ЩIэныгъэлI цIэрыIуэм и щIыхькIэ

Налшык япэ модельнэ библиотекэм щекIуэкIащ советскэ, урысей щIэныгъэлI цIэрыIуэ, физик, математик, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и академик Энеев Тимур къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум хухаха зэIущIэ дахэ. Абы кърагъэблэгъат Урысейм машинэ зыщIхэм я зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Тхьэмокъуэ Анзор. Iуэхум хэта ныбжьыщIэхэм Анзор яжриIащ щIэныгъэлIым и гъащIэм, и лэжьыгъэм теухуа гъэщIэгъэун куэд. ЗэIущIэм щекIуэкIащ хьэршым ехьэлIа теплъэгъуэхэр сурэту щIынымкIэ дерсхэр, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым и студент Макеевэ Викторие къызэригъэпэщауэ.

ЗэIущIэм хэтхэр дихьэхыу еплъащ «ЩIым и гъунэм – зыплъыхьакIуэ» документальнэ фильмым.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: