ЕсыкIэ зыщIэр си закъуэт МЧС-м и къэзыбж комиссэм къызэритамкIэ, дызэрыт илъэсым и закъуэ цIыху балигъыу 1231-рэ псым итхьэлащ. Абыхэм ящыщу сабийхэм я бжыгъэр 228-рэ мэхъу. Илъэс блэкIам а нагъыщэхэр зы мащIэкIэ нэхъ цIыкIут. ЗэрыжаIэмкIэ, нэхъ узыгъэгузавэ щытыкIэм итщ Мэзкуу, Новосибирск областхэр, Башкортостан республикэмрэ Красноярск краймрэ. Ауэ щыхъукIэ, псым итхьэлэрэ пэт, цIыху 400 кърагъэлыфащ, абыхэм ящыщу 102-р сабийт.
Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм хуит хъуа сабийхэм уи нэIэ ятебгъэкI зэрымыхъунур, ахэр, я нэгу зрагъэужьрэ пэт, узыхуэсакъыпхъэ куэдым зэрытегушхуэр зым и дежкIи хъыбарыщIэкъым. Псом хуэмыдэу балигъхэм я гулъытэ хуэныкъуэщ зыгъэпскIыпIэхэм япэгъунэгъуу джэгухэм.
Джэрмэншык дэт школым и 6-нэ классхэм я зым щеджэхэм Прохладнэ къалэм и Iэгъуэблагъэм ит гуэлым и Iуфэм я нэгу зыщрагъэужьрэ пэт, сабийхэми балигъхэми забжыжри, зы щIалэ цIыкIу къэту къыщIэкIащ.
«Дызэрынэсу, псым дыхэлъэри, зыдгъэпскIын щIэддзат, - жеIэж нобэрей хъыбарыр зытеухуа Мэз Темырлан. - Дакъикъэ зыбжанэ дэкIыу си анэр къызэджа нэужь, дабжыжри, Умар къытхэттэкъым. Балигъхэм я зым гу лъитат ар дакъикъищ-плIы хъуауэ зэрамылъэгъуам. ЯпэщIыкIэ къыддэджэгуу зигъэпщкIуа ди гугъащ. ИтIани, дигу загъэтэкъыми: «Умар! Умар!» - жытIэурэ дыджащ».
Иджы Темырлан и псалъэр зэпыдвгъэуди, Тау Умар къыщыщIар езым зэрыжиIэжым девгъэдаIуэт. «Дызэрынэсу псым сыхэпкIэну сыIулъэдат, сехъуапсэри. Си анэм зэрызагъэпскI шэрхъ гъэпща къысхуищэхуну щыIукIым: «Сыкъэмысыжауэ, псым ухэмыхьэ», - къызжиIат. Ауэ хуабащэти, схуэшэчакъым. Псым зыщыщIэзгъэмбрыуэм, зэуэ къызжьэдэуэри, сыкъэмэхащ. Дакъикъи 5 хуэдизкIэ псы щIагъым сызэрыщIэлъар иужькIэ къызжаIэжащ, ауэ сэ ахэр сщIэжыркъым».
Псори «Умар! Умар!» жаIэурэ мэкIий. Темырлан и классэгъур зэрамыгъуэтым арэзы къимыщIу, псым зыхедзэ. КъызэрыщIэкIымкIэ, абы и закъуэт и классэгъухэм есыкIэ зыщIэу яхэтыр. «ЯпэщIыкIэ зыри згъуэтакъым, - жиIэжынущ иужькIэ Темырлан. - ЕтIуанэу зыщIэзгъэмбрыуэну зызгъэхьэзырауэ, зэуэ си лъакъуэр псы щIагъым щIэлъ Iэпкълъэпкъым жьэхэуащ. Ар Умару хуэзгъэфащэу, къыхэсхыжын щыщIэздзэм, балигъхэри къыздэIэпыкъуащ».
Сабийм къыхэкIынур къозыгъащIэр апхуэдэу узыхуэмыхьэзыр къэхъукъащIэхэм зэрызыкъыщигъэлъагъуэрщ. Мыгъэрей гъэмахуэм зэрымыщIэкIэ зи лIыгъэр «къызыIэщIэкIа» Темырлан дежкIи апхуэдиз гулъытэр, дауи, телъыджэщ. ИтIани, абы къегъэлъагъуэ ныбжьыщIэм цIыхум узэрыщыгугъ хьэл нэхъыщхьэр – гущIэгъур – зэрыхэлъыр. ЛIыгъэр, гулъытэр, цIыхугъэр, гъэсэныгъэр а хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэм къытегъэсыжа щэныфIагъыу аращи, щIалэ цIыкIур зыгъэса адэ-анэми ар зи нэIэ щIэт егъэджакIуэ-гъэсакIуэхэми, къызыдэкIа хьэблэми, къуажэми щыщхэм я щхьэр лъагэу щIаIэтын щхьэусыгъуэ яIэщ. «ЩIэрыщIэу къалъхужащ», - зыхужаIэ, илъэс 11-м ит Тау Умар дежкIэ Темырлан иджы шынэхъыжь къудейкъым, атIэ зыдэплъей лIыхъужьщ.
Балигъым хуэфащэ лIыгъэ къызыкъуэкIа, илъэс 12-м ит джэрмэншыкдэс ныбжьыщIэм и хъыбарыр КъБР-м щыIэ МЧС-м и управленэм нэса нэужь, Мэз Темырлан фIыщIэ тхылъ къыхуагъэфэщащ икIи саугъэт нэхъ инкIэ къыхагъэщын хуэдэу, и дэфтэрхэр Мэзкуу ягъэхьащ.
ЩIалэ цIыкIур спортым дехьэх, кикбоксинг бэнэкIэм зыхуегъасэ. Дэри Темырлан дохъуэхъу и пщIэр кIуэ пэтми нэхъ лъагэ хъууэ, цIыхум хуэфащэ Iуэху дахэхэр хузэфIэкIыу дунейм тетыну.
Поделиться:
Читать также:
05.09.2024 - 16:08 →
Хабзэр хуитыныгъэм и Iэпэгъущ
02.09.2024 - 18:24 →
ЦIыхум хуэмыфащэ хьэл
19.08.2024 - 12:00 →
УкъыкIэрыхуIуэми нэхъыфIщ
16.08.2024 - 14:48 →
Чыр цIынэхукIэ
08.08.2024 - 11:00 →
АдыгэбзэкIэ дызэгъэпсалъэ
|