Прохладнэр йофIакIуэКъБР-м и Iэтащхьэр Прохладнэм щыкIуам къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Архангельский Вячеславрэ Прохладнэ щIыналъэ администрацэм и тхьэмадэ Журавлев Андрейрэ яхуэзащ. КъулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ щIыналъэхэм я социально-экономикэ зыужьыныгъэмрэ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуэхьэзырымрэ. Апхуэдэуи лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэмрэ сабий гъэсапIэхэр зэгъэпэщыжынымкIэ программэм муниципалитетхэр зэрыхэтымрэ я гугъу ящIащ. Гулъытэ хэха хуащIащ дзэ Iуэху хэхам щыIэ ди зауэлIхэм, абыхэм я унагъуэхэм, ветеранхэм ядэIэпыкъуным. Iэтащхьэм зригъэлъэгъуащ «ПсэупIэхэмрэ къалэ теплъэмрэ» лъэпкъ проектымкIэ езы къалэдэсхэм къыхахыу къагъэщIэрэщIа къалэ утыкур.
Поделиться:
Читать также:
11.07.2026 - 12:00 →
Хабзэхэм щыхэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъхьащ
05.07.2026 - 09:00 →
ЩIэпхъаджагъэхэр къызэпауд
04.07.2026 - 10:23 →
Хэхыныгъэхэм зыхуагъэхьэзыр
02.06.2026 - 11:18 →
Министерствэм щрагъэблагъэ
30.05.2026 - 10:01 →
IэнатIэм щрагъэкIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ
| ||




