АдыгэбзэкIэ дызэгъэпсалъэСабийм анэдэлъхубзэ ищIэн-имыщIэныр анэм и закъуэ елъытауэ щыткъым, дауи. ИтIани, анэ губзыгъэ зиIэр зэрехъулIам и нэщэнэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуа, Тыркум унагъуэ щихьа, иджы махуэ къэс зи адыгэбзэми, тыркубзэми, урысыбзэми, инджылызыбзэми хэзыгъахъуэ и къуэр хэкубзэ-хэкупсэу къэзыгъэтэдж БищIо Iэсият къиIуэтэжа хъыбарыр. Iэсият адыгэбзэр хамэбзэм зэрыбгъэдыхьэ IэмалкIэ пасэу езыгъэджын щIэзыдза егъэджакIуэхэм язщ. Тыркум щригъэкIуэкI дерсхэм нэмыщI, ар Налшык щылажьэ «Зерат» школым щеджэхэми ядолажьэ, ехъулIэныгъэ зэриIэри еджакIуэхэм я гукъэкIыжхэм къыхощ. ИтIани, дерсым къыщыпщIа псори жьым ихьыжын шынагъуэ щыIэщ, а бзэм унагъуэм ущримыпсалъэмэ. АдэкIэ къакIуэр Iэсият и телеграм каналым къритха, езымрэ и къуэ цIыкIумрэ ятеухуа гукъэкIыжщ. «Абрэджрэ сэрэ уэрамхэм дыщрикIуэкIэ, дэни адыгэбзэкIэ дыщызопсалъэ – Налшыки, Мэзкууи, Анкараи. Абы къыхэкIыу, блэкIхэм я нэм щхьэхуимыту дыкъыщыфIэнэ къохъу. Ауэ ардыдэм и фIыгъэкIэ адыгэхэм гу къытлъатэри, дызрагъэцIыхуну къыдбгъэдохьэ. Анкара дэт сабий паркым нобэ сшат Абрэдж. АдыгэбзэкIэ дызэрыпсалъэр зэрызэхихыу, зылI къыдбгъэдыхьати, а къалэм дэс Алътудхэ ящыщу къыщIэкIащ. Хамэ щIыпIэм сымыцIыху адыгэ гуэрым сыщыхуэзэу адыгэбзэкIэ дыщызэпсалъэкIэ, си гур гуфIэгъуэм егъэнщI. Си ныбжьэгъужь е си благъэ сыхуэзам хуэдэщ ар си дежкIэ. Къайсэр апхуэдэ зэIущIэхэр махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу къыщытхукъуокI – уэрамым, тыкуэным, IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм… Анкара апхуэдэ къыщытщыщIыр нэхъ мащIэрэщ, ауэ нэхъ гукъинэж сщыхъуа зэIущIэр къыщыхъуар а къалэрщ. Илъэсибл хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, си ныбжьэгъу хъыджэбзхэм саригъусэу Анкара къыщыткIухьырт, адыгэбзэкIэ дызэпсалъэу. Зи ныбжь хэкIуэта дадэ мыцIыху зэрымыщIэкIэ къыдбгъэдыхьэри, адыгэбзэкIэ къыдэпсэлъэн щIидзащ. Анкара илъэс 30 хъуауэ сыщопсэури, нобэ япэ дыдэу абы и уэрамхэм адыгэбзэ щызэхэсхыу аращ жиIэри… гъын щIидзат». «Ди бзэр, ди бзэр» жытIэрей щхьэкIэ, ар узэрысабийрэ пIурылъыным и мыхьэнэр зэрызыхэтщIэжышхуэ щыIэ къыщIэкIынкъым ар махуэкъэс Iэмэпсымэу къэзыгъэщхьэпэхэм – зэи зыпамыубыдахэм, къызыхэкIар зыщIэжхэм, ар хуиту щызекIуэ щIыпIэм пэIэщIэ мыхъуахэм. Ауэ мыпхуэдэ хъыбар щызэхэпхым деж, щхьэхуимыту уогупсыс: «зиш тесу лъыхъуэжам» ещхьу, ди Iэм IэщIэлъ хъугъуэфIыгъуэм и уасэм дэ езым зэрыкIэрыдгъэхур армырауэ пIэрэ абы икIуфыну гъуэгу псори дэгъэзеигъуэу къыщIытфIэщIыр, къыхуэщтэну лъагапIэщIэхэм дыщIытемыгушхуэр, ди Iэгум илъ дыщэр пхъэнкIийм щIытфIыхэгъуащэр?!
Поделиться:
Читать также:
31.07.2026 - 17:34 →
Хьэлыншагъым и сурэт зэмыфэгъухэр
30.07.2026 - 10:27 →
Ди хъуреягъкIэ щызэхэтххэр
21.07.2026 - 16:23 →
Бзищ зыщIэр къахощ
21.07.2026 - 14:33 →
Сабийм къыпхуищI дзыхьыр хъумапхъэщ
15.07.2026 - 11:42 →
ЛIыгъэр лIэныгъэм токIуэ
| ||




