Хэхыныгъэхэм и пэ къихуэу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэ­жьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ фокIадэм и 8-м екIуэкIыну, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и ебланэ зэхуэсыгъуэм и депутатхэм я хэхыныгъэхэм хэтыну КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм зыщезыгъэтха политикэ партхэм я щIыналъэ къудамэхэм я уна­фэщI­хэм. Абыхэм яхэтщ «Урысей зэкъуэт» урысейпсо политикэ партым, ЛДПР-м, «Захуагъэ здэщыIэ Урысей - Пэжым и телъхьэ» социалист политикэ партым, «ЩхъуантIэхэр» урысей экологие партым, УФ-м и Коммунист партым, «Новые люди» политикэ партым я щIыналъэ къудамэхэр.

ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ мыхьэ­нэ­шхуэ зиIэ политикэ Iуэхур республикэм зэрыщ­рагъэкIуэкIынум зэрызыхуагъэхьэзырым. Республикэм хэхыныгъэхэр къыщызэрагъэпэщ щIы­налъэ хэхакIуэ комиссэу 13-м, участкэ хэха­кIуэ комиссэу 355-м. Псори зэхэту ди деж а Iуэхум хэтыну хэхакIуэ мин 500-м щIигъу щатхащ. Къалэн нэхъыщхьэу къагъэуващ хэхыныгъэхэр захуагъэм тету егъэкIуэкIыныр, апхуэдэуи хэхыпIэхэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыныр. Абы и лъэныкъуэкIэ КъБР-м и ­ХэхакIуэ комиссэр хабзэхъумэ IэнатIэхэм жы­джэру ядолажьэ. ЩIыпIэхэр къекIуалIэхэми ­хэхакIуэ комиссэхэм хэтынухэми я тыншыпIэм хуэщIауэ къызэрагъэпэщ. КъБР-м и Жылагъуэ палатэм къыбгъэдэкIыу кIэлъыплъакIуэ 700 Iуэхум хэтынущ. Хэхыныгъэхэр зэрекIуэкIар ­къагъэлъэгъуэжынущ хъыбарегъащIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм.
Апхуэдэу зэхыхьэм къыщапщытэжащ иджы­рей зэхуэсыгъуэм фракцэхэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэр, тепсэлъыхьащ хэхакIуэхэр зыгъэгумэщI социальнэ Iуэхухэм, республикэм, къэ­ралым я зыужьыныгъэм хуэунэтIауэ адэкIэ зэ­рызэдэлэжьэнум.

Поделиться:

Читать также: