м къедза «Роскомнадзор»-м и унафэщI Поляничев Дмитрий, Лъэпкъ IуэхухэмкIэ къэрал IуэхущIапIэм и къудамэу КИФЩI-м, Кърымрэ Севастополрэ щыIэм и унафэщI къалэныр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Разживин Сергей сымэ.

Поделиться: