ЦIыхум хуэмыфащэ хьэл

       Шэджэм  ЕтIуанэ мэжджытым и Iимам ХъуэкIуэн Арсен и хъутIбэм щытепсэлъыхьащ цIыхуми муслъымэнми яхуэмыфащэу бзэгу зехьэн хьэлыр икIэщIыпIэкIэ зыхэнын зэрыхуейм.

       «ЦIыхур жыхьэнмэ мафIэм, и щхьэр и щIагъыу, щIыхадзэн щхьэусыгъуэхэм язщ жиIэм кIэлъымыплъыныр, аращи, ди бзэгухэм дахуэвгъэсакъ. Тхьэр арэзы зыхуэхъун щэхьабэ махуэ Iэбу Хъурэйрэ къиIуэтэжа хьэдисхэм язщ мыр: «Алыхьым и щэлатымрэ сэламымрэ зэха Бегъымбар лъапIэм и гъусэу мащитIым даблэкIырт зэгуэрым, зэрыщIалъхьэрэ куэд мыщIауэ. ЛIыкIуэ лъапIэр абдежым щытурэ и фэр пыкIащ. АпхуэдизкIэ и фэр зэкIуэкIати, уеблэмэ и Iэгъуапэхэр сысырт, езыри кIэзызырт. Ар щалъагъум, щэхьабэхэр щIэупщIащ: «Сыт къыпщыщIар, уа Алыхьым и ЛIыкIуэ лъапIэ?»

- Сыт щхьэкIэ? Зэ зэхэсхыр зэхэвмыхыу ара? – къажриIащ щэлатымрэ сэламымрэ зэхам.

- Сыт зэхэпхыр? – щIоупщIэ щэхьабэхэр.

-  Мы мащитIым щIэлъ цIыхуитIым хьэзаб гуащIэ яшэч, - къажриIащ. – Ауэ щIашэчыр апхуэдэу гуэныхьышхуэкъым. Зым къыдэх псыр зыкIэригъэкъэбзыкIыжу щытакъым. ЕтIуанэм бзэгу зэрихьэу щытащ.

Абдежым зыкъытхуигъазэри: «ФыкIуи хъурмэ къудамэ цIынэ къысхуэфхь», - жиIащ. Ахэр къахьа нэужь, тIууэ зэпищIыкIри, мащитIым я деж щыхитIащ. «Мы тIур цIынэу щытыхункIэ, а тIум я хьэзабыр Алыхьым ящхьэщихынкIэ согугъэ», - жиIащ».

Мусэ-бегъымбарым Хьэрш лъабжьэм тхъэжу кIэщIэту цIыху гуэр илъэгъуат, Алыхьым и пащхьэ щихьам. «Хэт ар?» - жиIэри Тхьэм еупщIащ. «И цIэр бжесIэнкъым, - къыжриIэжащ, - ауэ ар къызэрилэжьа щхьэусыгъуищыр пхуэсIуэтэнщ. Псом япэрауэ, ар зэи зыми ефыгъуэу щытакъым. ЕтIуанэу, и адэ-анэм яхуэпэжащ, ахэр арэзы ищIащ. Ещанэу – бзэгу зэрихьэу дэтакъым».

       Ди зэманым хьэл икIэу зызыубгъуащ бзэгу зехьэныр. Иджыри къэс ар цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ яIэщIэкI щыуагъэу къалъытэу щытамэ, иджы цIыхухъухэр а тIуми ятекIуэжауэ, ялъагъуу хъуар жаIэжу, бзэгу зэрахьэу къыдэнащ. ПщIэ нэхъ зыхурагъэщIын, я къулыкъукIэ дэкIуеин, мылъку зыIэрагъэхьэн щхьэкIэ. «Бзэгузехьэ» мэхъу зым жиIар адрейм деж нигъэсыжу дэтыр. А цIэр хуэфащэщ цIыхуитI зэфIигъэнэну, я зэхуакум дыхьэу зэщызыгъэIейм, сыту жыпIэмэ, а къалэн дыдэхэр шейтIанми егъэзащIэ: зэщхьэгъусэхэр зэфIегъанэри, зэбгъэдегъэкIыж, фIыуэ зэрылъагъухэм я зэхуакум гужьгъэжь делъхьэ. 

ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар щэхьабэхэм зэгуэрым еупщIащ: «Нэхъ цIыхуфI дыдэр хэтми вжесIэн?» «Ахьей, къыджеIэ» - елъэIуащ щэхьабэхэр. «Ар щыфлъагъукIэ Алыхьыр фигу къэзыгъэкIырщ. Нэхъ цIыху Iейр хэтми вжесIэн? Ар бзэгу зэрихьэурэ цIыхухэм я зэхуаку дыхьэрщ, ахэр зэщызыгъэIейрщ». 

Аращи, зыхэдвгъэн муслъымэнми цIыхуми яхуэмыфащэ а хьэл мыхъумыщIэр».     

     ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться: