Депутатхэм Iэ яIэт

Жэпуэгъуэм и 3-м КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ КъБР-м и Парламентым и пленарнэ зэхуэсыр. Ар теухуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр хэхыным. 

ЗэIущIэм хэтащ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым КъБР-м къыбгъэ­дэкIыу сенатору щыIэхэр, Къэрал Думэм и депутатхэр, КъБР-м и Прави­тельствэм, министерст­вэхэм, ведомствэхэм, Конституцэ Судым, Суд ­Нэхъыщхьэм, Арбитраж судым, хаб­зэхъумэ органхэм, щIыналъэхэм, ­КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм, Жылагъуэ па­латэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, дин ­зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр, политикэ партхэмрэ творческэ зэ­гу­хьэныгъэ­хэмрэ я лIыкIуэхэр, журналистхэр. 
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI ­Егоровэ Татьянэ зэIущIэр къызэIуихащ икIи зыхэплъэнур зы Iуэхугъуэ закъуэу зэрыщытыр къыхигъэщащ. КъБР-м и ­Конституцэм и 79-нэ статьям ипкъ иткIэ, КъБР-м и Iэтащхьэр КъБР-м и Парла­ментым и депутатхэм илъэситхукIэ хах. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2024 гъэм ­фокIадэм и 3-м Урысей Федерацэм и ­Пре­зидент Путин Владимир 2021 гъэм ­дыгъэгъазэм и 21-м къыдэкIа «Урысей Федерацэм и субъектхэм я къэрал властым и лIыкIуэ (законхэр къыдэ­зыгъэкI), гъэзэщIакIуэ органхэр къызэгъэпэщынымкIэ псоми яхуэгъэза хабзэхэм ятеухуауэ» Федеральнэ законым и 23-нэ статьям и 8-нэ Iыхьэм къызэригъэувым тету, къигъэ­лъэгъуащ КъБР-м и Iэтащхьэу щытыну зыхуигъэ­фащэ цIыхуищым я унэцIэхэр. Ахэр: Войтов Алексей Иван и къуэ - «Илар» ООО-м и унафэщIыр, КъБР-м и Парламентым и ­депутатыр; КIуэкIуэ Казбек Валерий и ­къуэр - КъБР-м и Iэтащхьэр; Шаваев Ильяс Паго и къуэр - КъБР-м щIыуэпс ­хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и ­министрыр.
Республикэм и Iэтащхьэ хъуну къагъэлъэгъуа къулыкъущIэхэм зэман ­хухахри, щхьэж и программэр убгъуауэ къы­зэхуэсахэм я пащхьэ кърахьащ. Войтовым и къэпсэлъэныгъэр теухуауэ щытащ нобэ республикэм къы­пэ­щылъ къалэнхэр зыхуей хуэзэу зэфIэха хъун папщIэ, депутатхэм я пщэм къалэн куэд къызэрыдэ­хуэм, хьэрычэтыщIэ Iуэху мащIэмрэ курытымрэ ират къэрал дэ­Iэпыкъуныгъэр зэ­пыбгъэу зэрымы­хъунум, коммунистхэм нэхъапэу къалъытэ  Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм, нэ­гъуэщIхэми. Шаваев Ильяс и программэм щы­зэпкърихащ республикэм и зыу­жьы-ныгъэр къэзышэну къилъытэ Iуэху­гъуэ зыбжанэ. 
КIуэкIуэ Казбек утыку кърихьащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм 2030 гъэ пщIондэ зэрызиужьыну хэкIы­пIэ­хэмрэ 2036 гъэ пщIондэ щIапхъэхэмрэ. Ап­хуэ­дэуи депутатхэм фIыщIэ ща­хуи­щIым жиIащ ахэр хэзыха цIыхубэми зэ­ры­хуэ­арэзыр, хэхыныгъэхэр ще­кIуэ­кIым цIыху мин 400-м Iэ яIэтыну къы­зэ­рыдэкIар, абы­хэм ящыщу мин 264-р «Уры­сей зэкъуэтым» и телъхьэу зэры­щы­тар. Нобэ къыхукъуэкIа Iэмалыр Iэта­щхьэм къелъытэ блэкIа илъэсхэм илэжьам къыпэ­кIуауэ, икIи жэуаплыныгъэ ин зэрыпылъыр зэрызыхищIэр жи­Iащ. 

- ДяпэкIэ дызэлэжьын хуейуэ сэ зи гугъу сщIынухэм лъабжьэ яхуэхъур УФ-м и Президентым Накъыгъэ Унафэхэм къыщигъэлъэгъуахэрщ, ди лъахэм щыпсэухэм я гурыгъу-гуры­щIэ­хэрщ. Дызыхуейхэр зэдгъэхъу­лIэн папщIэ сэбэп къытхуэхъунущ лъэпкъ проектхэр, социально-экономикэ зыужьыныгъэр, бюджет зэгъэзэхуар, - жиIащ КIуэкIуэм. - Фэ фызэрыщыгъуа­зэщи, республикэм псори зэхэту къыщалэжьым и бжыгъэр тIукIэ нэхъыбэ хъуащ, сом меларди 10 и уасэ диIауэ арати, мелард 20-м нэсащ, щIыналъэм ику иту щат улахуэр хуэдэ 1,7-кIэ хэхъуащ (сом 25776-у щытамэ, сом 45337-рэ хъуащ), къулейсызхэм я бжыгъэр процент 40-кIэ къехащ, процент 14 нэхъ мащIэ хъуащ ­лэ­жьапIэншэхэм я бжыгъэри. ­Экономикэм зэрызиужьымрэ бюд­жетым хэхъуэ зэриIэмрэ я фIыгъэкIэ псэукIэм ехьэлIа Iуэху куэдрэ къэрал мыхьэнэ зиIэ къалэнхэмрэ зэфIыдогъэкIыф. Ар нэхъри егъэфIэкIуэныр псом япэ игъэщыпхъэхэм ящыщщ. 

Дэтхэнэ зыми фIыуэ къыдгуроIуэ псом нэхърэ нэхъыщхьэу нобэ ди пщэ дэлъ къалэныр дзэ Iуэху хэхам къытхуигъэувхэр зэфIэгъэ­кIыныр зэрыарар. Абы дызы­хуишэнур Урысейм и шынагъуэншагъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ хъумэнырщ. Абы къыхэкIыу сыт и лъэныкъуэкIи защIэдгъэкъуэн ­хуейщ дзэ Iуэху хэхам хэт ди щIалэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ. 
Нобэ мы утыкум ситу иджыри зэ фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ ди лIыхъужьхэм, хахуагъэ яхэлъу, я псэ емыблэжу Хэкур зэрахъу­мэм папщIэ. Апхуэдэуи ТекIуэныгъэр нэхъ гъунэгъу къытхуэхъун папщIэ зи гуащIэ мащIэ хэзылъ­хьэ дэтхэнэ цIыхуми фIыщIэ хузощI. 
Пэжщ, зэи Iэпэдэгъэлэл тщIы хъунукъым къалъхухэм я бжыгъэр хэгъэхъуэныр, цIыхухэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэныр, уна­гъуэхэм защIэгъэкъуэныр. Ди гуапэ зэрыхъущи, иужьрей илъэс­хэм хэхъуэ диIэщ, сабийхэр нэхъыбэ мэхъу, лIэхэм я бжыгъэм хощI, нэхъыбэрэ псэухэр ма­щIэкъым. Ауэ абы емылъытауэ, зи гугъу сщIы лъэныкъуэм иджыри делэжьын хуейщ, 2030 гъэм ирихьэлIэу илъэс 80-м ­щIигъукIэ псэухэм я бжыгъэр ­хэдгъэхъуапхъэщ. 
Абы папщIэ узыншагъэр зы­хъумэ IэнатIэм зедгъэужьын ­хуейщ Iэмал имыIэу. Сымаджэщ куэд зыхуей хуэдгъэзэжащ, поликлиникэхэр, амбулаторэхэр, ФАП-хэр доухуэ. Илъэситхум ­къриубыдэу технологие лъагэ­хэм­кIэ зэрыла­жьэ Iэмэпсымэу зы минрэ ны­къуэрэ къэтщэхуащ. Сэ сыхуейщ 2030 гъэ пщIондэ узыншагъэм щыкIэлъыплъ, щрагъэфIакIуэ Iуэху­щIапIэу 90-м нэс едгъэ­фIэкIуэну, ахэр IэщIагъэлI­хэмкIэ къызэдгъэпэщыну. 
Спортым и гугъу пщIымэ, федеральнэ проектхэм къадэкIуэу, етIанэгъэ щыщIэдзауэ республикэ бюджетым къыхэкIыу спорт IуэхущIапIэ зыбжанэ духуэну ди мурадщ. Дэтхэнэ зы къуажэми дэтын хуейщ иджырей мардэхэмкIэ щIа спорт унэхэмрэ утыку­хэмрэ. 
2021 гъэ лъандэрэ бюджет IэнатIэм пэрытхэм я улахуэр хуэмурэ хыдогъахъуэ. ЦIыхухэм я ­хэхъуэри зэрыдэкIуейр нэры­лъагъущ. Ди мурадщ адэкIи а Iуэху­хэр едгъэфIэкIуэну, 2030 гъэм ирихьэлIэу хуэмыщIахэм я бжыгъэр проценти 7-м нэс къедгъэ­хыну. 
Егъэджэныгъэ IэнатIэр пэрыту зызыужьхэм ящыщщ. 2018 гъэ лъандэрэ школ 15 духуащ, иджыпсту 10 яухуэ. Егъэджэныгъэ IуэхущIапIэу пщIы бжыгъэхэр зэдгъэпэщыжащ, ныбжьыщIэ ­зэчиифIэхэм гъуэгу еттын пап-щIэ «Точка роста» зыужьыныгъэ ­утыкухэр, «Кванториум» технопаркхэр къызэIудох, «профес­сионалитет» проектым зыдогъэ­убгъу. Абы къищынэмыщIауэ, егъэ­джакIуэм и Iулыджыр едгъэфIэкIуэн мурадкIэ, я улахуэм ­хыдогъахъуэ, ауэ ари зэпэщауэ щыткъым, дяпэкIи дегугъун ­хуейщ. 
ЩIалэгъуалэм яхуэгъэзауэ едгъэкIуэкI лэжьыгъэм фIыуэ кърикIуэнкIэ хъуну псори зэры­зэд­гъэхъулIэным иужь дитщ. Къы­дэкIуэтей щIэблэм я зэхэ­щIы­кIым зиужьын, зыхуейр ящIэжу къэхъун папщIэ, абыхэм я зэхуэсыпIэхэр, еджапIэхэр къы­зэ­Iудох, центр щхьэхуэхэр къы­зыдогъэпэщ, дызыхуэкIуэ илъэситIым щIыналъитхум иджыри лэжьэн щыщIадзэнущ апхуэдэ ­центрхэм. ЕтIанэгъэ щIалэгъуалэ лагерь къызэдгъэпэщыну ди ­мурадщ. 
КъызэрымыкIуэу ахъшэшхуэ хухэтхащ щэнхабзэм. Лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ къытIэ­ры­хьа ахъшэр тедгъэкIуэдащ театрхэм, музейхэм, библиотекэхэм, ЩэнхабзэмкIэ унэхэр зыхуей-зыхуэфIкIэ къызэдгъэпэщы­ным, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я улахуэр хэгъэхъуэным. Иужьрей илъэситхум щэнхабзэм епха IуэхущIапIэу 80 зэдгъэпэщыжащ е щIэуэ духуащ. 
«ПсэукIэр езыгъэфIакIуэ тын­шыпIэхэр» лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ псэупIэ ухуэнри, къат куэду зэтет унэхэм я гъунэгъуу тыншыпIэхэр къыщызэгъэпэ­щын­ри нэрылъагъуу ефIэкIуэнущ. Апхуэдэуи газрэ псырэ зды­нэмыса щIыпIэхэм нэдгъэсыну ди мурадщ зэман гъунэгъум. ПсэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм къыщытпэщылъ гугъуехьхэри ­солъагъу, абыхэм я хэкIыпIэхэри зэман гъунэгъум къэдгъуэтынущ. Гъуэгум и гугъу пщIымэ, илъэситхум къриубыдэу авто­машинэ гъуэгуу километр 1000 зэдгъэпэщыжащ, дяпэкIи иджы­рей мардэм изагъэ гъуэгущIэ-хэр тетлъхьэнущ, къыщыбжы­хьы­ныр шынагъуэншэу щытын папщIэ. 
Зи гугъу сщIы псори къыдэ­хъулIэн щхьэкIэ, экономикэм и зыужьыныгъэрщ псом япэ игъэ­щыпхъэр. 2030 гъэ пщIондэ щIыналъэм къыщалэжьыр сом ­мелард 700 и уасэ тщIыну ды­хуейщ. Апхуэдэ мурадхэр зэд­гъэхъулIэн папщIэ ерыскъы, хьэпшып къыщIэзыгъэкIхэр технологие лъагэхэмкIэ къызэгъэ­пэщын хуейщ, ар къыщыдэ­хъулIэнур инвестицэхэр куэду къыхедгъалъхьэмэщ. Президентым зэрыжиIам тету, 2030 гъэ пщIондэ мэкъумэш IэнатIэм къыщыдлэжьыр процент 25-кIэ хэдгъэхъуэн хуейщ 2021 гъэм елъытауэ. Сэ быдэу си фIэщ ­мэхъу ар зэрытхузэфIэкIынур, уеблэмэ а пIалъэр къэмысу зырэ ныкъуэкIэ тхуэгъэбэгъуэнущ къыщIэдгъэкIыр. 
Апхуэдэщ туризм IэнатIэри. 2030 гъэр къэсыху ди лъахэм ­зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэр мелуани 2,5-м нэдгъэсыну ди мурадщ, абы къыпэ­кIуэну ахъшэр ВРП-м и проценти 8 хъунущ. ДяпэкIэ «Iуащхьэмахуэ» курортым зедгъэужьынущ, иджыпсту «Налшыкым» нэхъ ­долIалIэ. 
Ныбжьэгъу лъапIэхэ! 
Мы зи гугъу сщIыхэр нэры­лъагъу хъун папщIэ, жылагъуэ-политикэ зэпIэзэрытыгъэ ди­Iэн хуейщ. Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэмрэ жылагъуэ зэгу­ры-­Iуэ­ныгъэмрэщ республикэм ма­мырыгъэр щызыхъумэнур. Си дежкIэ нэхъ лъапIэ дыдэр Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъ­хэмрэ Хэкумрэ сэбэпы­нагъ къахуэсхьу сылэжьэнращи, абы зэи сытекIынукъым. 
IэнатIэ лъагэр зыхуагъэлъэ­гъуахэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэр зэпкърахащ КъБР-м и Парламентым хэт фракцэхэм я тхьэмадэхэм. ЗэIущIэм къыщыпсэ­лъа АфэщIагъуэ Михаил («Урысей зэкъуэт»), Пащты Борис (КПРФ), Кебеков Владимр («Захуагъэм тет Урысей»), Безгодькэ Владимир (ЛДПР), Щхьэгъэпсэу Сэфарбий («ЩхъуантIэхэр) сымэ жаIащ республикэм и Iуэхухэр дэзыгъэкIыну цIыхухэр къэгъэ­лъэгъуа зэрыхъуар. Ауэ къэп­сэлъахэм я нэхъыбэр КIуэкIуэ Казбек и телъхьэу зэрыщытыр къыхагъэщащ. 
КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщIым зэрыжиIам тету, депу­татхэр щIэкIри, хэхыпIэхэм Iэ щаIэтащ. 
КъБР-м и Парламентым ­КъБР-м и Iэтащхьэр хэхыным теу­хуауэ къызэригъэпэща зэIущIэр щIи­дзэжри, щэхуу екIуэкIа IэIэтым кърикIуахэр Къэзыбж комиссэм и тхьэмадэ ТекIушэ Артур утыку кърихьащ. КъБР-м и Парламентым и депутатхэр 70 зэрыхъур, абыхэм ящыщу 69-рэ нобэ къы­зэрырихьэлIар, апхуэдиз дыдэ бюллетень зэрагъэ­хьэзырар жи­Iащ къэпсалъэм. 
Депутатхэм Iэ яIэта нэужь, бжыгъэхэр къалъытэжри, наIуэ къащIащ: Войтов Алексейрэ Шаваев Ильясрэ щхьэкIэ зыми Iэ иIэтакъым, КIуэкIуэ Казбек а IэнатIэр хуэфащэу къалъытащ ­депутат 69-м.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ, депутат псори зэдэарэзыуэ КъБР-м и Iэтащхьэу иджыри илъэситхукIэ лэ­жьэну хахыжащ КIуэкIуэ Казбек. 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: