Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 «Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм зэгурыIуэныгъэкIэ дзэ къулыкъур щезыхьэкI дзэ къулыкъущIэхэм зэ етыгъуэу ахъшэкIэ защIэгъэкъуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2024 гъэм шыщхьэуIум и 1-м къыдигъэкIа Указ №63-УГ-м и 1-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

1. «Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм зэгурыIуэныгъэкIэ дзэ къулыкъур щезыхьэкI дзэ къулыкъущIэхэм зэ етыгъуэу ахъшэкIэ защIэгъэкъуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2024 гъэм шыщхьэуIум и 1-м къыдигъэкIа Указ №63-УГ-м и 1-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн мыпхуэдэу тхауэ:
«1. Урысей Федерацэм и цIыхухэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм дзэ къулыкъур щрахьэкIыну щраджахэу, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм дзэ къулыкъур щрахьэкIыну щраджауэ къулыкъу зыщIэ дзэ къулыкъущIэхэу (дзэ къулыкъу зыIыгъ дзэ къулыкъущIэхэр, дзэ IэщIагъэ щрагъэгъуэт еджапIэ IуэхущIапIэхэм, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт дзэ еджапIэ IуэхущIапIэхэу Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и унафэм щIэтхэм я курсантхэр яхэмыту) мы пунктым къыщыгъэлъэгъуа лъэхъэнэхэм дзэ Iуэху хэхам къигъэув къалэнхэр Донецк ЦIыхубэ Республикэм, Луганск ЦIыхубэ Республикэм, Запорожье областым, Херсон областым, Украинэм я щIыналъэхэм Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда я Къарухэм яхэту дзэ къулыкъур зы илъэскIэ, нэхъыбэкIэ щрахьэкIыну зэгурыIуэныгъэ (адэкIэ къызэрыкIуэнур - зэгурыIуэныгъэущ) езыщIылIахэм, Урысей Федерацэм и нэгъуэщI цIыхухэу, нэгъуэщI къэралхэм я цIыхухэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и дзэ комиссариатымкIэ, Налшык къалэм зэгурыIуэныгъэмкIэ (3-нэ разрядымкIэ) дзэм къулыкъу щызыщIэнухэр къыщыхах и IуэхущIапIэм зэгурыIуэныгъэ езыщIылIахэм зэуэ мыпхуэдиз ахъшэ етын:
а) зэгурыIуэныгъэр 2024 гъэм шыщхьэуIум и 1-мрэ 14-мрэ я зэхуакум иращIылIамэ сом мин 1100-рэ хуэдиз;
б) зэгурыIуэныгъэ шыщхьэуIум и 15-мрэ дыгъэгъазэм и 31-мрэ я зэхуакум иращIылIамэ, сом мин 1500-рэ хуэдиз».
2. Мы Указым къару егъуэт 2024 гъэм шыщхьэуIум и 15-м щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2024 гъэм шыщхьэуIум и I4-м
№70-УГ

 

Поделиться: