ЕхъулIэныгъэ нэрылъагъухэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и пресс-конференцыр мызыгъуэгум щекIуэкIар «ТАСС Кавказ» щIыналъэ хъыбарегъащIэ центрырщ. Республикэ УнафэщIыр нэхъыбэу къытеувыIащ КъБР-м и социально-экономикэ зыужьыныгъэм, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм зэрадэIэпыкъум, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум, туризм IэнатIэр зэрефIакIуэм, нэгъуэщIхэми. 

Республикэм нобэ и щыIэкIэ-псэукIэм, нэхъыщхьэу гу зылъытапхъэхэм щытепсэлъыхьым къыхигъэщащ Урысей Федерацэм и Президентым и жэрдэмкIэ, къэралым щекIуэкI лъэпкъ проектхэм сэбэпынагъ нэрылъагъухэр къызэ­рыпэкIуар. А программэм гъащIэм и лъэныкъуэ псори къызэщIеубыдэ, си щхьэкIэ жысIэфынущ, лъэпкъ проектхэр зыужьыныгъэм и къа­руущIэ зэрыхъуар. 
- Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, илъэситхум къриубыдэу цIыхухэм ябгъэдэлъ мылъкум хуэдитIкIэ хэхъуащ, езы республикэм къыщалэжьри апхуэдизкIэ нэхъыбэ хъуащ. Мы илъэсым и кIэухым щIыналъэм и хэхъуэр сом мелард ­21-рэ хъууэ иухынущ. 2018 гъэр къапщтэмэ, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэн щIэдмыдзэ щIыкIэ, къэсхьа бжыгъэр меларди 9,5-рэщ зэрыхъуу щытар. Апхуэдэ хэхъуэм Iэмал къыдет цIыхухэм я псэукIэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ сэбэп дыхъуну, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. 
Iэтащхьэм и къэпсэлъэныгъэм къыхэщащ Президентым япэ иригъэщхэм ящыщу цIыхухэм я узыншагъэр хъумэнымрэ бынуна­гъуэшхуэхэм ядэIэпыкъунымрэ хуэгъэза зэ­хъуэкIыныгъэхэм гъащIэр зэрырагъэфIэкIуар. Лъэпкъ проектхэм я мыхьэнэ нэхъыщхьэр ­арати, КIуэкIуэм быдэу жиIащ ди цIыхухэм я псэукIэр нэхъыфI зэры­хъуар. Абы щыхьэт то­хъуэ цIыхухэр къалэм ­зэрызиужьым, гъуэгу­хэр зэрефIакIуэм зэрыщыгуфIыкIыр, респуб­ликэм щыпсэухэм Iуэхутхьэ­бзэ щыхуащIэу зэкIуалIэ IуэхущIапIэхэм лэжьыгъэр нэгъэсауэ зэтеубла зэрыщыхъуар. Мыхьэнэ зиIэхэм ящыщщ къэралыр унагъуэхэм, сабийхэм зэра­дэIэпыкъур, иджы хуэныкъуэхэр къалъытэурэ, абыхэм я унагъуэхэм занщIэу яIэрохьэ хухаха ахъшэр.
Республикэм и мэкъумэш IэнатIэм и гугъу щищIым, Iэтащхьэм къыхигъэбелджылыкIащ ар экономикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу зэ­рыщытыр. «2024 гъэм и мазихыр къапщтэмэ, а IэнатIэм и хэхъуэр проценти 104,5-рэ хъуауэ жыпIэ хъунущ, илъэсым и кIэухым проценти 1­10-м нэдгъэсыну ди мурадщ. Нэхъыбэу дызэ­лэжьар илъэс куэдкIэ пхъэщхьэмыщхьэ къозыт жыгхэр хэсэнырщ. Апхуэдэхэр зэкIэ гектар мин 23-рэ мэхъу. ЩIы IэнэщI куэд диIэщ жытIэфынукъым, ауэ а щыIэр сэбэпынагъ къыпэкIуэу зэрызетхьэным иужь дитщ. Пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIыу зы гектарым куэд къызэрытетхыным дыхущIокъу», - жиIащ КIуэкIуэм. 
 УнафэщIым зэрыхуигъэфащэмкIэ, 2024 гъэм хадэхэкIыу тонн мелуан ныкъуэ кърахьэлIэжынущ. Ди республикэм къыщызэIуахащ хадэ­хэ­кI­хэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ щелэжь IуэхущIапIэ зыбжанэ, абыи хэхъуэхэр къытхуихьынущ.
Курыт IэщIагъэ щрат егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм кампус къыщызэIуахыну я мураду Путин Владимир щыхуэзам зэрыжиIам къыхэкIыу, журналистыр къыщIэупщIащ а Iуэхур дауэ ­убзыхуа хъунуми. 
- Дэ нобэ дыщыгъуазэщ лъахэр IэщIагъэлIхэм хуэныкъуэ зэрыхъуар. Абы къыхэкIыу, курыт IэщIагъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр хэтлъхьэну ди мурадщ. Псом япэ ­игъэщыпхъэр мэкъумэш IэнатIэмрэ туризмэм­рэщ. ДызыхэпсэукI зэманым Iулыдж иIэ хъуащ щIым утелэжьыхьыным, цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ щыхуащIэ IэнатIэхэм ущылэжьэным. Абы къы­дэкIуэуи, ахъшэ хъарзынэ къыщыболэжь икIи цIыхухэр зыхуэныкъуэ IэнатIэщ. ДызыхуэкIуэ илъэситIым зи гугъу тщIы кампусхэм ныбжьыщIэ мини 5-м нэс щеджэнущ, - жиIащ республикэ Iэтащхьэм. 

Налшык къалэ и аэропортым и Iуэху зыIутым щы­тепсэлъыхьым КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ ар диIэн зэры­хуейр, Налшык къалэ аэропортыншэу къанэ зэрымыхъунур, абы зэрелэжьыр. Минеральные-Воды, Беслъэн аэропортхэр тпэгъунэгъу щхьэкIэ, туристхэми мыбы щыпсэухэми яфIэ­тыншыр Налшык къэлъэтэнырщ - илъэтыкIынырщ. А Iуэхум теухуауэ ди унафэщIхэм УФ-м и Президентым зыхуагъэзащ икIи Путиным и унафэкIэ, кхъухьлъатэм зыщиIэт-къыщытIыс гъуэгур 2026 - 2027 гъэхэм зэрагъэпэщыжыну траухуащ. Метр зэбгъузэнатIэ мини 6 хъу пэшхэри зыхуей хуагъэзэнурэ зы илъэсым цIыху мин 500 - 600 къытехьэу ящIынущ. Нэхъапэм абы щызэблэкIыу щытащ цIыху мин 360-м нэс, ауэ уз зэрыцIалэм иужькIэ, мини 180-рэ хуэдиз илъэсым щызэблэкIыу аращ. ЕтIанэгъэ щыщIэдзауэ Санкт-Петербург, Къэзан, нэгъуэщI къалэхэми кIуэуэ зэтраублэнущ.

- Иужьрей илъэсхэм экономикэм зэрызиужьыр хэт дежкIи нэрылъагъущ. ДяпэкIэ сыт хуэдэ инвестицэ проектхэр вгъэ­зэщIэну фи мурад? - щIэупщIащ «Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК-м и журналист Булат Наталье. 
- Правительствэр иджыпсту нэхъыщхьэу зэлэжьыр прое­к­титхущ - Тырныауз вольфрам-молибден заводыр, фэтэр куэду зэхэт унэхэмрэ хьэщIэщхэмрэ ухуэныр, IT-паркыр, хуа­бэщхэр, нэгъуэщIхэри. ДяпэкIэ дызэлэжьын хуейхэм я гугъу щытщIкIэ, мелард бжыгъэ и уасэу зэфIэдгъэкIахэри къэд­вгъэлъытэ. Абыхэм ящыщщ Iуащхьэмахуэ лъапэ щыдухуа хьэщIэщ зэхэтхэр, Налшык зыгъэпсэхупIэ къалэу зиужьын ­папщIэ, санаторэхэр нэхъыбэ зэрытщIыр, мыгувэу иджыри цIыху мини 2 зыщIэхуэ зыгъэпсэхупIэхэр зэраухынур. 
Фэри фощIэ Налшык къалэ хьэщIэщу 9 зэрыщаухуэр. Иджы къызэIуахынущ Лениным и уэрамым тет хьэщIэщымрэ Хьэ­тIохъущокъуэ паркым и ихьэпIэм деж щытымрэ. Мэкъумэш IэнатIэм щагъэзащIэри мащIэкъым: газ зыщIэт пхъэ­щхьэ­мыщхьэ, хадэхэкI хъумапIэу диIэм нэхъри хыдогъахъуэ, нобэ тонн мин 300 зыщIэхуэ диIэмэ, иджыри мин 200 щытхъумэн тщIыну ди мурадщ. Ахэри сом мелард нэхърэ мынэхъ мащIэ зыхалъхьэ проектхэщ. НобэкIэ нэхъыщхьэу къызэдгъэпэ­щахэм ящыщщ хьэпшып щад IуэхущIапIэхэр, дяпэкIэ щэкI къыщыщIагъэкIхэр духуэну ди гугъэщ. Ар илъэситI дэкIмэ, зэдгъэхъулIэнущ, - жиIащ Iэтащхьэм. 
Ди республикэм кIыхьлIыхь щыхъуа ухуэныгъэу итхэр - Онко­логие центрыр, Театрхэм я уардэунэр - зэрырагъэжьэжам и гугъу щищIым, КIуэкIуэм къыхигъэщащ Онкоцентрым ехьэлIауэ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу ­КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий фIыщIэ зэрыхуэфащэр. Абы ­УФ-м и Правительствэм зыхуигъазэу республикэм хуабжьу къызэрыдэIэпыкъуар жиIащ КIуэкIуэм. Онкоцентрыр 2024 гъэм ухуэн яухынурэ, сымаджэхэм зэреIэзэ Iэмэпсымэхэр ­къащэхун щIадзэнущ. Проектыр 2026 гъэм яухын хуейуэ зы­хуагъэувыжауэ арами, 2025 гъэм и кIэм нагъэсыну зэра­мурадыр дыщIигъуащ. «УФ-м и Президент Путин Владимир 2019 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыщыкIуам унафэ тщIащ Театрхэм я уардэунэр ЩIалэгъуалэ зэчиифIэ­хэм я уардэунэу зэрыщытынур. Ковидым и зэранкIэ, къыт­хуаутIыпщ ахъшэр зэрызэпагъэуам къыхэкIыу, мащIэу гу­-ващ, ауэ 2024 гъэм и кIэм ари хьэзыр хъунущ. Метр зэбгъузэнатIэ мин 17 хъу уардэунэм щIалэгъуалэм я зэфIэкIыр щагъэ­лъэгъуэну, зыщрагъэужьыну Iэмал яIэнущ. 
Промышленностым теухуауэ къыщыпсалъэм: «Иджыпсту жыджэру лажьэ, къэрал псом къыщацIыху заводхэр диIэщ. Ахэр Май къалэм дэт Рентген заводырщ, Тэрч щыIэ «Нал­мэс» заводырщ, Тырныауз дэт вольфрам, молибден, дыщэ къыщыщIах заводырщ, - жиIащ УнафэщIым.
Республикэм и курыт еджапIэхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэры­хуэхьэзырым журналистхэр щыщIэупщIэм КIуэкIуэм къыхигъэщащ сабий нэхъ цIыкIухэм ерыскъы пщтыр егъэшхэныр федеральнэ бюджетым къыхэкIыу зэрызэтраублар. ФокIадэм и 2-м школыщIэу 6 къыщызэIуах Къэбэрдей-Балъкъэ­рым. ЕджапIэ куэдым зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр ще­кIуэкIащ, школибгъу яухуэ. Мы гъэ еджэгъуэщIэм сабий ми­-ни 123-рэ щызэхуэсыжынущ республикэм и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм. «Си гуапэ хъур япэ классым мы гъэм кIуэнухэр нэгъабэрейм елъытауэ хуэдэ 1,5-кIэ зэрынэхъыбэрщ. А цIыкIухэм я бжыгъэр мин 13,5-рэ мэхъу. А псори зыхуейхэмкIэ къызэдгъэпэщыну Iэмал диIащ. Зи гугъу сщIа школибгъур ухуэн яухмэ, пIалъитIкIэ зэщхьэщыхауэ еджэ щыIэжынукъым», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. 
Щэнхабзэ унэтIыныгъэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм теу­хуауэ республикэ Iэтащхьэм жиIащ щэнхабзэмкIэ унэ дамыщIыхьауэ, е дэтыр зэрамыгъэпэщыжауэ зы къуажи къы­зэ­рымынар, республикэм и творческэ коллективхэр зыщIэс ­унэхэри зыхуей зэрыхуагъэзар. 
Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам кIуэхэм республикэм къыбгъэдэкIыу сом мелун 1,5-рэ зэрыратым, къэрал псоми хуэдэу нобэ зауэ губгъуэм итхэр зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэ­рызэрагъэпэщым, абыхэм унэтIыныгъэ 28-кIэ зэрадэIэпы­къум (я бынхэм гъэмахуэм пщIэншэу зэрызрагъэгъэпсэхуар, гъэсапIэм уасэ зэрыщIамытыр, еджапIэм зэрыщагъашхэр, нэгъуэщIхэри) тепсэлъыхьащ КIуэкIуэр. КъищынэмыщIауэ, уIэгъэ хъуахэм - республикэ мылъкум къыхэкIыу сом мин 300, хэкIуэдахэм сом зы мелуан зэрыхуагъэувар, мобилизованнэхэм мазэ къэс сом мин 25-рэ зэрыратыр къыхигъэщащ. «Ди республикэм жыджэру щолажьэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондыр, нобэр къыздэсым лъэIу мин 11-кIэ зыкъы­хуагъэзащ. Абыхэм зэтеублауэ цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм нэмыщI, щхьэж зыхуэныкъуэхэмкIэ защIыдогъакъуэ, зыри гулъытэншэу къэдгъанэркъым. Апхуэдэу зэпымыууэ ­гуманитар дэIэпыкъуныгъэхэр яхудогъашэ губгъуэм ит ди щIалэхэм» - дыщIигъуащ КъБР-м и Iэтащхьэм. 
КIуэкIуэ Казбек пресс-конференцым щытепсэлъыхьащ щIалэгъуалэ политикэр республикэм гъэзэщIа зэрыщыхъум, нобэ абыхэм къыхузэрагъэпэщ Iэмалхэм, псэупIэ-коммуналь­нэ IэнатIэр иджырей зэманым декIуу къызэрагъэщIэращIэм, нэгъуэщIхэми. И щхьэм, и унагъуэм теухуауэ журналистхэр зыщIэупщIахэми жэуап яритащ. 

 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: