КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м СледствиемкIэ и комитетым КъБР-м щиIэ и управленэм щыIащ икIи абы и лэжьакIуэхэм я махуэмкIэ ехъуэхъуащ, лэжьыгъэ купщIафIэ зэрырагъэкIуэкIым, дзэ Iуэху хэхам хэту зи къулыкъур езыхьэкI щIалэхэр зэрыдаIыгъым папщIэ фIыщIэ яхуищIащ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ полномочнэ лIыкIуэм и аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Васильченкэ Дмитрий, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр.
«ПщIэ зыхуэтщIу СледствиемкIэ органым и лэжьакIуэхэ, фи япэ ита следователхэм хуэдэу, фэри нобэ къэралым и пщIэр, цIыхухэм я хуитыныгъэхэр жэуаплыныгъэ фхэлъу фохъумэ, щIэпхъаджагъэхэм пэщIэтыным, хабзэр къызэгъэпэщыным фи гуащIэшхуэ хыволъхьэ. Къэралым и хабзэ нэхъыщхьэм и щхьэщыжакIуэ нэсу фызэрыщытыр къывогъэлъагъуэ фи лэжьыгъэмкIэ, къыщIэвгъэщ дэтхэнэ зы щIэпхъаджагъэмкIи хывогъахъуэ цIыхухэм хабзэмрэ захуагъэмрэ я къарумкIэ яIэ фIэщхъуныгъэм.
Следствием и IэнатIэм ущылэжьэн папщIэ Iэзагъэм и закъуэкъым узыхуэныкъуэр, атIэ гъащIэм еплъыкIэ щхьэхуэхэр ущиIэу, пэжыгъэ пхэлъу, уи къалэныр нэгъэсауэ епхьэкIыфу ущытын хуейщ. Фэ а хьэл псори фхэлъщ. ФIыщIэ фхузощI фи къулыкъур псэ хьэлэлкIэ зэрефхьэкIым, жэуаплыныгъэ фхэлъу, Iуэхум фыхуэпэжу фызэрыщытым папщIэ. Шэч къытесхьэркъым, фэ дяпэкIи къыфхуагъэув къалэнхэр нэсу зэрефхьэкIынум. Нобэ, хэкур щытыкIэ гугъум къыщихута лъэхъэнэм, фIы зигу къытхуимылъ къэралхэм я къару щэхухэр жыджэру къыщытпэщIэтым, фи лэжьыгъэр куэдкIэ нэхъ гугъуи хъуащ, жэуаплыныгъэми къыхэхъуащ. Фи IэнатIэм къызэрыфхуигъэувщи, терроризмэм, экстремизмэм къэралым, жылагъуэм я шынагъуэншагъэр къызэпызыудынкIэ хъуну Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм япэщIэтыныр псом япэу къызытехуэр фэращ. Псоми зы къалэнщ диIэр – Урысей Федерацэм, ди республикэм зегъэужьынырщ, хъумэнырщ. Щхьэхуэу фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт республикэм и прокуратурэм СледствиемкIэ и управленэм и гупхэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм дзэ Iуэху хэхам хэту къулыкъу зыщIэ ди щIалэхэр дэIыгъын Iуэхум сытым дежи жыджэру зэрыхэтым папщIэ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек хабзэхъумэхэм защыхуигъазэм.
«Ди зэманым следователым и лэжьыгъэр нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщщ, Iэзагъышхуэ къыщыпкъуэкIын хуей, жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ IэнатIэщ. СледствиемкIэ управленэм и лэжьакIуэ псоми фIыщIэ фхузощI фи къалэным фыхуэпэжу, фи къару фемыблэжу фи IэнатIэр зэрефхьэкIым папщIэ», - жиIащ СледствиемкIэ управленэм и унафэщI, юстицэм и генерал-майор Потапов Андрей.
Лэжьыгъэм къыщыхэжаныкIахэр къэрал, ведомствэ дамыгъэхэмкIэ ягъэпэжащ.