ЛIыгъэр я лъым хэтщ

Дзэ Iуэху хэхар къызэрыхъейрэ абы лIыгъэ къагъэлъагъуэу хэтщ адыгэ щIалэхэр. ЛIыгъэщIапIэ ихуащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Сэрмакъ къуажэм щыщ зэкъуэшищ - ХьэIупщыхэ Аслъэн, Къантемыр, Астемыр сымэ.

Аслъэнрэ Къантемыррэ зэкъуэш дыдэщ, Астемыр я адэ къуэшым и къуэщ. ЩIалищыр зэрысабийрэ зэгъусэу къэтэджащ, зэныбжьэгъуу къэгъуэгурыкIуащ, ноби зэпэмыIэщIэу СВО-р щекIуэкI щIыпIэм щыIэщ.

Зэкъуэшхэм илъэс тIурытI я зэхуакущи, я гупсысэкIэкIи, дуней еплъыкIэкIи зыр адрейм зэхищIыкIыу апхуэдэхэщ. Я сабиигъуэм ахэр спортым етауэ щытащ: Аслъэнрэ Астемыррэ бэнэкIэ хуитымкIэ ехъулIэныгъэхэр яIащ, Къантемыр футболымкIэ Iэзэт. ГъэщIэгъуэнщ, зыхуеджэнуи Аслъэнрэ Астемыррэ къыхахыр зыщ - экономист-бухгалтерщ. Къантемыр юрист IэщIагъэр нэхъ пэгъунэгъуащ.

ИлъэситI ипэ мы адыгэ щIалэхэр дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм къыщыхутащ. Япэу къулыкъум пэрыувар Къантемыртщ. 2022 гъэм фокIадэ мазэм абы хъыбарегъащIэ тхылъ къыIэрыхьащ къулыкъум зэрыраджэм теухуауэ. Къантемыр гупсысакъым, кIуэн-мыкIуэным теухуауэ, атIэ «СыцIыхухъущ, си Хэкум сыкъыщхьэщыжыну си къалэнщи, си пщэ къралъхьэр згъэзэщIэнущ», - жиIэри дэкIащ. Абы лъандэрэ Къантемыр дзэ Iуэху хэхар щрагъэкIуэкI щIыпIэхэм щыIэщ. Я къуэшым и Iуэху зытетым щIэгупсыс Астемыррэ Аслъэнрэ Къантемыр здэщыIэм кIуэну мурад ящIри, абы я арэзыныгъэкIэ кIуэхэм зыхрагъэтхащ.

Зи гугъу тщIы щIалэхэр адыгэпсэщ, лIыгъэ яхэлъщ. Зауэр зауэщи, щIалэхэр псэзэпылъхьэпIэ куэдрэ йохуэ, я нэгу щIэкIащ ныбжьэгъу къахуэхъуахэм ящыщ зэхэуэм хэкIуадэуи. АпщIондэхункIэ, щIалэ псэ къабзэхэм я гур мэуз, ауэ шынэр зытрагъакIуэркъым – хъунукъым зытрагъакIуэ.

Дзэ Iуэху екIуэкIхэр цIыхупсэм щытехьэлъэ е щыпэмылъэщ куэдрэ къохъу, ар гъащIэм и хьэлъэщ. Мы адыгэ щIалэхэм я къарур ямыгъэкIуэщIын, я нэгу щIэкIхэр ягъэвын папщIэ Iэмал къагъуэтащ - ар адыгэ уэрэдыжьхэмрэ макъамэхэмрэщ. ЩIалэхэм, зэхэуэхэм къадэхуэу, псэхугъуэ пIалъэ щаIэм деж пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэр е иджырей уэрэдхэр жаIэ, абыкIэ къаруи гушхуэныгъи зрагъэгъуэт. ГъэщIэгъуэнщ, ди дадэжьхэм къагъэсэбэпу щыта апхуэдэ макъамэ Iэмалыр нобэрей ди зауэлIхэми къызэрагъэсэбэпыр. Ар лъым хэту аращ…

- Ахэр зэи щIегъуэжауи, зыгуэр щхьэкIэ тхьэусыхауи зэхэтхакъым. Псори яIэу, псори тыншу, зы щхьэкIи дымыгузэвэну мэлъаIуэ. Ди адэ-анэхэм ягухэр яхъумэ. Дэри жэщи махуи дащIогупсыс, дахуогумэщI, ауэ гуитIщхьитI мыхъун папщIэ, дазэрыкъуэтыр Iэмал дгъуэтхэмкIэ зыхыдогъащIэ. Щыри сфIэлIыхъужьщ, лIы къалэн пэрытщ, - жеIэ зауэлIхэм я къуэш Рэмэзан.

Абы дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, Къантемыр СВО-м щаша пIалъэм къыщыщIэдзауэ, иужькIэ Аслъэнрэ Астемыррэ зауэм щыIухьами, щIалэхэм я командирхэм унагъуэм зыкъыпащIэурэ зэкъуэшхэм къащытхъуащ, я гъэсэныгъэм, Iэдэбагъым, лIыгъэ яхэлъым папщIэ адэ-анэхэми фIыщIэ къыхуащIащ. Апхуэдэ щытыкIэм щыхьэт тохъуэ командирхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек сымэ къабгъэдэкIа фIыщIэ тхылъхэр.

Ди адыгэ щIалэхэр зыхэт гупхэр лъэпкъ къызыхэкIакIэ зэщымыщщ, ауэ псори зэрыIыгъщ, зэдоIэпыкъуж. Ахэр зы къэралым и цIыхущ, Кавазым и къуэ пажэхэщ.

Къыхэгъэщыпхъэщи, зэкъуэшхэми къулыкъу къадезыхьэкI дэтхэнэми фIыщIэ хуащI Кавказ Ищхъэрэм щыщ республикэхэм щыпсэухэм, унафэщIхэм зауэлIхэм ящхьэпэн мурадкIэ зыхуэныкъуэ Iэмэпсымэхэр, щыгъын хуабэхэр, шхыныгъуэ зэхуэмыдэхэр зэхуахьэсурэ зэрыхурагъашэм папщIэ. Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэм ди зауэлIхэр хуабжьу щогуфIыкI…

Зи лъым лыхъужьыгъэр хэлъ ди адыгэ щIалэхэр Тхьэшхуэм къихъумэ, узыншэу я унагъуэхэм яхигъэхьэж!

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: