УкъыкIэрыхуIуэми нэхъыфIщ

Иужьрей зэманым КъухьэпIэмкIэ «Дунейпсо экоцидыр къэвгъэувыIэ» зэщIэхъееныгъэм и Iэуэлъауэхэр къоIукI. Къэрал 50-м зыщаубгъуащ абы и къудамэхэм. Я унафэщI нэхъыщхьэр здэщыIэр Великобританиерщ.

«Удзыфэ» зыфIащыж ЩIы хъурейм и хъугъуэфIыгъуэхэр яхъумэныр къалэн зыщызыщIыжхэм. Ауэ зи гугъу тщIы IуэхущIапIэм щIыуэпсыр хъумэныр и тебзэу, цIыху цIыкIур ерыскъы узыншэм къыпигъэкIыныр къалэн зыщищIыжауэ фэ тетщ. Iуэхум щыгъуазэхэм зэрыжаIэмкIэ, адрей псоми къадэкIуэу, мыхэр къыщIежьар лы нэпцI къыщIэзыгъэкIхэм я хьэпшыпхэр нэхъ икIын папщIэщ.

Инджылызым щыIэ «Дунейпсо экоцидыр къэвгъэувыIэ» IуэхущIапIэм бгъэдэлъ къарур зэрымыцIыкIур къегъэлъагъуэ абы и нэхъыжьыр Давос щекIуэкIа  зэIущIэшхуэм зэрырагъэблэгъами абы къызэрыщагъэпсэлъами. Утыку кърихьэр сыт хуэдэ гупсысэ жыпIэмэ, мэкъумэш IэнатIэмрэ бдзэжьей къэубыдынымрэ щызекIуэ ерыскъы щхьэхуэхэр пшхыныр, пщэныр, зебгъэкIуэныр «экоцид» зыфIаща, ЩIылъэм и хъугъуэфIыгъуэхэм ебгъэрыкIуэным хуагъадэ.

Абдежми къыщымыувыIэу, мы IуэхущIапIэм Европей союзым щыпхигъэкIащ зи цIэ къраIуа ерыскъыхэкI 20-м уелэжьыныр щIэпхъаджагъэу, я къебжэкIым зрагъэубгъуну загъэхьэзыр. 

Псалъэм и хьэтыркIэ, Европарламентым 2030 гъэм ирихьэлIэу Европэм и къалэ нэхъыщхьэхэм лырэ шэрэ щыпщэ мыхъуну хабзэ къызэрыщыдагъэкIыным йогупсыс. Ар зигу иримыхьхэр Урым дунейпсо судым иратынущ. 

ЗэкIэ Дунейпсо судыр цIыхум ирах лейм пэщIэт хуэдэу щытщ, зэрыпхъуакIуэ,  дзэ щIэпхъаджагъэ хуэдэхэр къыщIагъэщу. Ауэ псалъэхэр хуиту зэрагъэкIэрахъуэмкIэ «экоцид» псалъэми зыхуей дыдэ мыхьэнэр зэрыратынур  гурыIуэгъуэщ. ГъэщIэгъуэныщэращи, цIыху цIыкIур мин бжыгъэкIэ зэрызэтраукIэр къызэрыфIэIуэхушхуэ щыIэкъым Дунейпсо судым, ауэ щыхъукIэ къэкIыгъэхэм, псэущхьэхэм «я хьэкъыр» ехъумэ.

Мэкъумэшым елэжьхэр, бдзэжьей ещэным хэпсэукIхэр, Iэщ зезыхуэхэр зи гугъу тщIы зэщIэхъееныгъэм и нэ къыщыфIэнэну махуэр апхуэдэ дыдэу жыжьэжкъым. Дауэ «Дунейпсо экоцидыр къэвгъэувыIэ» IуэхущIапIэр цIыхум къызэрыжьэхэуэфынур жыпIэмэ, япэрауэ, лыхэкIхэри пхъэщхьэмыщхьэхэри, хадэхэкIхэри нэхъ лъапIэ хъунущ, хуэмурэ иджыпсту «зи мэ къытщIихьэ», гъудэбадзэм къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэр тыкуэнхэм къытралъхьэнущ, ауэрэ зэкIэ мыкуэду къытфIэщI лы нэпцIхэр, джэдыкIэ нэпцIхэр, шэ нэпцIхэр нэхъыбэ хъунущ. Лы лей къэзыщтэ цIыхухэм куэд зышхи яхэтщ, шэч хэмылъу, ауэ ерыскъы мыузыншэм нэхъеижитIу зэтреху цIыху Iэпкълъэпкъыр. Ерыскъыр узыншэу щыщыта лъэхъэнэхэм цIыхум мащIэкIэ зигъэнщIу, ишхар къару хуэхъуу щытамэ, иджы ишхыр нэхъыбэ щхьэкIэ, абы къару къезыту къыхэкIыр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ мэхъу. Аращи, къалэшхуэхэм  я «цивилизацэм» девмыгъэхъуапсэу, ди къуажэхэмрэ ди губгъуэхэмрэ дывгъэхъумэ.

                            ЧЭРИМ Марианнэ.

 

Поделиться: