Къалэнит1 зэф1агъэк1

 

Налшык къалэм и хэхып1э № 144-м ц1ыхухэм 1эмал ща1ащ я узыншагъэм к1элъагъэплъыну.

Вольнэ Аул хьэблэм щы1э поликлиникэ №1-м и медицинэ лэжьак1уэхэм хэхак1уэхэм 1эмал иратащ КъБР-м и Парламентым хагъэхьэну депутатхэм папщ1э 1э я1эта нэужь, чэзум хэмыту я узыншагъэм к1элъагъэплъыну.  

- Ди хэхып1эм мыхьэнэшхуэ зи1э къалэнит1 щок1уэк1 – ц1ыхухэм  республикэм и къэк1уэнум щхьэк1э 1э я1эт, апхуэдэуи абыхэм я узыншагъэр къапщытэ. Дэ сыт щыгъуи ц1ыхухэр къыхудоджэ узым къыхимыгъэзыхь щ1ык1э, дохутырым пасэу зыхуагъэзэн зэрыхуейр. Нобэ пщэдджыжьым къыщыщ1эдзауэ, ц1ыхухэм я гукъыдэжыр къэт1этын мурадк1э, макъамэхэр къеуэу да1ущ1ащ, - же1э хэхып1э № 144-м и лэжьак1уэ Сонэ Иринэ.

Апхуэдэуи абы дыщ1игъуащ адэ-анэхэм я сабийхэр ящ1ыгъуу къыщрагъэблагъэм, 1эф1ык1эхэмрэ саугъэтхэмрэ зэрыратар.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: