УФ-м и Президентым къыхелъхьэ

2021 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м къыдэкIа «Урысей Федерацэм и субъектхэм властыр къыщызэгъэпэ­щынымкIэ я зэхуэдэ бгъэдыхьэкIэхэм я IуэхукIэ» ­Федеральнэ законым и ­23-нэ статьям и 8-нэ Iыхьэм къызэригъэувым тету, УФ-м и Президент Путин ­Владимир ­КъБР-м и Парламентым къыхилъхьащ КъБР-м и Iэтащхьэу щытынур кандидатищым къы­хахыну:
Войтов Алексей Иван и къуэ - «Илар» ООО-м и унафэщIыр, КъБР-м и Парламентым и депутатыр; 
КIуэкIуэ Казбек Валерий и къуэр - КъБР-м и Iэтащхьэр; 
Шаваев Ильяс Паго и къуэр - КъБР-м щIыуэпс ­хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министрыр.
КъБР-м и Конституцэм къызэригъэувымкIэ, ­КъБР-м и Iэтащхьэр хэзыхыр КъБР-м и Парламентым и депутатхэрщ. 

Поделиться: