Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

   Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал граждан къулыкъу зыхуагъэфэщэнухэм теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2015 гъэм мазаем и 21-м къыдигъэкIа Указ №28-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам и 36-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
 

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал граждан къулыкъу зыхуагъэфэщэнухэм теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2015 гъэм мазаем и 21-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал граждан къулыкъу зыхуагъэфэщэнухэм теухуа Положенэр къэщтэным и IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №28-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам и 36-нэ пунктым мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) япэ абзацым «мы Положенэм и 33-нэ пунктым къыщыгъэлъэгъуа хъыбарымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж къэрал къулыкъу унафэщI IэнатIэрэ зыхуагъэфэщэнум япыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ комиссэм къищта унафэмрэ я лъабжьэу илъэс къэс мазаем и 1-р къэсыху» псалъэхэр «мы Положенэм и 33-нэ пунктым къыщыгъэлъэгъуа хъыбарымрэ дэфтэрхэмрэ я лъабжьэу» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;
б) етIуанэ абзацым мыпхуэдэ псалъэуха щIыгъужын: «Къэрал къулыкъущIэр (гражданиныр) республикэм IэнатIэ зылъысынухэм щыхагъэхьа махуэу къалъытэ ар къэрал IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ хъунухэм щыхагъэхьа махуэр).
2. Мы Указым къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
 Налшык къалэ
2024 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м
 №52-УГ

 

Поделиться: