УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Назаров Сергей Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэу иджыблагъэ жиIащ «Iуащхьэмахуэ» курортым мы гъэмахуэ мазищым къриубыдэу цIыху мин 266-м зэрызыщагъэпсэхуар, абыхэм ящыщу мини 105-м щIигъум - шыщхьэуIу закъуэм.
Кавказ.РФ-м и унафэщI Юмшанов Андрей щIыгъуу абы зригъэлъэгъуащ «Iуащхьэмахуэ» курортым и «Мир» станцым пэгъунэгъу джабэ нэкIум лыжэкIэ къыщажыхьыным хуагъэхьэзыр щIыпIэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэрекIуэкI щIыкIэр. Апхуэдэуи абы щызэхэтащ, бгы лыжэ курортым зегъэужьынымкIэ щыIэ лэжьакIуэ гупым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зи пашэм, я зэIущIэ. Абы къыщыхэщащ мы гъэмахуэ мазищым Кавказ Ищхъэрэм и «Iуащхьэмахуэ», «Архъыз», «Ведучи» курортхэм псоми зэхэту цIыху мин 417-м зэрызыщагъэпсэхуар. Ипэ ита илъэсым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 15-кIэ ар нэхъыбэщ.
«Кавказ Ищхъэрэм и курортхэм гъэмахуэм турист куэд къакIуэ щIэхъуар абыхэм я инфраструктурэхэм иджырей мардэхэм тету жыджэру зэрызаужьырщ, щIыпIэ дахэхэм ухуэзышэ лъэс лъагъуэхэр зэрыпхрашырщ, спорт зэIущIэшхуэхэр зэрыщрагъэкIуэкIырщ, экологием ехьэлIа Iуэхугъуэ щхьэпэхэр, нэгъуэщI нэгузыужь Iуэхугъуэхэр къызэрыщызэрагъэпэщырщ.
Иужьрей илъэсхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, щIымахуэм ди курортхэм къакIуэ туристхэм я бжыгъэм кIэлъыщIыхьэжащ гъэмахуэм зыщызыгъэпсэхухэри», - жиIащ Назаров Сергей.
БлэкIа илъэситIым, гъэм и адрей мазэхэм елъытауэ, шыщхьэуIум Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщызы-гъэпсэху туристхэм я бжыгъэр нэхъыбэщ. Мы гъэм курортым а зы мазэм къыхуеблэгъащ цIыху 105383-рэ, нэгъабэ ахэр мин 99-м нызэрыхьэсу щытауэ аращ. Абы къыдэкIуэу, зы мазэм къриубыдэу «Iуащхьэмахуэ» курортым туристу зыщызыгъэпсэхуам и куэдагъымкIэ шыщхьэуIур гъатхэпэм япэ ищащ - мы гъэм а мазэм ди деж щыIащ цIыху 103378-рэ. Гъэмахуэ мазищым Iуащхьэмахуэ лъапэ махуэ къэс ику иту туристу мини 3,4-рэ къэкIуащ.
«Iуащхьэмахуэ цIыхур зэIэпызышэ, дэзыхьэх щIыпIэ телъыджэщ. ДыщогуфIыкI цIыхухэм ар ягу зэрыдыхьэм, къызэрыхахым. Ар къыдгурыIуэу, дэри яужь дит зэпытщ щIэ гуэрхэр къызэIутхыну, абыхэм я тыншыпIэ къахузэдгъэпэщыну, ирехъу ар лыжэкIэ къыщажыхь, е лъэс лъагъуэ, е нэгъуэщI щIэщыгъуэ зыгуэру.
Абы нэмыщI, цIыху куэд зэуэ къызэщIэзыубыдэ Iуэхугъуэшхуэхэри мыбдеж щызэхыдошэ. Псалъэм папщIэ, иджыблагъэ едгъэкIуэкIащ «Къурш къабзэ» экологие зэхуэсыр, цIыху мин 1,5-рэ къызэкIуэлIар. Ар яфIэщIэщыгъуэу абы хэтащ Сахалин нэс къикIахэри, Къэзахъстаным и лIыкIуэхэри. «Alpindustria Elbrus Race» - къызэдэжэнымкIэ фестивалми хэтащ спортсмену мини 2,5-рэ.
Иджыпсту ди кIапсэ гъуэгухэр щIымахуэм худогъэхьэзыр. Абы къыдэкIуэу, лэжьыгъэшхуэхэр щокIуэкI «Мамсон», «Ведучи» курортхэми», - жиIащ Кавказ.РФ-м и унафэщI Юмшанов Андрей.
«Илъэс хъурейкIэ зыщыбгъэпсэху хъу турист-рекреацэ комплексу «Iуащхьэмахуэ» курортыр зэтеублэныр къэрал мыхьэнэ зиIэ пэхуэщIэ ехьэжьахэм ящыщщ, абы къадэкIуэу, ар шэсыпIэ хуэхъунущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и туризм IэнатIэ псом зыужьыныгъэ игъуэтыным. Ди деж къакIуэ туристхэм я бжыгъэм къызэрыхэхъуэм и фIыгъэкIэ, долъагъу, хьэрычэтыщIэхэми лэжьыгъэ къазэрыхукъуэкIыр, абы кърикIуэу, республикэм и щIыналъэ валовэ продуктым туризм IэнатIэми и Iыхьэ егъакIуэ.
2018 гъэм республикэм и туризм IэнатIэм Iуэхутхьэбзэу цIыхухэм яхуищIар сом зы мелард и уасэщ, иужь-рей илъэсихым хуэдэ 13-м щIигъукIэ абы хигъэхъуащ, щIыпIэ бюджетым ягъакIуэри нэхъыбэ хъуащ.
Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и инфраструктурэм зегъэужьыным ехьэлIауэ куэд ящIэ. ФIыщIэ ин яхуэсщIынут УФ-м и Правительствэм, Кавказ.РФ-м республикэр къызэрыдаIыгъым папщIэ, абы и фIыгъэкIэ, ди цIыхухэм я псэукIэри йофIакIуэ, псом нэхърэ нэхъыщхьэри аращ», - жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.