Хэхъуэр ди мащIэкъым

Инвестицэхэмрэ хьэ­рычэт IуэхухэмкIэ советым и зэIущIэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэ­кIащ. 

Илъэситхум и кIуэцIкIэ инвестицэхэм къапэкIуэ хэхъуэр 1,9-кIэ бэ­гъуащ. Илъэс блэкIам елъытауэ, ар сом мелард 68-м щIигъуащ, проценти 8,5-кIэ хэ­хъуащ. Дызэрыт илъэсми а ефIэкIуэныгъэм дытетщ. 
Инвестицэхэр халъхьэн IуэхукIэ хьэ­рычэтыщIэхэм нэхъ къыхахрейхэм яз ­хъуащ ди республикэр. Хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытмрэ хэпщIахэм я бжыгъэр 2023 гъэм проценти 9,9-кIэ нэхъыбэ хъуащ, къудамэм щылажьэхэм я бжыгъэр процент 16,5-кIэ хэхъуащ. Къэралым хьэрычэт Iуэхум зэрызыщIигъакъуэм и фIыгъэщ ар. Республикэм и бюджетым 2018 гъэм щегъэжьауэ хэхъуэу иIэр сом мелард 12-м къыще­жьэри сом мелард 18-м нэсащ. Ды­зэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ, бюджетым къыхэхъуащ сом меларди 10 нэхъ­рэ нэхъыбэ. 
Инвестицэхэр нэхъыбэ хъунымкIэ щхьэпагъышхуэ къадокIуэ УФ-м и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ ягъэ­лажьэ лъэпкъ проектхэм. Гулъытэ лей зыхуащI проектитху щолажьэ ди республикэм, абы мылъкуу халъхьар сом мелард 30,6-м нос, лэжьапIэ IэнатIэу 300-м нэс къызэIуахащ, хьэпшыпу сом меларди 6,3-рэ зи уасэ къыщIагъэкIащ. НэгъуэщI проектышхуэхэри щыIэщ, псалъэм папщIэ, гипсрэ абдж­рэ къыщIэзыгъэкI заводхэр, дэрбзэр фабрикищыр, къинэмыщIхэр. Иджыпстурей IуэхукIэ лэжьыгъэ нэхъ зрахьэлIэхэм ящыщщ щэкI къыщIэзыгъэкI фабрикэрэ мэл щагъэхъу комплексрэ зэраухуэр. 
ФIы куэдкIэ ущыгугъ хъунущ Налшык къалэр къэрал мыхьэнэ зиIэ зыгъэпсэхупIэ зэращIам. 2021 гъэм щегъэжьауэ мыбы щаутIыпщащ хьэщIэщи 9, иджыри 4 щаухуэну загъэхьэзыр, пэш 300-м нэс хэту. Абы инвестицэу сом мелард 1, 5-рэ халъхьакIэщ, къалэм и инфраструктурэм трагъэкIуадэ­хэр хэмыту. «Гу лъывэзгъэтэну сы­хуейщ, - иритхащ КIуэкIуэ Казбек и телеграм каналым, – ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ уэрамым цIыху 209-рэ щIэхуэу хьэщIэщышхуэ зэрыщаухуэми. «Налшык» зыгъэп­сэху­пIэр зэIузэпэщ ящIыжыным сом мелуан 78-рэ халъ­хьакIэщ». 
Иужьрей илъэси 5-м туристхэм я бжыгъэр процент 45-кIэ хэхъуащ, санаторэхэм цIыхур щIэзу щIэсщ, псори зэхэту нэрыбгэ 7000 щIохуэ. Илъэсым и япэ Iыхьэм цIыху мин 45-м зрагъэгъэпсэ­хуакIэщ, гъэр иухыху а бжыгъэр хуэдищкIэ бэгъуэнущ. 
Мыхьэнэ иIэщ Налшык и зыгъэпсэ­хупIэхэр зэрыхэмыкIуэдэжам, хэхъуэ яIэ зэрыхъужам. Псом нэхърэ нэхъыщ­хьэращи, илъэс 30-кIэ республикэм и экономикэм хуэмылэжьа зыгъэпсэ­хупIэхэр лэжьыгъэм къыхэтшэжащ, абыхэм къытхуащI хэхъуэр езыхэр зэгъэ­пэщы­жы­нымрэ егъэфIэ­кIуэным­рэ тыдогъэкIуадэ. 
Псори зэхэту къапщтэмэ, Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым турист бжыгъэш­хуэ ­къокIуэ. Илъэсым и япэ Iыхьэм турист 800 000 ­къеблэгъащ республикэм, ар илъэс ­кIуам еплъытмэ, проценти 127,8-кIэ нэхъыбэщ. Гу лъытэгъуафIэщ мы къудамэр инвестицэ хэлъхьэн IуэхукIэ фIыкIэ узыщыгугъыпхъэу зэры­щытым. Инфрас­т­руктурэм елэжьын, IэщIагъэлIхэр гъэ­хьэзырын ­хуейщ. 
 Мэкъумэшым и мыхьэнэри нэхъ мащIэкъым. Абы халъхьэ инвестицэхэм я фIыгъэкIэ, къэрал псом пхъэщ­хьэ­мыщ­хьэхэмрэ мэракIуэхэкIхэмрэ елэ­жьыну Iэмал щагъуэт, жылэ къыхэ­хынымрэ Iэщ гъэхъунымрэ хуэгъэпсахэми ерыскъы зыгъэхьэзыр IуэхущIапIэхэми заужь. Мыбы щекIуэкI псори зытеухуар хамэ къэралхэм кърашу щыта хьэпшыпхэр къэралым къы­щыщIагъэкIыфу хъунырщ, дэ езым ди ерыскъыр зыIэрыдгъэ­хьэжыфын хуэдэу. ДяпэкIэ мэкъумэшым къыпэ­кIуэ гъавэр зыхуей нэхъ хуагъазэу зрагъэсэну я мурадщ, ар къыщыдэ­хъулIэну IуэхущIапIэшхуэ доухуэ. 

Поделиться: