СурэтыщI цIэрыIуэм и дерсхэр![]() УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м и цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием хэт, Санкт-Петербург щыпсэу икIи щылажьэ ди хэкуэгъу сурэтыщI, скульптор цIэрыIуэ СэвкIуий Хьэмид Къулъкъужын Ищхъэрэм Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэ ГъуазджэхэмкIэ и еджапIэм бадзэуэгъуэм и 25-м сабийхэм щаIущIащ икIи «Клаузура образ ветра» дерс щIэщыгъуэр яритащ. Ар къызэрагъэпэщащ художникым и ныбжьыр илъэс 60 зэрырикъум и щIыхькIэ. ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и унафэщI КIуж Ритэ, еджапIэм и лэжьакIуэхэм, лъэпкъ фащэхэр зыщыгъ я гъэсэнхэм лъэпкъ шхыныгъуэхэр яIыгъыу, адыгэ макъамэм щIэту, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэчрэ СэвкIуий Хьэмидрэ гуапэу пежьащ. Хьэмид сурэт щIынымкIэ дерс гъэщIэгъуэн итащ. Абы ищIащ лъэпкъ фащэ зыщыгъ нэхъыжьым и теплъэр. СэвкIуийм дзэху ложкэхэм къыхибзыкIри, сурэтыщI ныбжьыщIэхэм яригъэлъэгъуащ адыгэхэм я лъэпкъ тхыпхъэр – тхьэмпищыр. НыбжьыщIэхэм дерсыр щIэщыгъуэ зэращыхъуам шэч хэлъкъым. Езыхэми сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIым тращIыкIащ. ЕджакIуэхэр щагъэгъуэзащ СэвкIуий Хьэмид и гъащIэмрэ гуащIэмрэ. Уасэ зимыIэщ ныбжьыщIэхэм мы махуэм зэхахамрэ ялъэгъуамрэ.
Поделиться:
Читать также:
13.04.2025 - 10:58 →
Саугъэтыншэ къэнакъым
11.04.2025 - 14:07 →
Макъамэм дихьэххэм я зэхьэзэхуэ
09.04.2025 - 12:36 →
Лъэпкъыр бзэм къехъумэ
06.04.2025 - 11:00 →
Уэшхым и цIыху
06.04.2025 - 10:00 →
Щэнхабзэр зыгъэбейхэр
|