Театрыр илъэс 50-кIэ зыгъэбжьыфIа

РСФСР-мрэ КъБАССР-мрэ щIыхь зиIэ я артист Жыгун ­Тимэ къызэралъхурэ дыгъуасэ илъэси 110-рэ ирикъуащ. 

1914 гъэм шыщхьэуIум и 23-м Налшык быдапIэм (иджы Налшык къалэ) къыщалъхуащ Жыгун Тимэ. Курыт еджапIэ нэужьым ар Ленинскэ еджапIэ къалэ цIыкIум (ЛУГ-м) и театр студием щIэтIысхьащ. 1935 гъэм абы и щIэныгъэм щыпищащ Театр гъуазджэхэмкIэ къэрал институтым, Луначарскэм и цIэр зезыхьэм.
ВКП (б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым художественнэ гупхэр зэхэшэным теухуа уна­-фэ къищтауэ щытащ икIи 1933 гъэм театреплъ ныбжьыщIэм и театррэ Ленинскэ еджапIэ къалэ цIыкIум актёрхэр щагъэ­хьэзыр къудамэрэ къызэрагъэ­пэщащ. Абы щIагъэтIысхьахэм ящыщщ Жыгун Тими.
Республикэм щыщ щIалэ­гъуалэр лъэпкъ фащэр ящыгъыу Москва кIуат. Абыхэм ­щыгъыныщIэкIэ заригъэхуэпэн щхьэкIэ, Къалмыкъ БетIал ахъшэ яхуигъэхьат. АрщхьэкIэ къапэщылъ гугъуехьхэм псори пхы­кIыфакъым. МазитI дэкIри, еджа­пIэм цIыху 12 къыщIэкIыжащ. 1940 гъэм институтыр ­къаухри, къагъэзэжащ Жыгун Тимэ, Шэрий Азрум, Сибэч Быхуэ, Къумахуэ Хужьэ, Балъкъэр Калисэ сымэ, нэгъуэщIхэми. Ахэращ Къэбэрдей къэрал драмэ театрыр къызэзыгъэпэщар. 
Жыгуныр ящыщщ КъБР-м и профессиональнэ театр гъуазджэм и лъабжьэр зыгъэтIы­лъахэм, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­-рал драмэ театрыр зэфIэзы­гъэу­вахэм. Бомарше и «Женитьба Фигаро» (Граф Альмавивэ), Островскэм и «Таланты и поклонники» (Дулабов), КъардэнгъущIым и «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» (Хъаныкъуэ) пье­сэхэм къытращIыкIа дип­-лом спектаклхэм щигъэзэщIа ролхэр щыхьэт тохъуэ актёр щIалэщIэм театр гъуазджэм щиIа зэфIэкIхэм. 
Адыгэ лъэпкъ театрым и зыужьыныгъэм Жыгун Тимэ х­уищIа хэлъхьэныгъэхэр къэ­лъы­тэгъуейщ. Илъэс 50-кIэ хуэ­лэжьащ ар ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым. Жыгуным игъэзэщIащ театр классикэ лэ­жьыгъэу къалъытэ роль гукъи­нэж 200-м щIигъу. Ар ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIы­ху­бэр нэхъ зэрыгушхуэхэм.
Сыт хуэдэ роль пщэрылъ ­къыщащIами - классикэ, иджы­рей драматургием щыщ, гушыIэ е драмэ, роль нэхъыщ­хьэ е къы­зэрыгуэкI ирехъуи - Жыгун Тимэ жэуаплыныгъэ ин пылъу бгъэ­дыхьэрт икIи ар уи фIэщ хъууэ къехъулIэрт. И лэ­жьэгъухэми пщIэ­шхуэ къыхуа­щIу, езыми абыхэм яхузэфIэкI яхуищIэу щытащ.
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: