Псэм хыхьэ дуней къэзыгъэщI

ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI СэвкIуий Хьэмид сурэтым, скульптурэм, архитектурэм къыщигъэлъагъуэ зэфIэкI телъыджэхэр зэрагъэлъагъуну Iэмал яIэщ ­налшыкдэсхэм. Музейхэм щокIуэкI абы и гъэлъэгъуэныгъэхэр. 
СэвкIуий Хьэмид и гъуазджэ дунейр цIыху гъащIэщ. Гупсысэ куу зыхэлъ гъащIэ! Сурэт къэс псэм и щытыкIэ къаIуатэ, сурэт къэс щIыбопщытыкIри, дамыгъэ гуэрхэр, плъыфэ щIэщыгъуэхэр къахыбогъуатэ. ИтIанэ ахэр уи гум къонэ. ЖыпIэнурамэ, адыгэм и тхыдэр, и IуэрыIуатэр, и псэукIэр, и гупсысэкIэр - аращ къызэщIикъуэр и лэ­жьыгъэхэмкIэ. 

«Анэ»

Анэ! Ар и фIэщыгъэщ гъэлъэгъуэныгъэхэм ящыщщ зым - Лъэпкъ музейм щекIуэкIым. Мыбы сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIыу 100-м нэс щызэхуэхьэсащ, дэтхэнэри гупсысэкIэ екIуэлIэжащ езым и анэм хидыкIа щхьэнтэ цIыкIум - ар гъэлъэгъуэныгъэми и курыхщ. Анэр гъащIэм псэуэ пытщ. И хуабагъэмрэ и тхьэлъэIумрэ уахъумэ, и макъым уеунэтI, и Iэр пхъашэр къощэбэкI, и зэлъахэм уа­гъэгупсысэ - къуэпскIэ упыщIащ. Блыным фIэлъ сурэтхэм яхэтщ абрагъуэхэр, мы­хьэнэкIэ зэгъэуIуахэр, зы Iуэхугъуэм тегъэп­сыхьахэр. Анэм и гумащIагъэр сурэтхэм ­къарууэ ящIилъхьа хуэдэщ. ЦIыхур дунейм къыщытехьэм щегъэжьауэ, и текIыжыгъуэм нэс къигъэлъэгъуащ. ЛIыхъужьхэр гуфIэркъым, «я макъыр ину яутIыпщыркъым», зэхэзежэркъым. Ахэр мэгупсысэ, хоплъэ, мэ­уп­щIэ, мэлъыхъуэ. Я гущIагъщIэлъхэр ягъэ­лъэгъуэну хэти хуэдэкъым, ауэ ахэр дамы-гъэ гуэрхэмкIэ, хьэпшыпхэмкIэ, щIыуэпсым и щытыкIэмкIэ, плъыфэхэмкIэ гурыIуэгъуэщ е къытощ я плъэкIэм, я зэлъахэм, я бэкъуэ­кIэм, щысыкIэм. Лъэпкъым гуфIэгъуэ дауэдапщи гуауэм ехьэлIаи къыдекIуэкIми, СэвкIуийм и сурэт гъэлъэгъуэныгъэм абыхэм ящыщу къыщигъэлъагъуэр гуауэм епхахэрщ. 
Адыгэм и гъащIэм епха хьэпшыпхэр, щыгъынхэр, Iэмэпсымэхэр, Iэщэр мыбы къигъэщI дунейм куэду хэтщ, дауи. Ар гущэрщ, Iэнэ лъакъуищырщ, цейрщ, афэ джанэрщ, щIакIуэрщ, джатэрщ, сэшхуэрщ, цыкIуэ­кIырщ, лъахъстэнырщ, шыкIэпшынэрщ, бжьа­мийрщ, шыгурщ, уанэрщ, пхъэкъурщ. Уеблэмэ жыг лIэужьыгъуэу нэхъ къигъэлъагъуэри адыгэм игъащIэ лъандэрэ игъэкI ­кхъужьейрщ. Сурэт дунейм уащыхуозэ псэущхьэхэм. Шыр, Iэщышхуэр, мэлыр, хьэр цIыхухэм къадокIуэкI. Къуажэ гъащIэр шэ­щIауэ, гупсэхуу, гупсысэ хэлъу къегъэлъа­гъуэ. Абы дыхегъаплъэ цIыхухэм я зэдэ­лэ­жьэкIэмкIэ. Мыхэр губгъуэми итщ, гъэши зэрахьэ, хадэми йолэжьыхь, пхъэ­щхьэ­мыщ­хьи къыпачыж, пхъэи якъутэ, псыи къахь, Iэщи ягъэхъу - къуажэ гъащIэр йокIуэкI. 
Сурэт хъугъуэфIыгъуэхэм нэмыщI, гъэлъэгъуэныгъэм хэтщ скульптурэхэри. Ахэри адыгэ гъащIэрщ зэхьэлIар. 
СэвкIуий Хьэмид сурэт, скульптурэ телъыджэхэр къызэригъэщIым нэмыщI, псалъэкIи теплъэ дахэ еухуэ. Мыбдежым щапхъэу къэсхьыну сыхуейщ «Анэ» гъэлъэ­гъуэныгъэм дыщIыгъуу блыным фIэлъ абы и пычыгъуэм щыщ:
«Анзорей жылэжьу Лэскэн Iуфэр зи лъа-  хэм мащIэ-мащIэурэ пшагъуэр къыдо­гъуалъхьэ. Джабэм кIэрыт мэзыжьым къыхиху пшэ фIыцIэм зэщIещтэ чыбжэгъу унэ хужьыфэхэр, абыхэм къатощхьэукъуэ жы­гыжьхэр, мэкъу Iэтэ щхьэпапцIэхэр. Пшэм ерагъыу къыхэцIуукI къудейщ щхьэгъубжэ нэфым къыдидз уэздыгъэ нур фагъуэр. ­Iэщ-псэущхьэ нэгъунэ зэтебэеуащи, хьэ ба-нэ макъи зэхэпхыжыркъым, жэмхэри буу­жыркъым. Псоми заущэхуащ, къэхъун гуэ­рым пэплъэ хуэдэу. А даущым къыхэIукIыр зы закъуэщ, ар мэжджытым пэмыжыжьэу щыпсэу Аслъэныкъуэ и унэм къыщIэIукI уэрэдращ. Абы псалъэ щIэлъкъым адыгэ тылей уэрэдщи, дыгъужь къугъ макъым хуэдэщ. А уэрэдыр зи псэр Хэкум тыхь хуэ­зыщIым и пшыналъэщ. Хуэм-хуэмурэ макъым зеIэт, къуршыпсым пэблагъэ ущыхъум деж и макъри нэхъ ин зэрыхъум хуэдэу: «Уэээээй, уээээй…». А дыгъужьыщхъуэ къугъ макъым биипсэр егъэдийри уэрэдыр ­къизышми и гур щIеIэтэ. ЛIыхъужьым и ­макъыр гушхуэныгъэ хэлъу къоIур, ар къи­зышым хуэжыIэщIэ шыкIэпшынэри гупсэу къыдожьуужыр. Тылей уэрэдыр зыIурылъ ­хабзэр биидзэр уплIэнщIыным щхьэкIэ пэу­-ву напэр псэм япэ изыгъэщыну, зи гъащIэр зытыну зызыгъэпсаращ.
«Уэээээй, уээээй…» пшыналъэм зиузэщI зэпытщ, бгы къыгуэуауэ къехым и макъым хуэдэу. Аслъэныкъуэ тылей хъуныр езым къыхихыжащ, Хасэм здэкIуам щилъэгъуам-рэ зэхихамрэ кърикIуэу. Абы быдэу къищта гурылъыр утыку кърилъхьа нэужь, и шыпхъу нэхъыжь Гурмэхъан къашэри тылей фащэ ищIыну ирагъэувэлIащ. Гурмэхъаныр щэ­кIыщхьэ плъыжьыбзэ зытелъ Iэнэм бгъэ­дыхьэу, лэныстэ къищтэу ар къыщрибзам деж щегъэжьауэ, Мэшыкъуэ и къуэ Аслъэ­ныкъуэр тылей хъуауэ ялъытэ. (Пычыгъуэр адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Гъут Iэдэмщ)».

«Гу»

ГъуазджэмкIэ Ткаченкэм и цIэр зезыхьэ ­музейм щекIуэкI гъэлъэгъуэныгъэм и фIэщыгъэщ «Гу». ЦIыхум и зыхэщIэ псори зэкIуэлIэжыр аращ - гур къогуфIыкI, мэгумэщI, мэдзыхэ. Мыбдежым хэтщ нарт эпосым хухэха Iыхьэри. Мес, Сэтэней мывэ сосыр иIыгъщ, Лъэпщ Сосрыкъуэ епсыхь, Сосрыкъуэ Тхьэхэм я санэхум йофэ, Емы­нэжь ху жылэр къытрехыж, Бэдынокъуэ Ины­-жьым йобэн, ар нартхэм яхохьэ, Ашэмэз и бжьамийр егъэбзэрабзэ, Лъэпщ джатэ ещI, Сэтэней йочэнджэщри, Iэдэ къегупсыс… Мыхэр псори нартхэм хухэха Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуащ. Нарт эпосым и лъагъуэм ­утрешэжри, тхылъым итымрэ сурэтым къы­щыгъэлъэгъуахэмрэ зэбгъапщэурэ, зэхуэбгъадэурэ ухэтщ. 
… Сэ бжесIэнщ а Емынэжь щыпсэу щIыпIэр. Къуршибл удэкIынщи, адэ, дыгъэр уафэ джабэм къыщытехьэм адэжкIэ… Уежьэми, унэсынкъым…
- Ар си зы илъыгъуэщ, ди анэ! - жиIащ ­Сосрыкъуэ!
- АдэжкIэ укIуэмэ, псы щибл къызэбнэ­кIынщи, дыгъэр уафэгум къыщихьэм… Уежьэми, унэсынкъым, ар щIыпIэ жыжьэщ…
- Ар тIэу илъыгъуэщ зэрыхъунур, ди анэ!
- АдэжкIэ укIуэмэ, хы цIыкIуу щы, хышхуэу блы узэпрысыкIынщи, дыгъэр уафэ нэзым щеуалIэм адкIэжкIэ… уежьэми, унэсынкъым…
- Ар си щэ илъыгъуэщ, ди анэ!.. 
Нарт эпосыр лIыгъэ егъэлеякIэ зэрыкъулейр наIуэ къэзыщI мыпхуэдэ щапхъэхэр куэд мэхъу. Мис апхуэдэ теплъэгъуэхэр уи ­нэгум къыщIегъэхьэ СэвкIуийм. 
«Гу» гъэлъэгъуэныгъэр зэманым кIуэцI­роплъ, кIуэцIрокI, къепщытэ. Абдежым щопсэу лIыгъэ зыхэлъхэр, бэшэчхэр, гъащIэм и пIалъэ зыщIэхэр, куэд зи нэгу щIэкIхэр. Сурэтхэм езыхэм яIэжщ шыфэ-лIыфэ. Ар къэгъэлъэгъуащ дамыгъэ гуэрхэмкIэ, лIы­хъужьхэм я плъэкIэхэмкIэ, я къамэ Iыгъы­кIэмкIэ. Гъэлъэгъуэныгъэм зыкъыхигъэщ­хьэхукIрэ гу зылъыуигъатэу хэтщ дамыгъэ хуэдэу къищтэу, образуи хэувахэр. Псалъэм папщIэ, бгъэр куэдрэ къыхохьэ сурэтхэм. Абы и дамэр лъэщу зэриутхыпщIыр уи тхьэкIумэм къиIуэу къыпщохъу. Бгъэр лIы­хъужьхэм ящхьэщохуарзэ, я дамащхьэм е Iэблэм тесщ, бгъэр и закъуэуи щIыуэпс ­дунейм хэтщ. Сурэтхэм щхьэхуэу хоувэ мывэхэр. Ахэр абрагъуэуи, щыкъуейуи, псыхъуэм дэлъуи, цIыхухэм кърахьэкIыуи урохьэлIэ. Гупсысэ зэхуэмыдэ щIэлъу къегъэ­лъагъуэ жыгыр: къэгъэгъауи, къыпыкIаIауи, и лъэхъцыр плъагъууи, уеблэмэ жыг тхьэм-пэ зырызхэри. Лэжьыгъэ куэдым къыщыгъэлъэгъуащ гущэ. Мыр гъащIэм, цIыхур дунейм къызэрытехъуэм и нэщэнэщ. 
Гъэлъэгъуэныгъэм хэт сурэтхэр зэман зэпылъыпIэщ, пасэрейм ухуезыгъэкIуэ­тэ­кIыжщ, абы щхьэпэу хэлъыр къыбгурызы­гъаIуэщ. Мыхэр гум йокIуалIэ, йоIэзэ, япсыхь. 

«Ковчег» 

«Ковчег» арт-проектыр щагъэлъагъуэ  Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъуам и щIыхькIэ щыIэ галереем. Мыбы щызэщIэтщ сурэтхэри, хьэпшыпхэри, макъри, псалъэри. Гъэлъэгъуэныгъэм макъамэ­кIэ ухохьэри, сурэтхэм, пхъэмрэ гъущIымрэ къыхэщIыкIа хьэпшыпхэм я дунейм зыщыбоплъыхь. Абы щыгъуэм иджырейми ухэтщ - зэманитI зэуэ нэIурыт къыщыпхуо­хъу. 
Хьэпшып тIорысэхэр къигъэщIэрэщIэж­ри, гъуазджэ теплъэгъуэ ищIащ сурэтыщIым. АтIэми, хьэпшыпхэр тIорысэ дыдэщ, куэдрэ къагъэсэбэпащ, Iэ куэд зэIусащ. Лэжьыгъэхэм щIагъыбзэ ящIэлъщ, абыхэм я мыхьэнэр щхьэж и гупсысэм щыщIип­щы­тыкIыжу. 

Сурэтыр  Къарей Элинэ  трихащ. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: