Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Дзэ къулыкъущIэхэм, нэгъуэщI цIыху лIэужьыгъуэхэм, абыхэм я унагъуэхэм щыщхэм псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ защIэгъэкъуэным хуэгъэзауэ аргуэру лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2022 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-м и 1-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ 1.Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Дзэ къулыкъущIэхэм, нэгъуэщI цIыхухэм, абыхэм я унагъуэхэм щыщхэм псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ защIэгъэкъуэным хуэгъэзауэ аргурэру лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2022 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-м и 1-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн «в» пункт гуэдзэм и еплIанэ абзацым «мы Указым» псалъэхэм «апхуэдэу мы Указым и 2-нэ пунктым и япэ абзацым дэфтэркIэ (дэфтэрым и копиекIэ) зи хьэлъагъыр зыхуэдизыр щIэмыгъэбыда ныкъуэдыкъуагъэ (уIэгъэхэр, фэбжьхэр, контузиехэр) щагъуэтам и деж» псалъэхэр щIыгъужауэ. 2. Мы Указыр ялъоIэс Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Дзэ къулыкъущIэхэм, нэгъуэщI цIыхухэм, абыхэм я унагъуэхэм щыщхэм псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ зэщIагъэкъуэным хуэгъэзауэ аргуэру лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2022 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа Указым къару игъуэта иужь къыкъуэкIа хабзэ зэхущытыкIэхэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык къалэ 2024 гъэм фокIадэм и 13-м №78 -УГ
Поделиться:
Читать также:
10.09.2026 - 11:00 →
Хэхыгъуэ пIалъэм дызыхуэсакъыпхъэхэр
08.09.2026 - 13:00 →
Правительство Кабардино-Балкарской Республики постановление №121-ПП
08.09.2026 - 09:58 →
Гугъэр гъащIэм щыщщ
05.09.2026 - 09:01 →
Яухуэ, зэрагъэпэщыж, ирагъэфIакIуэ
| ||




