ЩIыуэпсыр зыхэзыщIа сурэтыщI

Шишкин Иван Вятской губернием щыщ Елабуг къалэм сондэджэр унагъуэм къыщалъхуащ. И адэр илъэс зыбжанэкIэ щытащ къалэ унафщIу. Елабуг езым и мылъкукIэ псы зырикIуэ пхъэ бжьамий пхригъэшауэ, уеблэмэ къалэм и тхыдэм теухуа тхылъи къыдигъэкIауэ апхуэдэт. Абы и къуэр илъэс I2 щрикъум япэ Къэзан гимназием щIигъэтIысхьащ. АрщхьэкIэ, Шишкин Иван щIэныгъэм нэхърэ гъуазджэм нэхъ дихьэхырти, гимназием къыщIэкIыжащ, къулыкъущIэ хъуну хуэмейуэ жиIэри. 
Шишкиным и анэми хуигъэдахэртэкъым щIалэм и гур зыхуеIэр. Ауэ ныбжьыщIэм адэ-анэм зафIигъэпщкIурти, сурэт ищIырт, жэщым уэздыгъэ нэфкIэ пэрыст фIыуэ илъагъу Iуэхум. СурэтыщI Iэзэ хъуну зэрыхуейр нэхъри къыгурыIуащ зэгуэр я къалэм Москва къикIа сурэтыщIхэр къеблэгъа нэужь. Ахэр щIалэм къыхутепсэлъыхьащ сурэт щIынымкIэ Москва дэт еджапIэм. Шишкиным быдэу игу ирилъхьащ и хъуэпсапIэр IэщIыб имыщIыну. Арати, ерагъыу и адэм хуит зыкъригъэщIри, Москва кIуащ.
1852 гъэм Шишкин Иван Москва сурэт щIынымрэ IэрыкIгъэжымкIэ (ваяниемкIэ) еджапIэм щIэтIысхьэри, сурэтыщI-портретист Мокрицкий Аполлон и гупым хэсу еджащ. И япэ лэжьыгъэхэм щыщIэдзауэ Шишкиныр пылът щIыуэпсым зэрыхъукIэ гъунэгъу зэрызыхуищIынум, ар куууэ зэрызыхищIэнум. И сурэтхэр къацIыхуащ егъэджакIуэхэми къыдеджэхэми. Абыхэм зэдэарэзыуэ къыхагъэщырт Шишкин и псыежэххэм, мэзхэм, губгъуэхэм хуэдэ зыми имыщIауэ, ахэр зыгуэрым игъэщхьэхуэу, къару гуэр ящIлъу. Хьэкъыр зыт: щIалэм зэчиишхуэ иIэт.
1856 гъэм Шишкиныр сурэт щIынымкIэ Санкт-Петербург дэт Императорскэ академием щIэтIысхьащ, студент нэхъыфI дыдэхэм ящыщуи еджащ. Абы псом хуэмыдэу сэбэп къыхуэхъуащ гъэмахуэ дунейм и теплъэр ищIыну Валаам зэрыкIуар. ЩIыуэпсым и бзэр зэригъэщIауэ жыпIэ хъунущ абы щыгъуэ. Набдзэгубдзаплъэу зэпиплъыхьырт, еIусэрт, зыхищIэрт удзхэм, жыг пхъафэхэр, жыглыцхэр, псы щхьэфэр, уэсэпсыр. «Сосна на Валааме» этюдымкIэ абы къихьащ дыжьын медаль. 
1860 гъэм Шишкин академиер дыщэ медалкIэ къиухащ. ИтIанэ дунейр къызэхикIухьащ: Мюнхен, Цюрих, Женевэ. 1864 гъэм сурэтыщIыр Дюссельдорф Iэпхъуащ. Абы щелэжьащ «Вид в окрестностях Дюссельдорфа» сурэтым. А лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ, академик цIэр къыфIащащ.
1868 гъэм Шишкин унагъуэ ищIащ, щхьэгъусэ, адэ гумащIэ хъуащ. Ауэ 1874 гъэм сурэтыщIым и щхьэгъусэр дунейм ехыжащ. Гуауэм ар къезыгъэлар сурэтхэрщ. А зэманым ищIащ «Первый снег», «Дорога в сосновом лесу», «Сосновый бор», «Рожь» сурэт цIэрыIуэхэр. 1880 гъэм щхьэгъусэ къишэжа щхьэкIэ, зы илъэсщ зэрызэдэпсэуар - ари дунейм ехыжащ. Аргуэру сурэтыщIым и гуауэр щхьэщихащ щIыуэпсым. «Сосны, освещенные солнцем», «Дубы. Вечер», «Утро в сосновом лесу», «У берегов Финского залива» сурэтхэр къигъэщIащ.
1894 гъэм Шишкин Иван щригъаджэу щIедзэ сурэт щIынымкIэ академием. Ар щапхъэ яхуэхъуащ сурэтыщI ныбжьыщIэ куэдым. Езым а зэманым Серов Валентин щхьэкIэ жиIэрт сурэтыщI нэхъыфI дыдэу. 
1898 гъэм, сурэт ищIу пэрысу, ар дунейм ехыжащ.
 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: