Лъэпкъ пэхуэщIэхэр зэрагъэзащIэм арэзы къещIКъэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и къуэдзэ Владимиров Максимрэ зэгъусэу зэIущIэ иджыблагъэ ирагъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ лъэпкъ пэхуэщIэхэм къыщыгъэлъэгъуауэ мы гъэм республикэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм зэрехъулIэ щIыкIэм. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу щыIэ Васильченкэ Дмитрий, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, экономикэ зыужьыныгъэмкIэ министр Рахаев Борис, щIыналъэм и адрей министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэр.
Поделиться:
Читать также:
30.04.2025 - 17:54 →
Турист унагъуэхэм хуэгъэпсауэ
26.04.2025 - 11:30 →
ЩIалэгъуалэм я хабзэубзыху жэрдэмхэр
26.04.2025 - 11:00 →
Тхыдэм и пэжыпIэр
26.04.2025 - 10:00 →
ЗэхъуэкIыныгъэхэм трагъащIэ
19.04.2025 - 12:34 →
«МэIухумрэ къабзиймрэ»
|